Туристхэр зыщIэсын унэхэр яухуэ

Туристхэр къыщызэтеувыIэн хуэдэу, зэпкърыплъхьэ-зэпкърыпхыж, нэгъуэщI щIыпIэхэм бгъэIэпхъуэ хъууэ унэхэм (модульнэ) хуэдэхэр ухуэным сом мелуан 370-рэ Къэбэрдей-Балъкъэрым тригъэкIуэдащ. Апхуэдэ ухуэныгъэхэм яужь щIихьар ди къэралым и цIыхухэм я мызакъуэу, хамэ хэкухэми къикIыу ди республикэм къакIуэхэм я бжыгъэр илъэс къэс нэхъыбэ зэрыхъурщ.

Псалъэм папщIэ, 2024 гъэм и щIышылэ - шыщхьэуIу мазэхэм къриубыдэу ди деж щыIа туристхэм я бжыгъэр процент 20-кIэ нэхъыбэ хъуащ, нэгъабэ и апхуэдэ пIалъэм ягъэхьэщIахэм елъытауэ.

«Туризмэмрэ хьэщIагъэм пыщIа Iуэхугъуэхэмрэ» лъэпкъ пэхуэщIэм ипкъ иткIэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым Курортхэмрэ туризмэмкIэ и министерствэм зэгурыIуэныгъэ 21-рэ ярищIылIащ зэхьэзэхуэм хэта, абы щытекIуа IуэхущIапIэхэм, республикэ бюджетым къыхэкIа субсидие ахъшэмкIэ апхуэдэ унэхэр къэщэхунымрэ ди деж ахэр щыгъэувынымрэ теухуауэ. Ди щIыналъэр илъэситI хъуауэ мы пэхуэщIэм хэтщ, а пIалъэм къриубыдэуи, апхуэдэ пэхуэщIэу 100-м нэблагъэ къэралым щагъэзэщIащ.

Псом нэхърэ нэхъыбэу модульнэ унэхэр щагъэувыр «Iуащхьэмахуэ» курортырщ, абы иужькIэ щIэупщIэ нэхъ щызиIэхэр Шэджэм аузымрэ Гуэл щхъуантIэхэмрэщ.

ХЬЭЩЫКЪУЕЙ Олег.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

04.09.2026 - 09:15

Гурэ псэкIэ Хэкум хуэпэжхэр

Хабзэ зэрыхъуауэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым и Къэралыгъуэм и махуэр щагъэлъапIэ фокIадэм и 1-м ирихьэлIэу, жылагъуэ гъащIэм зи гуащIэр езы­хьэлIэ республикэм и лэжьакIуэхэм дамыгъэ лъапIэхэр хуагъэфэщащ

04.09.2026 - 09:13

Лъэпкъ зэмылIэужьыгъуэ 30-м щIигъу щоджэ

Дерс щхьэхуэхэр куууэ щадж ку­рыт школ № 6-м, къызыхуэтыншэу зэ­рагъэпэщыжа нэужь, Налшык и бжэхэр къыщызэIуихыжащ КъБР-м и Къэралыгъуэм и махуэмрэ ЩIэ­ныгъэм и махуэмрэ ирихьэлIэу. 

04.09.2026 - 09:08

ЩIэныгъэм и гъуэгу нэхур

Республикэм и махуэм дэщIыгъуу ­фокIадэм и 1-м ди щIыналъэм щагъэ­лъэпIащ ЩIэныгъэхэм я махуэри.

03.09.2026 - 14:20

Уафэмрэ щIылъэмрэ я зэхуакум

СурэтыщIхэм, тхакIуэхэм, макъамэтххэм, сурэттеххэм зэпымыууэ дигу къагъэкIыж хуэдэщ дыкъэзыухъуреихь дунейм дызэ­рыпыщIар.

03.09.2026 - 10:40

Лаурэ и IэрыкI хьэлэмэтхэр

КъБР-м и Лъэпкъ музейм япэу щагъэлъагъуэ Налшык ГъуазджэхэмкIэ и школымрэ КъБКъУ-м ДизайнымкIэ и колледжымрэ ще­зыгъаджэ Бекъул Лаурэ и IэдакъэщIэкIхэр.