Худэчых зыхэт къэрал дэIэпыкъуныгъэ

Урысей Федерацэм Мэкъумэш хозяйствэмкIэ и министерствэм мэкъумэшыщIэхэм худэчых хэлъу лизингкIэ ярит ахъшэм хуэдитIым нэблагъэкIэ яхухигъэхъуэнущ 2025 гъэм. Ар щыжиIащ министр Лут Оксанэ «Зыуэ щыт Урысей»-м Къэрал программэхэмкIэ и комиссэм и зэIущIэм.

«Мы гъэм елъытауэ илъэс дызыхуэкIуэм сом мелуан 600-кIэ нэхъыбэ а Iуэхугъуэм ди бюджетым щыхухэтхащ. УФ-м Промышленностымрэ сатумкIэ и министерствэмрэ дэрэ дызэгъусэу хэкIыпIэхэр къыдолъыхъуэ иджыпсту, лизинг дэIэпыкъуныгъэр сом меларди 4,5-кIэ нэхъыбэ иджыри зэрытщIыным ехьэлIауэ», - жиIащ УФ-м мэкъумэш хозяйствэмкIэ и министр Лут Оксанэ.

Апхуэдэу абы къыхигъэщащ, УФ-м Мэкъумэш хозяйствэмкIэ и министерствэм и къэрал программэхэр гъэзэщIа хъун папщIэ, етIуанэ еджэгъуэм халъхьэжа дэщIыгъужынхэри хэту, 2025 гъэм сом мелард 521,4-рэ, 2026 гъэм - сом мелард 539,6-рэ, 2027 гъэм – сом мелард 551,6-рэ бюджетым къызэрыщыгъэлъэгъуар.

Ди республикэм игугъу тщIыуэ щытмэ, дызэрыт илъэсым зэрыщIидзэрэ ди мэкъумэшыщIэхэм мэкъумэш техникэ зэхуэмыдэу 125-рэ къащэхуащ. Мыбдежми жыджэру лизингыр абыхэм гъэсэбэпащ. Мы гъэм къащэхуа техникэм щыщу 45-р апхуэдэ IэмалкIэ зрагъэхъулIащ, 25-р - «Росагролизинг»-м деж къыщащтащ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

10.09.2026 - 09:19

Щапхъэу щIэблэхэм къахуэнэнущ МэшбащIэр

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек хэтащ Адыгэ Республикэм и къалащхьэ Мей­къуапэ щызэхаша, тхакIуэ цIэрыIуэу, жылагъуэ лэжьакIуэ емызэшу щыта, Урысей Федерацэм ЛэжьыгъэмкIэ и ЛIыхъужь МэшбащIэ Исхь

10.09.2026 - 09:14

Ди адэхэм я щIыналъэр

СурэтыщI гъуазджэхэмкIэ музейм Ткаченкэ Анд­рей и цIэр зезыхьэм, гъэ­лъэ­гъуэныгъэ телъы­джэ щокIуэкI.

09.09.2026 - 09:03

ЩIалэгъуалэм я упщIэхэм нэхъыжьхэм жэуап ират

Дзэлыкъуэ районым щекIуэкIащ эктремизмэмрэ терроризмэмрэ щIа­лэгъуалэр пэIэщIэ щIыным теу­хуа зэIущIэхэр.

08.09.2026 - 09:13

ЕрыскъыхэкIхэм я къалащхьэщ Налшык

Налшык къалэр, ЗэгурыIуэныгъэм и утыр, мы махуэхэм Урысейм и ерыскъыхэкIхэм я къалащхьэхэм ящыщ зы ­хъуащ.

08.09.2026 - 09:12

Гъагъэ, си республикэ!

Къэбэрдей-Балъкъэрым и Къэралыгъуэм и махуэр Театр щхъуантIэм щагъэлъэпIащ «Гъагъэ, си щIыналъэ!» гуфIэгъуэ концерт инымкIэ.