«ПщыкIузым я егъэзыпIэм» гулъытэ егъуэтКъБР-м ЩIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министерствэмрэ Кавказ Ищхъэрэм зегъэужьынымкIэ «Кавказ.РФ» институтымрэ Iуащхьэмахуэ лъапэ нэмыцэ зэрыпхъуакIуэхэм къыщыIэщIахыжамрэ Совет къэралыгъуэм и ныпыр бгы щыгум щытрагъэувамрэ илъэс 80 щрикъум ирихьэлIэу къыхилъхьауэ щыта «Кавказым папщIэ ди псэр ттащ» зи фIэщыгъэ пэхуэщIэ щIагъуэр жэрдэмщIакIуэхэм куэд щIатэкъым екIуу зэрызэфIахрэ. Ар нэсу къызэрагъэпэщын щхьэкIэ абыхэм метр мини 4100-рэ зи лъагагъ щыгум тет, бгылъэрызекIуэхэм я «ПщыкIузым я егъэзыпIэ» («Приют 11») хьэщIэщым бард уэрэджыIакIуэ цIэрыIуэхэр кърагъэблагъэри, пшыхь дахэ щызэхашауэ щытат. Iуэхугъуэр фIыуэ лъагэу бгым дахами, цIыху хъарзынэ къекIуэлIат. Хэт дежкIи гурыIуэгъуэ хъуат хьэщIэщыр зэгъэпэщыжын, цIыху кIуапIэ щIын зэрыхуейр. Мис абдеж къыщыхалъхьэри къулыкъущIапIэхэм я лIыкIуэхэр щызэгурыIуауэ щытащ абы хуэунэтIа лъэбакъуэ пыухыкIахэр зэрачынум егупсысыну. Абы ехьэлIа лэжьыгъэхэм занщIэу иужь зэрихьам и щыхьэтщ УФ-м Экспертизэ хуэIухуэщIэхэмкIэ и къулыкъущIапIэ нэхъыщхьэм Iуащхьэмахуэ и щыгум тет «ПщыкIузым я егъэзыпIэр» зэбгъэпэщыж, абы ухуэныгъэ щхьэхуэхэр къыгуэпщIыхь зэрыхъунумкIэ щIыналъэ унафэщIхэм иджыблагъэ хъыбар къаритар. ПэхуэщIэм и гъэзэщIакIуэр «Кавказ.РФ» институтырщ. А IуэхущIапIэм пIалъэ кIэщIым къриубыдэу хузэфIэкIащ бгылъэ-инженер къэхутэныгъэхэр иригъэкIуэкIын, 1929 гъэ лъандэрэ щыгум тет хьэщIэщым и зэгъэпэщыжынымрэ ухуэныгъэхэр къыгуэщIыхьыжынымрэ теухуауэ щыIэ Iэмалхэр зэпилъытын, и кIуэцIым и ухуэкIэ-зэхэлъыкIэу щытынум я жыпхъэр зэхигъэувэн. Апхуэдиз лэжьыгъэр ирагъэжьэн ипэ къихуэу, КъБР-м и Жылагъуэ палатэм щIыуэпсым лей емыхыным, бгы куэщIым и щытыкIэм хэмыIэбэным, Iэгъуэблагъэр хъума зэрыхъуным ехьэлIа зэIущIа щекIуэкIащ. Iуэхум зи псалъэ хэзылъхьэфыну лъэныкъуэ псори зэгурыIуа нэужь, «Кавказ.РФ» институтым къэрал къулыкъущIапIэм и IэщIагъэлIхэр къригъэблагъэри, щIыпIэр кърагъэплъыхьащ, епхьэжьэ хъуну лэжьыгъэм я инагъри яубзыхуащ. Ухуэныгъэхэр, зэрыхуагъэфащэмкIэ, 2025 гъэм и гъатхэм щIадзэнущ. «ПщыкIузым я егъэзыпIэр», къызэрыхэдгъэщащи, метр мини 4100-рэ зи лъагагъ щыгум тетынущ. Ар къатитхуу зэтетынущ. Абы щыщу къатитIыр бгы щIыIум къытемыщу хащIыхьынущ, щыр – къэлъагъуэу къыдращIеинущ. Абы пэш 19 хэтынущ, цIыху 63-рэ зэуэ щIэхуэнущ. КъищынэмыщIауэ, хьэщIэщым и лэжьакIуэхэр зыщыпсэун пэшхэр иIэнущ, зыгъэпскIыпIэ, шхапIэ пэш, музей хэтынущ. Ухуэныгъэм и пэхуэщIэм къызэрыхэщымкIэ, къат къэс гуэщ пэшхэмрэ лъэщIэсхэмрэ хащIыхьынущ. Апхуэдэу хьэщIэщым щIылъэм нэс къех псы кIуапIэхэр хуащIынущ, спорт Iэмэпсымэхэм я гъэтIылъыпIэр бгъуращIыхьынущ. Къыхэгъэщын хуейщ хьэщIэщыр УФ-м ЩытыкIэ къызэрымыкIуэхэмкIэ и министерствэм и къегъэлакIуэ гупым хэщIапIэ зэрахуэхъунур. Абдеж щетIысэхынущ Дунейм и щытыкIэнур къэзыхутэ станцым и IуэхущIапIэри. «ДэркIэ мы Iуэхум мыхьэнэшхуэ иIэщ. Сыт хуэдиз жэрдэм къыхэдмылъхьэми, «Iуащхьэмахуэ» зыгъэпсэхупIэм