КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек яхуэзащ Налшык щрагъэжьа «Команда управления КБР. Проводники изменений» япэ модуль практикэ программэм хэтхэм.
Программэр илъэс етIуанэ хъуауэ «Эльбрус» университетым егъэзащIэ, хэгъэгу, щIыналъэ къулыкъущIапIэхэм я лIыкIуэхэу кадр къэпщытэныгъэхэмрэ зэпеуэхэмрэ хэтахэм папщIэ.
Республикэм и УнафэщIым зэхыхьэм хэтхэм защыхуигъазэм къыхигъэщащ IэщIагъэлIхэр нэхъ щхьэпэ щыхъуну IэнатIэхэр убзыхунымкIэ апхуэдэ семинархэр сэбэп зэрыхъур. «А Iуэхум адэкIи зэрызедгъэужьыным, нэхъыбэ къызэрызэщIедгъэубыдэ-ным жыджэру иужь дитынущ. ЦIыхубэм я Iуэху дэгъэкIыныр къалэн щызыхуэтщIыжкIэ, абы къытхуигъэув лэжьыгъэр нэсу гъэзэщIэнымкIэ къэралым, дуней псом къы-дит Iэмал псори къэгъэсэбэпыпхъэщ. Шэч къытесхьэркъым нобэрей зэхыхьэр, фи зэпыщIэныгъэхэр Къэбэрдей-Балъкъэрым и зэIузэпэщыгъэм папщIэ евгъэкIуэкI лэжьыгъэмкIэ щхьэпэ зэрыхъунум», - жиIащ КIуэкIуэ Казбек.
«Команда КБР» программэм и къалэныр къэрал, муниципальнэ къулыкъущIэхэм социально-ээкономикэ унэтIыныгъэ псомкIи я Iэзагъым, зэфIэкIым хэгъэхъуэнырщ, IэщIагъэлI нэсхэр гъэхьэзырынырщ.
Мы гъэм программэм хэтщ цIыху 60. Ахэр я лIыкIуэщ министерствэ 14-м, ведомстви 3-м, муниципалитети 8-м. Гупым ядолажьэ къэралым и IэщIагъэлI пажэхэр, методолог цIэрыIуэхэр, инновацэ проектхэм я унафэщIхэр. Абыхэм яхэтщ урысей инвестор, хьэрычэтыщIэ Орловский Виктор, апхуэдэу Урысей экспорт центрым и хэщIапIэу Санкт-Петербург щыIэм и унафэщI Миронов Андрей, нэгъуэщIхэри.
КъБР-м и Iэтащхьэр программэм хэтхэм ехъуэхъуащ ехъулIэныгъэ яIэну, апхуэдэуи еджэныгъэр езыгъэкIуэкI хьэщIэхэм фIыщIэ яхуищIащ Къэбэрдей-Балъкъэрым къазэрыхуеблэгъам папщIэ.