Тхыгъэр зи къалэмыпэ къыщIэкIа МэшхуэфI Нэждэт Тыркум къыщалъхуами, и гъащIэр зэрыщыту адэжь лъахэмрэ зыщыщ лъэпкъымрэ щхьэузыхь яхуищIащ. Ар ящыщщ зи Хэкур япэу зэзыгъэгъуэтыжахэм, къэкIуэжа нэужьи, хэкурысхэм пыщIэныгъэ быдэ ядэзыщIахэм. Лъэпкъым и хэку гупсысэр къызэщыгъэуныр гуращэу нэхъыщхьэу иIэщ Нэждэт. Абы хуэгъэзауи лэжьыгъэ щхьэпэ куэди ирегъэкIуэкI. Фи пащхьэ итлъхьэ тхыгъэри жылагъуэ лэжьакIуэ емышыжым и гуащIэдэкIым щыщ зы Iыхьэщ – ар зытриухуа адыгэ бзылъхугъэ цIыкIур щIыпIэ куэдым къыщацIыху, ауэ къызыхэкIа лъэпкъым абы теухуауэ ищIэр мащIэ дыдэщ. А щыщIэныгъэр нэхъыжьыфIым зэригъэзэкIуэж тхыгъэщ мыр. Тхыгъэр зэрытха жанрыр зыгуэрым теубыдэгъуейми, адыгэ уэршэрыкIэм хэлъ нэщэнэхэр къызэрыхэщыр нэрылъагъущи, щIэджыкIакIуэм гъэщIэгъуэн къыщыхъуну къытфIощI.
– Зи гугъу сщIыну тхакIуэ ныбжьыщIэм и цIэр зэхэвмыхагъэнкIи хъунущ. ЩIалэ дыдэми, куэд хузэфIэкIащ. Си щхьэкIэ си фIэщ мэхъу абы нэхъыбэ зэрыхузэфIэкIынури. Ар Джэтауэхэ ящыщщ, и цIэр Гунайщ. Тыркум I98I гъэм къыщалъхуащ, и адэ-анэм я гъусэу I994 гъэм Хэкум къэкIуэжри, Мейкъуапэ илъэс зыбжанэкIэ щыпсэуащ, аращ курыт еджапIэр къыщиухари. Гунай адыгэбзэми щыгъуазэщ, урысыбзэми фIы дыдэу иропсалъэ. Курыт еджапIэр къыщиухым, Адыгэ къэрал университетым филологиемкIэ и къудамэм щIэтIысхьэри щеджащ, 2004 гъэм ар фIы дыдэуи къиухащ. Лэжьыгъэ IуэхукIэ Тыркум щыкIуэм, абы щыщ адыгэ щIалэ нэIуасэ къыхуэхъуащ, унагъуи зэдащIри, Налмэс зыфIаща хъыджэбз цIыкIур зэдагъуэтауэ хъарзынэу мэпсэу. Мы далэм Тыркум радио, телевиденэ нэтынхэр щагъэхьэзыр къэрал IуэхущIапIэм урысыбзэмкIэ зэдзэкIакIуэу щолажьэ.
Джэтауэ Гунай илъэс I2 къудейщ и адэжьхэм я лъахэм зэрыщыпсэуар. Ар куэд дыдэ хъуркъым. Ауэ урысыбзэр фIы дыдэу зэригъэщIащ, зэдзэкIакIуэ лъэщ хъуащ. ТыркубзэкIэ япэ дыдэу зэридзэкIа тхыгъэр, Пушкин Александр «Капитаным ипхъу» зыфIищар, 2007 гъэм къыдэкIащ. Абы къыкIэлъыкIуащ тхылъ тIощIым щIигъу, зэридзэкIхэр зым нэхърэ зыр нэхъ цIэрыIуэу. Псори къезбжэкIынщ, жысIэмэ, схуэмыгъэкъаруункIи хъунщ, ауэ зыгуэр тIэкIухэр къыхэстхыкIащи, сыкъыфхуеджэнщ. ТIэкIу фыкъыдэкIуэтеймэ, а тхыгъэхэм фэри езыхэр феджэнущ. Мис Гунай зэридзэкIахэр: Гоголь Николай и «ЩымыIэжхэм я псэхэр», Тургенев Иван и «Адэхэмрэ къуэхэмрэ», Толстой Лев и «Хьэжмуратыр», Чехов Антон и Iуэтэж зэужьыр, Платонов Андрей и «Жаныр», Алексиевич Светланэ «Зауэр цIыхубз нэгукъым», нэгъуэщI куэди.
