Жыг пэтми-фэеплъщ

Хы фIыцIэ Iуфэм Iус Головинкэ (Шахэпэ) къуажэм псыIумкIэ гъэза и гъунэм уардэу Iут, ныбжь ин дыдэ зиIэ «Жыгдахэ» здэщыт щIыпIэр абдежым зэгъунэгъуу щыпсэуа шапсыгъ адыгэхэмрэ убыххэмрэ ижь-ижьыж лъандэрэ я тхьэ елъэIупIэжьт.

Урысей географ обществэм и Сочэ къалэ къудамэм илъэс куэдкIэ хэта лъахэхутэ цIэрыIуэ Ворошилов Владимир «Убых щIыналъэм и тхыдэ-этнографие очеркхэр» зыфIища и Iэрытх телъыджэм къызэрыщигъэлъэгъуэжамкIэ, 1839 гъэм и мэлыжьыхь-накъыгъэ мазитIыр щызэпыхьэ махуэ бжыгъэм къриубыдэу, урысыдзэр псы щIыIукIэ Шахэпэ къесылIэри, а щIыналъэм щитIысыкIауэ щытащ.

Тхыдэм къызэрыхэщыжымкIэ, пащтыхь къэралыгъуэм КъухьэпIэ Кавказым и хы ФIыцIэ Iуфэр зыIэщIигъэхьэн папщIэ, XIX-нэ лIэщIыгъуэм и 30 гъэхэм къаруушхуэ тригъэкIуэдат. А лъэхъэнэм урысыдзэм хэта я пашэхэм ятхыжа я гукъэкIыжхэм къызэрыщагъэлъэгъуэжамкIэ, Шахэ псышхуэр хым щыхэлъэдэжым пэгъунэгъуу, и ижьырабгъу лъэныкъуэмкIэ жыгей абрагъуэхэм ясея гуэрэн гъуэзэджи итыгъащ.

Дэфтэрхэм уриплъэжмэ…

«…Кхъухь 22-кIэ зэщIэузэдауэ къэдутIыпща десантыр щидгъэтIысыкI щыгур а зэманым мывалъэ Iуащхьэ цIыкIухэмрэ жыгей абрагъуэхэмкIэ зэщIэсеят. Пщэдджыжьыпэм зыкъэзыIэта дыгъэм и япэрей бзийхэм къызэщIагъэнэхуа теплъэгъуэр апхуэдизкIэ телъыджащэти, псори дитхьэкъуами ярейт: хы ныджэм илъэсищэ бжыгъэхэр зи ныбжьыну ит жыгеижьхэм я лъабжьэм IэщэкIэ зэщIэузэда убых 500-м нэблагъэр Тхьэ щелъэIурт. Сыт ищIыскIи нэрылъагъут, езы бгырысхэми зэрыжаIауэ, «Тхьэхущынэ щыгу»-р абыхэм тыншу икIи пщIэншэу къызэрыдамытынур», - щитхыжащ «ГукъэкIыжхэр» зыфIища и тхылъым «Шахэпэ теуэм» и курыкупсэм хэта декабрист Лорер Николай.

А сатырхэм пэджэжу, зэрыпхъуакIуэхэм я Iэтащхьэ адмирал Лазарев Михаил отставкэм щыIэ и ныбжьэгъу, капитан-лейтенант Верёвкин Александр мыпхуэдэу хуитхауэ щытащ: «Шэрджэс мини 3-м нэблагъэр Тхьэхущынэ щыгум лъэгуажьэмыщхьэу щызэхэтт. Нэрылъагъут ахэр Тхьэм зэрелъэIур, я адэжьхэр щалъхуа щIыналъэр яхъумэжыфын папщIэ, бийм зэрапэщIэтыфын лIыгъэрэ хахуагъэкIи къетэну. Ди нэгу къыщIэува теплъэгъуэм дапхуэдизу гумащIэ дыкъимыщIами, дыкъыщIежьа Iуэхур дгъэзэщIэн хуейт…»

 Илъэс 257-рэ зи ныбжь жыг

Мы щIыпIэм и гъунэгъуу псэуа адыгэхэм, убыххэм, абазэхэм илъэсищэ бжыгъэкIэрэ я зэхуэсыпIэу къекIуэкIа мэз тIыпх гъуэзэджэр «къэIэпхъуахэм» зэрырахыжрэ куэд щIащ. Ауэ, гъэщIэгъуэнракъэ, а щIыпIэм пэмыжыжьэу щхьэ закъуэ уардэу къыщызэтена жыгышхуэр, щIэныгъэрылажьэхэм «лириодендрон тюльпаноносный» зыхужаIэр, Хэкум къина шапсыгъ адыгэхэм ноби я тхьэелъэIупIэжьу къалъытэр. Ахэр абы зэреджэр «Жыгдахэщ».

