Щыми медаль зырыз

Мэзкуу областым и Наро-Фоминск къалэм щекIуэкIащ грэпплингымкIэ Урысейм и Кубокыр къэхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ. Абы хэтащ къэралым и щIыналъэхэм ящыщу 37-м я бэнакIуэ 300-м нэблагъэ.

Къэбэрдей-Балъкъэрыр зэхьэзэхуэм цIыхуищкIэ къыщыгъэлъэгъуауэ щытащ икIи щыми медаль зэхуэмыдэхэр абы къыщахьащ. Урыс Мухьэмэдрэ Балэ Хьэсэнбийрэ я хьэлъагъ елъытауэ зыхэта гупхэм япэ увыпIэхэр щаубыдащ, Таппасханов Ислъам етIуанэ хъуащ. 
Къыхэдгъэщынщи, спортсменхэр гупибгъуу гуэшауэ щытащ икIи ахэр зэпеуащ «Грэпплинг», «Грепплинг-ги» бэнэкIэ лIэужьыгъуэхэмкIэ. Абыхэм щытекIуахэм Iэмал ягъуэтащ иджы екIуэкIыну Европей чемпионатым хэтыну. 

КЪАНШЫУЕЙ Алим.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

23.06.2025 - 15:00

ТыншыпIэрэ гулъытэрэ

Бахъсэн щIыналъэ администрацэм и унафэщI Балъкъыз Артур иджыблагъэ щыIащ Бахъсэненкэ къуажэм икIи зригъэлъэгъуащ абы щащI спорт комплексым, сабий садым, къуажэдэсхэм я зыгъэпсэхупIэм я ухуэныгъэхэр

23.06.2025 - 09:11

ДэIэпыкъуэгъу яхуохъу

«Хэкум и зауэлIхэм я унагъуэхэм я комитет» жылагъуэ зэгухьэныгъэм и Къэбэрдей-Балъкъэр щIыналъэ къудамэм Нарткъалэ щригъэкIуэкIащ «Бжэ зэIухам и махуэ».

23.06.2025 - 09:10

ЩIалэгъуалэ зэчиифIэ тхуегъасэ

Бахъсэн районым хыхьэ Хьэ­тIохъущыкъуей къуажэм дэт ЩэнхабзэмкIэ унэм щекIуэ­кIащ концерт дахэ.

23.06.2025 - 09:09

Къэбэрдей уэрамым газетхэмрэ журналхэмрэ Iэ щытрадзэ

Налшык и Къэбэрдей уэрамым, «Победа» кинотеатрым и гупэм къит утыкушхуэм деж Iуэхугъуэ хьэлэмэт икIи купщIафIэ къыщызэрагъэпэщащ бэрэ­жьей пщыхьэщхьэм.

22.06.2025 - 15:02

Афиян зезыхьэхэм я бжыгъэр хохъуэ

Мэкъуауэгъуэм и 18-м Къэбэрдей-Балъкъэр МВД-м и Управленэм щекIуэкIащ наркотикхэм пэщIэтыным, абы щIалэгъуалэр димыхьэхыным теухуауэ республикэм щрагъэкIуэкI лэжьыгъэм щытепсэлъыхьа зэIущIэ.