Гупсысэ щIэщыгъуэхэмкIэ зохъуажэ

КъБР-м и Журналистхэм я зэгухьэныгъэм къызэригъэпэщри, Налшык къалэ щекIуэкIащ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэмрэ Кавказ Ищхъэрэмрэ къыщыдэкI газетхэм нобэ я Iуэху зэрыдэкIым, газетыр гъэхьэзырыным, зэбгре­гъэхыным ехьэлIауэ щыIэ гугъуехьхэр зы­хуэ­дэм, нэгъуэщIхэми ятеухуа зэIущIэ. КъБР-м и Журналистхэм я зэгухьэныгъэм и тхьэмадэ, «Адыгэ псалъэ» газетым и редактор нэхъыщ­хьэ Жыласэ Заурбэч зэIущIэр къызэIуихащ икIи щIыналъэ зэмылIэужьыгъуэхэм къикIа редактор нэхъыщхьэхэмрэ журналистхэмрэ фIыщIэ яхуищIащ зыпэрыт Iуэхум нэхъри зрагъэужьын мурад яIэу къызэрызэхуэсам папщIэ, икIи я лэжьыгъэм IэмалыщIэхэр халъ­хьэн щхьэкIэ я гупсысэхэмкIэ, IуэхущIэкIэхэмкIэ зэчэнджэщыну къыхуриджащ. 

ЗэIущIэм хэтащ КъБР-м ЩэнхабзэмкIэ и министерствэм ХъыбарегъащIэ IэнатIэхэм ядэлэ­жьэнымкIэ и къудамэм и унафэщI Романовская Аннэ, КъШР-м и Журналистхэм я зэгухьэныгъэм и тхьэмадэ Тхьэгъэпсо Увжыкъуэ, Адыгэ Республикэм къыщыдэкI «Адыгэ макъ» газетым и редактор нэхъыщхьэ МэшлIокъуэ Саидэ, абы и къуэдзэ Тау Замирэ, «Адыгэ макъым» и корреспондент Ансыкъуэ Иринэ, Къэрэшей-Шэрджэс Республикэм щыIэ «Черкес хэку» газетым и редактор нэхъыщхьэ Абидокъуэ Люсанэ, га­зетым жэуап зыхь и секретарь, «Лэгъупыкъу» ­сабий журналым и редактор нэхъыщхьэ Аслъэныкъуэ Мадинэ, «Къарачай» къэрэшей газетым и редактор нэхъыщхьэм и къуэдзэ Байрамкуловэ   Зульфия, «День республики» газетым и лэ­жьакIуэ Килбэ Светланэ (КъШР), «Кабардино-Балкарская правда» газетым и редактор нэхъыщхьэ Бжьахъуэ Ранетэ, «Заман» газетым и редактор нэхъыщхьэ Конаков Хьэсэн, «Адыгэ псалъэ» газетым и лэжьакIуэ НэщIэпыджэ Замирэ (КъБР), Осетие Ищхъэрэ - Аланием къы­щыдэкI «Растдзинад» газетым и редактор Сланов Аслъэн сымэ.
Жыласэ Заурбэч зэIущIэм и пэщIэдзэм теп­сэлъыхьащ Къэбэрдей-Балъкъэрым къыщыдэкI газетхэм нобэ я Iуэху зыIутым, лъэпкъыбзэкIэ дунейм къытехьэ къыдэкIыгъуэхэм я щхьэхуэ­ны­гъэ­хэмрэ абыхэм нэхъри зрагъэужьын пап­щIэ щыIэ хэкIыпIэхэмрэ. Абы къызэрыхигъэщамкIэ, гугъуехь нэхъыщ­хьэу къапэщытыр газетхэм лэжьакIуэ къакIуэхэм я бжыгъэр зэрымащIэмрэ Iэ тедзэным пыщIа ­гугъуехьхэмрэщ. 
«Адыгэ макъым» и редактор нэхъыщхьэм жиIащ редакцэр лэжьакIуэкIэ зэрызэпэщыр, ауэ щIалэгъуалэ зэрамащIэр. «Дэ ди лэжьыгъэр хуабжьу къытщегъэпсынщIэ АР-м и Правитель­ствэмрэ Лъэпкъ IуэхухэмкIэ, хамэ къэрал щыпсэу ди лъэпкъэгъухэм ядэлэжьэнымрэ хъыбарегъащIэ IэнатIэхэмкIэ къэрал комитетым. Газетым Iэ тезыдзэфхэр зэрымащIэм къыхэкIыу, хэкIыпIэ къэдгупсысащ. Ди газетым и уасэр сом миным щIегъу, ауэ цIыху е IуэхущIапIэ щхьэхуэм газет 15 е нэхъыбэ зэуIуу тридзэм, соми 150-кIэ къе­щэхуф. Ахэр дэ яхудошэж. КъищынэмыщIауэ, а уасэ дыдэмкIэ традзэф, редакцэм деж къы­щызыщтэжыфхэм. Ди щIэ­джы­кIакIуэхэм тхьэмахуэм тхуэ къыдэкI газетыр яфIэгъэщIэ­гъуэн хъун папщIэ журналистхэр щIэх-щIэхыурэ районхэм догъакIуэ. Къуа­жэ­дэсым газет три­дзэн папщIэ, абы езым зыщи­лъа­­гъужын е и гъу­нэгъур зэрылэжьакIуэ­фIым теухуа тхыгъэ къыщеджэн хуейщ. ЛэжьапIэ пэшым щIэмыкIыу щIэс журналистым тхыгъэ гъэщIэгъуэн хуэтхы­ну­къым, тхыгъэр мы­­гъэщIэгъуэнмэ, газетым зыри еджэнукъым», - жиIащ МэшлIокъуэ Саидэ. 
Абы къыхигъэщащ газет мини 4 къыдагъэкIын хуейуэ я пщэ зэрилъыр, нобэ абы зыкъомкIэ зэрыщIрагъэгъур. Абы ипкъ иткIэ, районхэм кIуэурэ цIыхухэм, щIэджыкIакIуэхэм зэраIущIэр, газетым Iэ традзэн щIыхуейм и мыхьэнэр къы­зэ­рыгурагъаIуэр жиIащ Саидэ. Апхуэдэ Iэмал «Заман» газетми къызэригъэсэбэпыр жи­Iащ Конаков Хьэсэн. 
Абидокъуэ Люсанэ къыщыпсалъэм къыхигъэщащ къэралым къыдэкIын хуей бжыгъэу къа­хуигъэувыр нобэкIэ зэрагъэзэщIэфыр, абы пап­щIэ Iэмал зэмыщхьхэр къызэрагъэсэбэпыр. Псалъэм къыдэкIуэу жыпIэмэ, курыт еджапIэм щылажьэхэм газет 20-м Iэ традзэмэ, хуашэж, апхуэдэуи къуажэхэм дэт пощтхэм Iэрагъэхьэ.
- Гуапэ пщымыхъуу къанэркъым фи лэжьыгъэм апхуэдэ гукъыдэж фыхуиIэу фызэры­ху­щы­тыр, газет къыдэгъэкIыным иужь фызэритым нэ­­мыщIи, ар зэбгрегъэхыным щхьэкIэ фыгузавэу къызэрызэвгъэпэщри куэд и уасэщ. Сыт хуэдэ зэман дыщыпсэуми, сыт хуэдэ зэ­хъуэ­кIыныгъэхэр къэхъуми, газетыр сыт щыгъуи псэунущ, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, шэч зыхуащI хъыбар гуэр цIыхухэм яIэщIыхьамэ, и пэ­жыпIэр къыщалъыхъуэр тхылъымпIэм тет газетращ. Абы къегъэлъагъуэ газетым дзыхь нэхъ зэры­хуащI­ри, цIыхубэм яIэщIэлъын зэры­хуейри, - жиIащ Романовская Аннэ. 
Конаков Хьэсэн жиIащ адрей республикэхэм къащхьэщыкIыу, КъБР-м урысыбзэкIэ, адыгэбзэкIэ, балъкъэрыбзэкIэ къыщыдэкI газетхэм элект­рон къыдэкIыгъуи зэраIэр, ар тхьэмахуэм тхуэ зэрагъэхьэзырыр. 
Къызэхуэсахэм гууз-лыуз яIэу тепсэлъыхьащ газет къыдэгъэкIыным епха гугъуехьхэм икIи щхьэпэ хъун куэд зэIущIэм наIуэ къыщащIащ.