Зы цIыхум хузэфIэкIынум и щапхъэщ Гунай и гуащIэдэкIыр. Гунай и иужьрей зэдзэкIыгъэр 2020 гъэм дунейм къытехьащ. Толстой Лев и тхылъымрэ дин лэжьакIуэ Сергий и «ШейтIан» романымрэ. Гунай илъэс I2 къудейщ Мейкъуапэ зэрыдэсар. А илъэс бжыгъэм къриубыдэу зэи зэхимыха бзэр зригъэщIащ, хуеджащ. Абы къыкIэлъыкIуа илъэс I3-м къриубыдэу Гунай тхылъ 20 зэридзэкIын лъэкIащ. Дуней псом къыщацIыху урыс тхакIуэшхуэм, зи бзэрэ зи гупсысэкIэ лъэрызехьэу къалъытэхэм я тхылъ 20 тыркубзэм ирилъхьащ. Апхуэдизу псынщIэу зэридзэкI тхылъхэм я бзэр сыт хуэдэу пIэрэ, жригъэIэу гурыщхъуэ зыщIыни къыхэкIынщ. Абы и жэуапщ Джэтауэм и зэдзэкIыгъэхэм щыгъуазэ захуэзыщI, тыркубзэмкIэ IэщIагъэлI ехьэжахэм къыхуащI пщIэмрэ Iулыджымрэ. Егъэлеяуэ лъагэу яIэт, уасэшхуэ къыхуащI. Ар плъэгъуа нэужь, гурыщхъуэ зэрыпщIам утемыукIытыхьыжынкIэ Iэмал имыIэу щытыкIэ уоувэ.
Платонов Андрей и тхылъитху зэридзэкIащ Гунай. Ахэр къыщыдэкIащ «Тхылъ дуней» жаIэу Тыркум ит тхылъ тедзапIэ нэхъ ин дыдэм. А IуэхущIапIэм Гунай и зэдзэкIыгъэхэм япэ увыпIэр къахуегъэфащэ, фIагъкIи къакIэлъыщIыхьэ куэд зэрыщымыIэри къыхегъэщ. Иджы Платоновым и цIэр къыщраIуэкIэ, Джэтауэр япэу ягу къокI, зэзыдзэкIар адыгэ бзылъхугъэрамэ, уеджэ хъунущ, жаIэу. 2020 гъэм Тыркум и зэдзэкIакIуэ нэхъ ин дыдэхэм ящыщ Халман Талат Саит и цIэкIэ зэхаша зэхьэзэхуэми Гунай и цIэр къыщраIуащ. Дин лэжьакIуэ Сергий и «ШейтIан» романыр бжьыгъуэ зэфIэхьым нэса тхылъиплIым ящыщщ.
Куэдрэ пщIэм уриIэзэщ, жаIэ адыгэхэм. Гунай зэдзэкIакIуэ Iэзэ дыдэ хъуащ. Абы шэч хэлъкъым. Ауэ зыгуэрым куэдрэ уелIалIэмэ, ущезэш къэхъуркъэ?! Гунай апхуэдэ зэшыгъуэ щихуэкIэ, Iуэтэжхэр етх. Апхуэдэ тхыгъипщI зэрыт тхылъ 2022 гъэм «Метис» тхылъ тедзапIэм къыщыдэкIащ. Гунай тхылъым хуищIа фIэщыгъэр еджэхэми, литературэхутэхэми, критикхэми яфIэгъэщIэгъуэнщ. КъиIэта Iуэхугъуэхэр къизэриIуатэ щIыкIэр щIыIубнэфым ятIэр зэритхъум хуагъадэ. Тхылъым теухуауэ псэлъэгъу къыхуэхъухэми аращ къызэрырагъажьэр: щIыIубнэфым и гъуэгухэр... Джэтауэм и лэжьэкIэр щIыIубнэфым ятIэр зэритхъум иригъэпщауэ аращ – къихых псалъэр къиIуатэ гупсысэм зэрыдекIуным хущIэкъуу апхуэдэщ. Зи гугъу сщIы тхылъыр Анталие къалэм щекIуэкIа литературэ зэхьэзэхуэм хэтащ, япэ увыпIэри къыщыхуагъэфэщащ. ЦIыху куэд къызэрыщIэупщIэм къыхэкIыу, макъ щIэту ар дыдэр 2024 гъэм иджыри зэ къыдэкIыжащ.
