ЗэгурыIуэм нэхъ лъапIэ щыIэкъым

Урысейм ЦIыхубэ зэкъуэтыныгъэм и махуэр и дамыгъэщ лъэпкъ зэмылIэужьыгъуэхэм щыщхэр, дин зэхуэмыдэхэр зыIыгъхэр зэгурыIуэ-зэдэIуэжу зэрызэдэпсэум. Уи Хэкур фIыуэ плъагъунымрэ ущыпсэу къэралым фIы хуэп­щIэ­фынымрэ ди зэманым мыхьэнэшхуэ иIэщ. Къыхэбгъэщи ­хъунущ: гугъуехьхэми емылъытауэ, цIыхубэр зыужьыныгъэм и гъуэгум тетщ. 

Тхыдэр щыхьэт тохъуэ ди цIыхухэр сыт хуэдэ зэманми зэ­къуэту къызэрыгъуэгурыкIуам. ЗэрытщIэщи, ЦIыхубэ зэкъуэ­тыныгъэм и махуэр гъэлъэпIэныр зытраухуар 1612 гъэм Поль­шэм Москва къалэр иубыдыну зэрыхэтамрэ Пожарский Дмит­рийрэ Минин Кузьмарэ я унафэм щIэту зэщIагъэуIуа цIыхубэм ди щыхьэрыр къызэрыIэщIахыжамрэщ. Ину ямыгъэIуми, къэ­ралым и зэхэзэрыхьыгъуэм, Москва щхьэхуит къыщащIыжым жыджэру хэтахэм ящыщщ адыгэхэм къахэкIа Черкасский Дмитрий (Къанщауэ) Мамстрыкъуэ и къуэри - къэбэрдеипщ Идар Темрыкъуэ и къуэрылъхур, Грозный Иван и етIуанэ щхьэ­гъусэу щыта Марие (Гуащэнэ) и дэлъхум и къуэр. АбыкIэ наIуэ ­мэхъу урысей къэралыгъуэр къызэтенэжыным шэрджэсхэри къызэрымыкIуэу зэрыхэлIыфыхьар. КъызэрагъэлъагъуэмкIэ, 1613 гъэм Мамстрыкъуэ и къуэ Дмитрий, уеблэмэ и акъы­лэгъу­хэм пщы хъуну къагъуэлъэгъуэнуи хэтат, арщхьэкIэ езым ида­тэкъым. 
ЦIыхубэр зэкъуэгъэувэным зи гугъу тщIы адыгэпщыр зэ­рыхэтам щыхьэт тохъуэ тхакIуэ Загоскиным текIуахэр 1612 гъэм жэпуэгъуэм и 22-м Москва зэрыдыхьа щIыкIэр къызэригъэлъэгъуэжар: «Дзэ гуп псом ипэ итт адыгэш хахуэм тес Черкасский Дмитрий Мамстрыкъуэ и къуэр. СэмэгурабгъумкIэ къыщытт ­Мининрэ адрейхэмрэ». Апхуэдэу языныкъуэхэм къалъытэ Москва щхьэхуит къэзыщIыжа лIыхъужьхэр щы хъууэ щытауэ, абыхэм я зы фэеплъым и эскизыр нобэми Берлин и музейхэм ящыщ зым щахъумэ. 
Дзэмыхь Къасболэт и «Адыги: вехи в истории» тхылъми мыпхуэдэу къыщыхьащ: «Пщы Черкасский Иван урысыдзэм и полкищым я дзэзешэу жыджэру пэщIэтащ Лжедмитрий II. Ари,   и Iыхьлы дыдэ Дмитрий Мамстрыкъуэ и къуэм ещхьу, 1612 гъэм Москва щхьэхуит къэзыщIыжахэм яхэтащ»…
Тхыдэм дыкъыхэкIрэ нобэрей зэманым къэдгъэзэжмэ, мы къэрал махуэшхуэр щэкIуэгъуэм и 4-м зэрагъэлъапIэрэ куэд щIакъым - 2005 гъэм ирагъэжьащ, икIи ар зыгъэпсэхугъуэ ­махуэщ. Совет зэманым ар щэкIуэгъуэм и 7-м ягъэлъапIэу ­щытащ. Иджыпсту махуэшхуэр, къызэрыхэдгъэщащи, лIыгъэм, зэкъуэтыныгъэм и нэщэнэщ. Украинэм дзэ Iуэху хэхар щекIуэкI мы лъэхъэнэми цIыхубэ зэкъуэтыныгъэм и мыхьэнэр нэхъ иныж ещI. Ар даIыгъыу, щэкIуэгъуэм и 4-м «КъБР-м и телерадио ­центр» IуэхущIапIэм Налшык къалэм и телебашняр дахэу зэ­щIигъэблэнущ. Абы къытехутэнущ «ЩэкIуэгъуэм и 4-р ЦIыхубэ зэкъуэтыныгъэм и махуэщ!», «Дынывохъуэхъу ЦIыхубэ зэ­къуэтыныгъэм и махуэмкIэ!» псалъэхэр. Апхуэдэуи чэщанэм Урысей Федерацэмрэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэмрэ я къэрал ныпхэр къытрагъэдзэнущ. Мыпхуэдэ Iуэхур Мейкъуапэ, Черкесск, Грознэ, Мэхъэчкъалэ, Дон Iус Ростов, Сочэ, Санкт-­Петербург, Благовещенск, Брянск, Воронеж, Иркутск, Калугэ, Къэзан, Мурманск, Симферополь, Новгород Ищхъэрэ, Новосибирск, Тверь, Ярославль къалэхэми къыщызэрагъэпэщ. 
ЦIыхубэр зэкъуэту, мамырыгъэмрэ гущIэгъумрэ дэтхэнэми ипэ иригъэщу псэумэ, къэралри лъэщынущ.

 

БАГЪЭТЫР Луизэ

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

06.12.2024 - 13:53

ЦIыху хуэдэу ущытынумэ

Аутизмэм ехьэлIа хъыбарыр цIыхухэм ялъэгъэIэсыным и дунейпсо махуэм ирихьэлIэу къызэрагъэпэщ, #ЦIыхухэрЦIыхуХуэдэу зи фIэщыгъэ урысейпсо инклюзив гъэлъэгъуэныгъэр иджыблагъэ Налшык къалэм ебгъуанэу

06.12.2024 - 09:03

Лъэпкъ хъугъуэфIыгъуэр щызэхуэхьэса унэ

Сурэтым: (сэмэгумкIэ къыщыщIэдзауэ): Тау Замирэ, Аслъэныкъуэ Мадинэ, МэшлIокъуэ Саидэ, Уэзрокъуэ Чэрим, Ансыкъуэ Иринэ.

06.12.2024 - 09:03

ЩIыгулъ - ерыскъылъэ

Мы гъэм епщыкIузанэу ЩIыгулъым  и дунейпсо махуэр зыгъэлъапIэхэм ящыщщ Урысей Федерацэри. 

05.12.2024 - 15:02

НыбжьыщIэхэм я къэкIуэнум теухуауэ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек яхуэзащ «ЛIыхъужьхэм я щIэ­блэ» Iуэхум хэта ныбжьыщIэхэм.

05.12.2024 - 12:25

Сабийхэр ягъэгушхуэ

Ныкъуэдыкъуэхэм я дунейпсо махуэм трагъахуэу, дыгъэгъа­зэм и 3-м, сабийхэм пшыхь гу­къинэж щыхуащIащ Узыншагъэр щрагъэфIакIуэ «Лэгъупыкъу» центрым.