КЪэбарт Мирэ. 

Сурэтхэр тезыхар Къарей Элинэщ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

06.12.2024 - 09:03

Лъэпкъ хъугъуэфIыгъуэр щызэхуэхьэса унэ

Сурэтым: (сэмэгумкIэ къыщыщIэдзауэ): Тау Замирэ, Аслъэныкъуэ Мадинэ, МэшлIокъуэ Саидэ, Уэзрокъуэ Чэрим, Ансыкъуэ Иринэ.

06.12.2024 - 09:03

ЩIыгулъ - ерыскъылъэ

Мы гъэм епщыкIузанэу ЩIыгулъым  и дунейпсо махуэр зыгъэлъапIэхэм ящыщщ Урысей Федерацэри. 

05.12.2024 - 15:02

НыбжьыщIэхэм я къэкIуэнум теухуауэ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек яхуэзащ «ЛIыхъужьхэм я щIэ­блэ» Iуэхум хэта ныбжьыщIэхэм.

05.12.2024 - 12:25

Сабийхэр ягъэгушхуэ

Ныкъуэдыкъуэхэм я дунейпсо махуэм трагъахуэу, дыгъэгъа­зэм и 3-м, сабийхэм пшыхь гу­къинэж щыхуащIащ Узыншагъэр щрагъэфIакIуэ «Лэгъупыкъу» центрым.

05.12.2024 - 09:06

Псори зэлъытар цIыхурщ

Дуней псом щыцIэрыIуэ бзэщIэныгъэлI, зи къэхутэныгъэхэр бзэхэр зэгъэпщэным лъабжьэ хуэхъуа Гумбольдт Вильгельм зэгуэр жиIэгъат: «Бзэм макъ пщыкIуий фIэкIа имыIэми, абыкIэ дунейм и теплъэр сурэту ищ