Лъэпкъыбэр - лъэщагъщ

КъБР-м лъэпкъ Iуэхухэмрэ жылагъуэ проектхэмкIэ и министр КIурашын Анзор иджыблагъэ хэтащ Москва щекIуэкIа «Урысейм и лъэпкъ­хэр» урысейпсо зэ­хыхьэм. Абы щытеп­сэ- ­лъы­хьащ лъэпкъ политикэм Урысейм зыщегъэужьы-ным.
 
ЗэIущIэм хэтащ къэрал, щIыналъэ, щIыпIэ IуэхущIапIэ­хэмрэ жылагъуэ зэгухьэныгъэхэмрэ я лIыкIуэхэр, щIэныгъэрылажьэхэр, къэпщы­та­кIуэ­хэр, хъыбарегъащIэ IуэхущIапIэм пыщIахэр. 
Япэ махуэм ахэр тепсэ­лъы­хьащ экстремизмыр щымы­Iэн, терроризмым пэщIэтын, нобэ дызыхэпсэукI зэман хьэ­лъэм цIыхухэр шынагъуэншэу заужьын папщIэ лэжьыпхъэм. Зауэ Iуэху хэхахэм хэт, «Пятнашка» лъэпкъыбэ гуп цIэрыIуэм и унафэщI Авидзбэ Ахрэ тепсэлъыхьащ лъэпкъ зэ­хуэмыдэхэм къыхэкIа щIа­лэ­хэм Iэщэр яIэщIэлъу, зэб­гъу­рыту хэкур зэрахъумэм. 
- Дэ псори дыурысей сэлэ­тущ зыкъызэрытщыхъужыр, абы лъэпкъ зэхэгъэж щыIэкъым. Урысей къэралыгъуэм дрицIыхущ икIи дрогушхуэ абы. Шэч хэмылъуи, дэращ текIуэнур! - жиIащ Авидзбэм.
ЗэIущIэм хэта къэпщытакIуэ гупыр тепсэлъыхьащ къэралым лъэпкъхэм зыщегъэу­жьы­ным хуаубзыхуауэ щыта жыпхъэм тету Iуэхур зэрыкIуа­тэм. 
УФ-м и Президентым и Администрацэм и УнафэщIым и къуэдзэ Магомедов Магомедсалам къеджащ УФ-м и Президентым зэIущIэм хэтахэм зэ­рызахуигъазэм. «…Къэралым и лъэпкъ политикэр гъэ­зэ­щIэным къулыкъущIэхэмрэ щIэныгъэлIхэмрэ щытепсэ­лъыхь зэIущIэм мыхьэнэшхуэ иIэщ», - къыхигъэщащ Путиным.
УФ-м и Правительствэм и Уна­­фэщIым и къуэдзэ Голиковэ Татьянэ къыхигъэщащ фIэ­щ­хъуныгъэ зэхуэмыдэм тету къэ­ралым щыпсэу лъэпкъхэр зэкъуэтыным, зэрыIыгъыным, зэныбжьэгъуным мыхьэнэуэ пылъыр. 
- Абы щыхьэт тохъуэ ирагъэкIуэкIа къэпщытэныгъэ­хэм кърикIуар. Ди къэралым и цIыхухэм я процент 94-м урысейуэ зыкъалъытэ. Апхуэдэу япэу къэхъуу аращ. НэхъапэIуэкIэ япэ ирагъэщыр езы цIыхур къызыхэкIа лъэпкърат. Иджы ди нэгу щIэкIыр тхыдэм япэ дыдэу узыщрихьэлIэ къэхъугъэщ. Абы кIэрымыхуныр, хэдгъэхъуэнырщ дяпэкIэ ди къалэн нэхъыщхьэр, - жиIащ Голиковэм. 
ФедерацэмкIэ Советым и Уна­фэщIым и къуэдзэ Косачев Константин гу лъитащ лъэпкъ­хэм я къэкIуэнур зыхуэ­дэнур Iэпхъуэшапхъуэхэм ятеухуауэ къэралым щызэфIах Iуэхухэм зэрелъытам. НобэкIэ Урысейр лъэпкъыбэу зэрызэ­хэсым ар къэрал телъыджэ зэрищIым. 
Дауи, апхуэдиз лъэпкъ щы­зы­хэпсэукI къэралым, абыхэм я зэхущытыкIэр къэзыгъэлъагъуэ хъыбарегъащIэ IэнатIэ­хэми куэд елъытащ. УФ-м Лъэпкъ IуэхухэмкIэ и къэрал IуэхущIапIэм и унафэщI Баринов Игорь зэрыжиIамкIэ, хъыбарегъащIэ IэнатIэхэм я лэ­жьэкIэм гулъытэ хэха хуэщIын хуейщ, сыту жыпIэмэ, лъэпкъ зэгурыIуэныгъэр гъэбыдэ­ным­кIэ абыхэм я псалъэрщ нэхъыбэр зэдаIуэр. 
- Ди зыужьыныгъэм зэран къы­хуэхъункIэ хъуну ныкъусаныгъэхэм и чэзум гу лъыттэу, ахэр лъэныкъуэ едгъэзыфу дыщытын хуейщ, - къыхигъэщащ Бариновым. 
Зи унафэщI министерствэм иригъэкIуэкI лэжьыгъэм папщIэ, Къэбэрдей-Балъкъэ­рым­ и лIыкIуэ КIурашын Анзор а зэIущIэм къыщратащ Лъэпкъ IуэхухэмкIэ къэрал Iуэху­щIапIэм и ЩIыхь тхылъ. 
«Диалог», «Диалог Регионы» щIэныгъэ онлайн-платформэхэм я унафэщI Табак Владимир жиIащ лъэпкъ зэгурымыIуэныгъэр къагъэ-  ­сэ­бэ­пурэ, ди жагъуэгъухэм псалъэмакъ къызэрытхалъ­хьэ­фынур, абы къэрал Iуэхур ­зэ­ры­зэтрихуфынур. Гу лъы­­тап­хъэщ лъэпкъ зэгуры­мы­Iуэныгъэм теухуауэ кърахьэкI хъыбар нэпцIхэр урысейхэм я процент 55-м зэралъэIэсам, икIи абы зэщIэхъееныгъэ къы­зэрырикIуам. Мыбдеж нэ­рылъагъущ апхуэдэ Iуэхугъуэ­хэм я пэжыпIэр зэхэгъэ­кIы­нымкIэ хъыбарегъащIэ IэнатIэхэм мыхьэнэуэ яIэр. 
ЗэIущIэм къекIуэлIахэм ира­гъэтхащ лъэпкъ Iуэрытх. Къи­щынэмыщIауэ, «Русская цивилизация» лъэпкъпсо сурэт зэпеуэм щытекIуахэр къа­гъэнэIуащ. 
ЕкIуэкIа зэIущIэм къыщап­сэлъамрэ щагъэзэщIа лэжьыгъэмрэ иджыри зэ уриплъэж­мэ, къыхэзгъэщыну сыхуейт дэтхэнэми зэфIиха Iуэхуш­хуэмрэ Къэбэрдей-Балъкъэрри абы жыджэру зэрыхэтамрэ. Псоми зы жьэу къыхагъэщащ лъэпкъ цIыкIухэм я щэнхабзэр, бзэр, тхыдэр хъумэ­ным гулъытэ хуэщIын, щIэблэр гъуэгу захуэ тегъэувэн зэрыхуейр. ЗэIущIэм хэтахэм шэч къызытрамыхьэр зыт - Урысейр лъэщ зыщIыр лъэп­къыбэу зэрыщытымрэ дызэ­рызэкъуэтымрэщ. Ди лъым хэтщ текIуэныгъэм хущIэкъу­ныр, къыддогъуэгурыкIуэ зэкъуэтыныгъэр. Ауэ щыхъукIэ, ди къэралым зегъэужьынри ди зэхуэдэ пщэрылъщ.