Гунай зэдзэкIын Iуэхухэм зэрыдихьэхам теухуауэ журналистхэм ящыщ зы къыщеупщIым мыращ жиIар: «ГъащIэм Iуэхугъуэ цIыкIухэмкIэ сыхуигъэхьэзыращ зэдзэкIакIуэ сызэрыхъуным . ХамэщI къикIыжа адыгэ куэд Мейкъуапэ щопсэу. Урысыбзэ зымыщIэ ди лъэпкъэгъухэм куэдрэ садэIэпыкъуну куэдрэ къысхуихуащ, зыхуэныкъуэ къэрал тхылъхэр зэздзэкIыу, лъэIу тхылъхэр яхуэзгъэхьэзыру. ЦIыхур къыщымыхъуа, зэи щымыпсэуа щIыпIэ къыщихутэм деж нэхъ хьэлъэ дыдэу къытегуплIэр зыщымыгъуазэ бзэращ. Бзэр зэбгъэщIэныр Iуащхьэшхуэр сапэкIэ зэхэбгъэщэщэным хуэдэщ. Бзэм и закъуэкъым, атIэ дуней тетыкIэри, Iуэху еплъыкIэхэри, гурыIуэкIэри абы къыдэкIуэу зэгъэщIэн хуей мэхъу. Ара си гугъэщ зэдзэкIыным гъунэгъуу сезышэлIари».
Бзэхэм ятеухуауэ къыщеупщIым, Джэтауэм жиIар мыращ: «Уи бын закъуэр фIыуэ плъагъукIэ зэфIэкIыркъым. Хэт и быни фIыуэ плъагъун хуейщ. Си адэм и ныбжьэгъухэм я гугъу къэсщIыну сыхуейт. Тыркубзэ ямыщIэу еджапIэм кIуахэр яхэтащ абыхэм. АдыгэбзэкIэ щызэпсалъэкIэ, къащIэгубжьэрт. Апхуэдэхэр адэ-анэхэми къахэкIырт, уеблэмэ унэми быныр я анэдэлъхубзэкIэ щамыгъэпсэлъэныр къыхэзыххэри щыIэт, щIэныгъэ ягъуэтынымкIэ ар пэрыуэгъу хъуну къафIэщIырти. Абы къытхуихьащ ди лъэпкъым щыщ куэдым бзэр ямыщIэныр. А щытыкIэм си лъэпкъыр изыгъэувам и гухэлъхэр къехъулIами ярейщ... Ауэ бзэхэм, щэнхабзэхэм захъумэжыныр я щэнщ. ЗэрыщыIэнум, зэрыпсэунум хущIокъу... Бзэ зыбжанэ пщIэным мыхъун гуэри хэслъагъуэркъым. Куэдрэ жаIэ зы гупсысэм сэри къытезгъэзэжынщ: сыт хуэдэ бзэри хъугъуэфIыгъуэщ, дунейр гупсысэкIэр зыгъэлъэщ лъапIэныгъэщ. Си фIэщ мэхъу Тыркур абы щызекIуэ бзэхэр зыхъумэ хэгъэгу зэрыхъунур. Хъуни хуейщ».
КъызыхэкIа лъэпкъымрэ Хэкумрэ ятеухуауэ Гунай жеIэ: «Хэкум фIыуэ сымылъэгъуауэ зы IэпапIэ иIэкъым, си цIыхугъэр химыгъэхъуауэ зы цIыху искъым. Сэ сыадыгэмэ, Хэкум къыщепщэ жьыми, къыщешх уэшхми, пщыхьэщхьэ уэршэрхэми, си анэ и дзапэ уэрэдхэми, и пшынэ макъми я фIыгъэщ. Зэрысхъуэжын щыIэкъым. ЩIэныгъэ къызэзытахэм я гугъу сщIынут. Дезыгъэджахэм я зэхэщIыкI-гупсысэкIэр хышхуэм хуэдэт, и лъащIэр умылъагъуу. Литературэр фIыуэ слъагъун щхьэкIэ куэд дыдэ къысхалъхьащ. Хуиту гупсысэ, нахуэу псалъэ цIыхухэм ящыщт ахэр. Нобэ зыхуэдэр сщIэркъым, ауэ ар дунейм щызекIуэу зы дуней щхьэхуэт...».
Дамэ зытетыр мэлъатэ. Ди лъэпкъыр щIы хъурейм тепхъа хъуащи, зэбгрыдзауэ мэпсэу. ДымыщIэу щыIэр зы Iуэхут, тщIэн зэрыхуейр пщэрылъ зыщыщIыжыныр аращ Iуэхушхуэр. ДиIэр тлъытэныр ди хьэкъщ. Апхуэдэщ Джэтауэ Гунаи. ДэнэкIи щыпсэу адыгэр фызэрыгъуэтыж. Зэрыгъуэтыжахэр фызэфIэмыкIуэдыж. Дызэрикъухьам и тхьэмыщкIагъэри лъэпкъым къарууэ къэфщтэж.
Къэбэрдей адыгэбзэм хуэзыгъэкIуар ТАБЫЩ Муратщ.