и зыужьыныгъэм хуэдунэтIу аращи, дыщогугъ ахэр фIы и лъэныкъуэкIэ къытпэджэжыну. Зы лъэныкъуэкIэ дэ дыхущIокъу тхыдэм дежкIэ мыхьэнэшхуэ зиIэ мы щIыпIэм и теплъэр зэрыщытауэ къэдгъэнэну, абы хэтлъхьэ зэхъуэкIыныгъэхэм фэеплъыр цIыхухэм я нэгу къызэрыщIыхьэ щIыкIэм дыхэмыIэбэу къызэтеднэну. ГурыIуэгъуэщ а бгъэдыхьэкIэр щIэблэм я псэкупсэ гъэсэныгъэмрэ лъэпкъ щIэжымрэ къэIэтыным зэрытелажьэр. Мыбдеж, зэрытщIэщи, Хэку зауэшхуэм и лъэхъэнэм зауэ гуащIэхэр щекIуэкIащ, ди щIалэ куэдми я псэр щатащ. Ар ди щIэблэм едгъэщIэн, нэрылъагъу фэеплъу къахуэдгъэнэн хуейщ. НэгъуэщI лъэныкъуэкIэ укъыбгъэдыхьэмэ, дэ технологием зыщиужь лъэхъэнэ дыщопсэу. ЩIыналъэр фIы и лъэныкъуэкIэ дунейм къебгъэцIыхунумэ, Iэмалыншэу абы и IуэхукIэ щIапхъэу щыIэр зэфIэгъэкIын хуейщ. Псалъэм и хьэтыркIэ, хьэщIэщым и щыIэныгъэр дунейм и щытыкIэ зызыхъуэжым емылъытауэ дгъэпсыну дыхуейщ, уэс къесми, уэшх къешхми, уэздыгъэр зэпымыууэ щыIэу, пэшхэр мыгъуатэу тщIыну ди гугъэщ. Шэч зыхэмылъращи, дизайным и зэхэлъыкIэми куэд иIыгъщ. Къыхэтлъхьэ ухуэныгъэ Iэмалхэм хьэщIэщым и «гъащIэр» кIыхь ищIынущ, иджыпсту хэтлъхьэ мылъкур илъэс пщIы бжыгъэкIэ хурикъунущ, уеблэмэ къигъэхъаржэурэ кIуэну аращ», – жиIащ «Кавказ.РФ» институтым и унафэщIым ухуэныгъэ IуэхухэмкIэ и къуэдзэ Лапухин Владимир. «ПщыкIузым я егъэзыпIэр» Iуащхьэмахуэ щыгум 1909 гъэм дэкIа бгылъэрызекIуэхэм я фэеплъу 1929 гъэм яухуауэ щытащ. Абы щыгъуэм ар пхъэзэтеупщIэ унэу, цIыху 30 фIэкIа щIэмыхуэу щытамэ, иужь илъэсхэм ирагъэфIакIуэурэ екIуэкIащ. Хэку зауэшхуэм и лъэхъэнэм хьэщIэщыр мафIэм хисхьащ, ауэ и теплъэр къызытещ сурэтхэм я фIыгъэкIэ ар щIэрыщIэу зэрагъэпэщыжауэ щытащ. Лъэхъэнэ кIыхькIэ екIуэкIащ ар Европэм и щIыпIэ нэхъ лъагэ дыдэм ит хьэщIэщу къалъытэу. «Сыт хуэдэ лъэхъэни езым и лIыхъужьхэр къыдоунэху, щIэблэр яхудэплъейуэ, щапхъэ трахыу. Дапщэщи пщIэ зиIэри Iулыдж зыгъуэтри Хэкум и Iуэхур ипэ изыгъэщхэращ, абы и хуитыныгъэхэм къыщыжыну хьэзырхэрщ. Абы къикIыркъым лIыгъэ зиIэр Iэщэ зыIэщIэлъым и закъуэу. ЩIэныгъэрэ зэхэщIыкIкIэ лъахэм и хуитыныгъэхэр зыхъумэхэри псэкупсэщ. Хэкум ифI зыхэлъ сыт хуэдэ жэрдэмри цIыхум дэIыгъын хуейщ, жылэр зэкъуигъэувэн, зылI и быну зэришэлIэн папщIэ. ЕдгъэкIуэкIыну гукъэкI зыхуэтщIа Iуэхугъуэри зыхуэунэтIар апхуэдэ зы гуращэщ – цIыхубэр зэдгъэплъыжынырщ, зытет дунейм и лъапIэныгъэмрэ и фIыгъымрэ зыхегъэщIэнырщ. Хэкупсэхэм лъэхъэнэхэр зэпащIэ, цIыхубэ лъапIэныгъэхэр къызэщIаIэтэ. «ПщыкIузым я егъэзыпIэр» псэкупсэ куэдым я увыIэпIэ хъуащ, мыбдеж узэрыгушхуэ хъун тхыдэ къэхъукъащIэ куэд щекIуэкIащ. А фэеплъыр ди щIэблэм къахуэгъэнэныр апхуэдэ Iэмал зиIэ дэтхэнэми ди хьэкъщ», – къыхощ институтым къит хъыбарым. Гуапэщ апхуэдэ гукъэкI зыхуащIа, Iуащхьэмахуэ куэщIым ит хьэщIэщым псэщIэ зэрыIуагъэкIэжыр, ар ди лъахэр хамэщI щыпсэухэм къезыгъэцIыху дамыгъэ зэрыхъунум зэрыхуагъэлажьэр. ШУРДЫМ Динэ.
Поделиться: ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:
|