Псы къыщIэшыпIэ зэрыIыгъхэм пэрохьэ

КъБР-м и Шэджэм щIыналъэм псы къыщIэшыпIэ зэрыIыгъ щаухуэну загъэхьэзыр, псори зэхэту километр 32-рэ и кIыхьагъыу. ПэхуэщIэр и кIэм нагъэсу щытмэ, псы къабзэкIэ къызэгъэпэща хъунущ Шэджэм къалэм, Шэджэм ЕтIуанэм, Яныкъуей, Каменкэ къуажэхэм, Налшык къалэм и щIыпIэ гуэрхэри хэту, псори зэгъусэу я цIыху мин 51-м щIигъу.

Къыхэдгъэщынщи, пэхуэщIэм ехьэлIа Iуэхугъуэхэм япэу щытепсэлъыхьар Къэбэрдей-Балъкъэрым и Правительствэм и УнафэщI Мусуков Алийщ иджыблагъэ иригъэкIуэкIа зэIущIэрщ.

Шэджэм щIыналъэм псы къыщIэшыпIэ зэрыIыгъыр щаухуэкIэ лэжьыгъэм къыщагъэсэбэпынущ псыр зэрагъэкъабзэ, ар зэрызэбгратыкI иджырей технологиехэмрэ обрудованэхэмрэ. Абы и фIыгъэкIэ, цIыхухэм яIэрыхьэну псым фIагъ лъагэ иIэнущ, я узыншыгъэми ехьэлIауэ шынагъуэ щыIэнукъым.

Мыдрейуэ, Бахъсэн псы къыщIэшыпIэ зэрыIыгъыр ухуэным ехьэлIа лэжьыгъэхэр зэрекIуэкIым зыщигъэгъуэзащ къалэ администрацэм и унафэщI Мамхэгъ Хьэчим. Абы зригъэлъэгъуащ лэжьакIуэхэм къагъэсэбэп материалхэм фIагъ яIэр зыхуэдэр икIи IэщIагъэлIхэм захуигъэзащ лэжьыгъэр дагъуэншэу и пIалъэм зэфIагъэкIыну.

Фигу къэдгъэкIыжынщи, Бахъсэн псы къыщIэшыпIэ зэрыIыгъыр, километр 79-рэ зи кIыхьагъыр, ухуэн хуейуэ къыхэзылъхьар Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбекщ Урысей Федерацэм и Президент Путин Владимир 2019 гъэм щыхуэзам щыгъуэ.

ПэхуэщIэм псы къабзэкIэ къызэригъэпэщынущ Бахъсэн къалэмрэ Дыгулыбгъуеймрэ, Зеикъуэ, ХьэтIохъущыкъуей, Ислъэмей, ПсыкIэху, Бахъсэненкэ (Къэсейхьэблэ) жылэхэм я цIыху мини 100-м нэблагъэ. Иджыпсту лэжьыгъэхэр Бахъсэн къалэм щокIуэкI.

Апхуэдэуи Дзэлыкъуэ псы къыщIэшыпIэм и етIуанэ Iыхьэр яухуэну загъэхьэзыр. Абы къызэщIиубыдэнущ районым и къуажэ 13-м я цIыху мин 26-м щIигъу.

Курп, Малкэ псы къыщIэшыпэ зэрыIыгъхэми къызэгъэпэщыжыныгъэ лэжьыгъэхэр щрагъэкIуэкIынущ. Абыхэм къадэкIуэу, республикэм щызэрахъуэкIынущ е къагъэщIэрэщIэжынущ псыр зэрагъэкъабзэ ухуэныгъэхэри.

ХЬЭЩОКЪУЭ Алыдж.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

08.08.2026 - 12:46

ЩIыналъэм еджапIэщIэ къыщызэIуах

Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек лэжьыгъэ IуэхукIэ хуэзащ КъБР-м щыIэ МВД-м и министр Крючков Вячеславрэ Урысейм и МВД-м и Кавказ-Ищхъэрэ институтым и унафэщIым и къалэнхэр пIалъэкIэ

08.08.2026 - 12:45

Хэхыныгъэхэм зыхуагъэхьэзыр

«КъБР-м и Муниципальнэ щIыналъэхэм я совет» зэгухьэныгъэм (АСМО) и прав­ленэм и зэIущIэ дыгъуасэ екIуэкIащ.

08.08.2026 - 12:44

АдыгэщIым и макъыр зэхыдох

«Адыгэ дуней» лъэпкъ фондым къызэригъэпэщауэ, ЩIалэгъуалэм я унэм (Налшык дэ­тым) ХьэIупэ ДжэбрэIил и пшыхь щызэхэтыну хъыбар къы­щысIэрыхьам сыщыгуфIы­кIат.

08.08.2026 - 11:38

ГупсэфыпIэ афэхъугъ

Зи Хэкужъ къэзыгъэзэжьыгъэм и Мафэ ипэгъокIэу Шам (Сирием) ит къалэу Дамаскэ къикIыжьыгъэ Цэй Нарминэ тихьакIэщ къе­дгъэблэгъагъ, адыгэ чIыгум иунагъо псэукIэу щыриIэм зыщыдгъэгъозагъ.

07.08.2026 - 14:35

Яхъумэ, зыщIагъакъуэ

«Адыгэ псалъэ» газетым къытедгъэзэж-дриплъэжурэ дыщытопсэлъыхь ди республикэм и Къущ­хьэхъум ит Iэщыхъуэхэм я Iуэху зытетым.