Метр 35-рэ зи лъагагъ, зи зэпрыупIэр метри 3-м нэблагъэ жыг абрагъуэр Сочэ и тхыдэ-щэнхабзэ щIэин нэхъ пажэхэм халъытэ. Туризмэм ехьэлIа урысейпсо дэфтэрхэм зэрыратхамкIи, яхъумапхъэ дыдэхэм ящыщщ. КъыжыIапхъэщ, Жыгдахэ еплъыну мы щIыпIэм къакIуэ туристхэм я бжыгъэм илъэс куэд щIауэ зэракIэрымыхури.

Ныбжьышхуэ зиIэ мы жыг абрагъуэм лIэщыгъуэ блэкIам и закъуэ щэнейрэ щыблэ къеуащ. Апхуэдэу, 1939 гъэм мафIэ лыгъейуэ зыкъезыдза удыным жыгым и щхьэкIэр тIууэ зэгуиупщIыкIащ. 1948 гъэм нурыбэу къыжьэхэлында уафэхъуэпскIым къыдэгъуэгурыкIуа удын бзаджэм жыг телыджэм ищхьэкIэр пигъэщхъащ, и пкъы гъумыщIэри икухэм хуэзэу зэгуигъэзащ.

1954 гъэм ещанэу къытехуа удыным иужькIэщ щIэныгъэлIхэм Жыгдахэ гулъытэ хэха хуащI щыхъуари, и зэхэлъыкIэ-щытыкIэр зыхуэдэм кIэлъыплъын нэхъ щыщIадзари.

1974 гъэм и щIымахуэ лъэхъэнэм мы жыгым япэ дыдэу «еIэзащ» ШахэкIей ЦIыкIу мэз хозяйствэм и лэжьакIуэхэр. Абыхэм Жыгдахэ и къудамэ гъумыщIэхэм ящыщу щыблэм зи зэран нэхъ екIахэр чэтэнудзым (лён) къыхэщIыкIа кIапсэ быдэхэмкIэ зэхалъахъэри, зыр адрейм иракъузылIэжащ. ИужькIэ, 1990 гъэхэм икухэм, кIапсэхэр гъущI лэрыпсхэмкIэ зэрахъуэкIыжащ. Абдежым IэщIагъэлIхэм жыгыжьым далъэгъуар апхуэдизу гъэщIэгъуэн ящыхъуати, «и кIуэцIыр псэ зыхэмытыжым хуэдэщ» хужаIауэ щытащ. Абыхэм жыг кугъуанэм щызэтрищIа лъэхъмэхъхэр (кIэрыщIэхэр) хуэсакъыпэурэ къратхъунщIыкIыжри, и хущхъуэгъуэу къалъытэ щыхуэхэр, щIэныгъэлIхэм абы папщIэ егугъуу зэхалъхьахэр, и кIуэцIым щацIэлъащ, абы нэмыщIкIи, битум-пхъэпс биологие мастикэ иракудащ. ИужькIэ, жыгым кIэлъыплъахэм зэрыжаIауэ, апхуэдэ «еIэзэкIэм» къэщIыгъэм зыкъригъэужьыжащ, и «гъащIэми» хигъэхъуащ.

Иужьрей илъэс 50-м къриубыдэу тхьэелъэIупIэжьым щыблэ къыжьэхэмылындэжами, нэхъапэхэм къытехуа удынхэм я «Iэужьыр» иджыри хуэгъэгъущыжакъым, дыркъуэхэри нэрылъагъущ. Арагъэнущ, «Жыгдахэ» еIэзэну «зезыпщыт» щIэныгъэлIхэмрэ абыхэм ядэIэпыкъуну «гукъыдэж» зыщI IэщIагъэлIхэмрэ я бжыгъэр кIуэ пэтми нэхъыбэ щIэхъур.

- Мыр гупышхуэм: ЭкологиемкIэ советым, Лазаревск (ПсыфIыпэ) район администрацэм, Мэзкуу къалэ дэт «Мэз узыншэ» центрым, жыгхэм фIагъ и лъэныкъуэкIэ я щытыкIэр зыхуэдэр зэхэзыгъэкIым, нэгъуэщIхэми ди зэхуэдэ япэ лэжьыгъэшхуэщ, - жеIэ Сочэ къалэм и администрацэм и Iэтащхьэм деж щыIэ Жылагъуэ экологие советым щхъуантIагъэм зегъэубгъунымкIэ и комитетым и унафэщI Зюзин Александр.

