Бахъсэн щIыналъэм и къуажэ нэхъ къабзэ дыдэр Бахъсэнёнок жылэрщ.

ЩIыналъэ администрацэм щызэхалъхьэжащ Бахъсэн районым хыхьэ жылэхэр гъэкъэбзэным, зэIузэпэщ щIыным, щхъуантIагъэхэр щыхэсэным хуэунэтIауэ ирагъэкIуэкIа мазитI лэжьыгъэм кърикIуахэр. Щэбэт щIыхьэхухэм къриубыдэу ягъэсеящ къуажэхэм щыIэ пхъэнкIий идзыпIэхэр, щIыпIэ куэдым жыгхэр, чыцэхэр щыхасащ, гъуэгубгъу Iуфэхэр ягъэкъэбзащ, фэеплъхэр зыхуей хуагъэзащ, кIэрыхубжьэрыхухэр щрадзыну хуит щамыщI щIыпIэхэм щракIутахэр Iуашащ.
МазитI лэжьыгъэм кърикIуахэм зэхуеплъыжри, Iуэху нэхъыбэ щызэфIагъэкIа къуажэхэр къагъэнэIуащ. Япэ увыпIэр иратащ щекIуэкI лэжьыгъэмкIэ илъэситI хъуауэ бжьыпэр зыIыгъ Бахъсэнёнок къуажэм. ЕтIуанэ увыпIэр Куба, ещанэр Жанхъуэтекъуэ жылэхэм хуагъэфэщащ.
А Iуэхум хузэхаша гуфIэгъуэ зэIущIэм Бахъсэн щIыналъэм и администрацэм и унафэщI Балъкъыз Артур саугъэтхэр щаритыжащ зэпеуэм щытекIуахэм. Япэ увыпIэр къэзыхьа Бахъсэнёнок сом мини 100-кIэ, Куба сом мин 60-кIэ, Жанхъуэтекъуэм сом мин 40-кIэ яхуэупсащ.
Балъкъызым къыхигъэщащ къуажэхэм я къабзагъыр зыхуэдэнур абыхэм щыпсэу цIыхухэм куэдкIэ зэрелъытар, ахэр щIыуэпсым хуэсакъыным мыхьэнэшхуэ зэриIэр. «Щысабийм деж щегъэжьауэ цIыхур хуэущиин хуейщ дыкъэзыухъуреихь дунейм хуэсакъыу, ихъумэу щытыным», - къыхигъэщащ Балъкъыз Артур.
Бахъсэн щIыналъэ администрацэм и пресс-IуэхущIапIэм и унафэщI ЧЫЛАР Аринэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

13.10.2026 - 12:25

Дызэрызэмыщхьырщ къарууфIэ дызыщIыр

«Лъэпкъыр зэрыгушхуэ - 2026» VII урысейпсо саугъэтыр зыхуагъэфэщахэр щагъэлъэпIэнум ирихьэлIэу, КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ яхуэзащ «Урысейм и лъэпкъхэм я ассамблее» урысейпсо жы

12.10.2026 - 09:13

Iуэху зехьэкIэ пэрытхэмкIэ зэдэгуэшащ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек хуэ­защ ди республикэм лэжьыгъэ IуэхукIэ къэкIуауэ щыIэ Иркутск областым и Хабзэубзыху Зэхуэсым и УнафэщI Ведерников Александр.

12.10.2026 - 09:12

ЩIэупщIэ яIэщ, зэгъщ икIи дагъуэншэщ

IэщIагъэ псори зэхуэдгъадэ хуэдэу жытIэ щхьэкIэ, пщэдджыжь къэс Iэнэм тралъхьэ щIакхъуэр къызыхах гъавэм елэжьхэр псоми япэ зэригъэщыпхъэм шэч хэлъкъым.

09.10.2026 - 09:03

Дызытет лъагъуэр хремыгъуащэ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и муслъымэнхэм я IуэхущIапIэмрэ Ислъам щIэныгъэмрэ щэнхабзэмрэ за­щIэ­гъэкъуэнымкIэ фон­дым­рэ я жэрдэмкIэ, Къэ­бэрдей къэрал драмэ театрым жэ­пуэгъуэм и 6-м щекIуэ­кIащ щIынал

09.10.2026 - 09:03

НыбжьыщIэхэр яущий

Налшык къалэм зэIущIэ щхьэпэ ще­кIуэ­кIащ класс нэхъыжьхэм щIэс школакIуэхэр наркотикым пэIэщIэ щIыным теухуауэ.