НЭРЫБГЕЙ  Анфисэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

06.12.2024 - 09:03

Лъэпкъ хъугъуэфIыгъуэр щызэхуэхьэса унэ

Сурэтым: (сэмэгумкIэ къыщыщIэдзауэ): Тау Замирэ, Аслъэныкъуэ Мадинэ, МэшлIокъуэ Саидэ, Уэзрокъуэ Чэрим, Ансыкъуэ Иринэ.

06.12.2024 - 09:03

ЩIыгулъ - ерыскъылъэ

Мы гъэм епщыкIузанэу ЩIыгулъым  и дунейпсо махуэр зыгъэлъапIэхэм ящыщщ Урысей Федерацэри. 

05.12.2024 - 15:02

НыбжьыщIэхэм я къэкIуэнум теухуауэ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек яхуэзащ «ЛIыхъужьхэм я щIэ­блэ» Iуэхум хэта ныбжьыщIэхэм.

05.12.2024 - 12:25

Сабийхэр ягъэгушхуэ

Ныкъуэдыкъуэхэм я дунейпсо махуэм трагъахуэу, дыгъэгъа­зэм и 3-м, сабийхэм пшыхь гу­къинэж щыхуащIащ Узыншагъэр щрагъэфIакIуэ «Лэгъупыкъу» центрым.

05.12.2024 - 09:06

Псори зэлъытар цIыхурщ

Дуней псом щыцIэрыIуэ бзэщIэныгъэлI, зи къэхутэныгъэхэр бзэхэр зэгъэпщэным лъабжьэ хуэхъуа Гумбольдт Вильгельм зэгуэр жиIэгъат: «Бзэм макъ пщыкIуий фIэкIа имыIэми, абыкIэ дунейм и теплъэр сурэту ищ