Къалащхьэм къикIа щIэныгъэлIхэм, Iуэхум фIыуэ хэзыщIыкIхэм лириодендроныр набдзэгубдзаплъэу къаплъыхьа иужь, абы и ныбжьыр илъэс 255-м нэблэгъауэ къалъытащ. ХьэщIэхэм фэеплъ телъыджэм «узыншагъэ и лъэныкъуэкIэ» и Iуэху зыIутыр къахутэри, ар зэрызэтебгъэувэжыфыну Iэмалхэри къагупсысащ. Абыхэм жыгыжьыр а щIыпIэм ноби щыпсэу шапсыгъ адыгэхэм я дежкIэ тхыдэ щIэину зэрыщытыр къалъытэри, «Адыгэ хасэ» жылагъуэ зэгухьэныгъэм хэтхэм зыIуагъэщIащ.

- Лэжьыгъэхэр IыхьитIу зэщхьэщытхащ, - къыхигъэбелджылыкIащ Зюзин Александр, хэкурыс адыгэхэм защыхуигъазэм. – Иужьрей илъэсхэм жыгыжьым и щхьэкIэм хуабжьу зиубгъуащ, къудамэ гъуахэри нэхъ къэлъагъуэ хъуащ. Ахэр «Жыгдахэ» къыбгъэдыхьэ зыгъэпсэхуакIуэхэм я дежкIи шынагъуэщ, езы къэщIыгъэм и теплъэри зымыгъэдахэщ. Жыгыку гъуанэри хэпщIыкIыу нэхъ иныж хъуащ, и кIуэцI псоми зэхэту кубометр 30-м нэблагъэ къызэщIраубыдэу.

«Мэз узыншэ» центрым къыщагупсысу щызэпкъралъхьэжа Iэмэпсымэ гъуэзэджэр зи Iэпэгъу IэщIагъэлIхэм зэхагъэкIащ къудамэпкъ гъумыщIэхэм ящыщу узыфэм нэхъ зэщIищтахэр. Гупым хэтхэм арматурэ теплъэ иIэу зэрагъэпэща ухуэныгъэхэмкIэ къудамэшхуэхэр зэрагъэубыдащ, нэщI хъуа и ку гъуанэхэр къагупсыса бетон тIатIэмкIэ якудащ.

АтIэми, 2021 гъэм мы щIыпIэм къыщепща жьышхуэм и зэранкIэ, аргуэрыжьу жыгым и къудамэ нэхъ гъумыщIэ дыдэр зэпыщIыкIат. А Iуэхум кърикIуэнкIэ хъунум иригузавэ экологхэм лъэIукIэ зыхуагъэзащ «Жыгхэр – щIыуэпсым и фэеплъщ» («Деревья – памятники природы») урысейпсо программэм телажьэу Москва щызэхаша комиссэм хэтхэм. ЗэлъэIуахэм IэщIагъэлIхэр къагъакIуэри, жыгыр яухъуэнщIащ, къудамэ лейхэр паупщIри, къэнахэр зэрапхыжащ.

КЪУМАХУЭ Аслъэн.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

06.12.2024 - 09:03

Лъэпкъ хъугъуэфIыгъуэр щызэхуэхьэса унэ

Сурэтым: (сэмэгумкIэ къыщыщIэдзауэ): Тау Замирэ, Аслъэныкъуэ Мадинэ, МэшлIокъуэ Саидэ, Уэзрокъуэ Чэрим, Ансыкъуэ Иринэ.

06.12.2024 - 09:03

ЩIыгулъ - ерыскъылъэ

Мы гъэм епщыкIузанэу ЩIыгулъым  и дунейпсо махуэр зыгъэлъапIэхэм ящыщщ Урысей Федерацэри. 

05.12.2024 - 15:02

НыбжьыщIэхэм я къэкIуэнум теухуауэ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек яхуэзащ «ЛIыхъужьхэм я щIэ­блэ» Iуэхум хэта ныбжьыщIэхэм.

05.12.2024 - 12:25

Сабийхэр ягъэгушхуэ

Ныкъуэдыкъуэхэм я дунейпсо махуэм трагъахуэу, дыгъэгъа­зэм и 3-м, сабийхэм пшыхь гу­къинэж щыхуащIащ Узыншагъэр щрагъэфIакIуэ «Лэгъупыкъу» центрым.

05.12.2024 - 09:06

Псори зэлъытар цIыхурщ

Дуней псом щыцIэрыIуэ бзэщIэныгъэлI, зи къэхутэныгъэхэр бзэхэр зэгъэпщэным лъабжьэ хуэхъуа Гумбольдт Вильгельм зэгуэр жиIэгъат: «Бзэм макъ пщыкIуий фIэкIа имыIэми, абыкIэ дунейм и теплъэр сурэту ищ