УФ-м Къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ и IэнатIэхэм я лэжьакIуэм и махуэм ирихьэлIэу, Урысей МВД-м и Прохладнэ къудамэм балигъ мыхъуахэм я IуэхухэмкIэ и инспекторхэр, районым Ветеранхэм я советым и лIыкIуэхэу милицэм и подполковникхэу Савинов Александррэ Каджаев Джафаррэ ящIыгъуу, къызэрагъэпэщри ныбжьыщIэхэм Прохладнэ къалэм дэт тхыдэ-лъахэдж музейм зыщрагъэплъыхьащ.
А Iуэхум хэтащ къудамэм дэлажьэ Жылагъуэ советым щыщ Клюй Андрей, «Пэрытхэм я зэщIэхъеенныгъэ» сабийхэмрэ щIалэгъуалэмрэ я урысейпсо зэгухьэныгъэм хэтхэмрэ волонтерхэмрэ. Абыхэм ирагъэлъэгъуащ урысей полицэм и тхыдэмрэ и зыужьыныгъэмрэ траухуа стендхэр.
- Къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ IэнатIэм и лэжьакIуэхэр лIыгъэ зыхэлъ цIыху лъэщхэщ, хабзэмрэ пэжыгъэмрэ, гъащIэмрэ цIыхум и хуитыныгъэмрэ, къэралымрэ жылагъуэмрэ яфI зыхэлъыр зыхъумэхэщ, - къыхигъэщащ Савинов А.
Илъэс 14 ирикъуа ныбжьыщIэхэм мыбдежым гуапэу щратащ Урысей Федерацэм и паспортхэр.
ЗэIущIэм и кIэухыу ныбжьыщIэхэм фIыщIэ хуащIащ езыгъэблэгъахэм, ялъэгъуар къа- зэрыщыхъуам теухуауэ зэпсэ- лъащ.
БАХЪСЭН Ланэ.