ЦIыхубэ усакIуэр ягу къагъэкIыжу

КъБКъУ-м щекIуэкIащ «Пока огонь пылает в очаге» литературэ пшыхьыр. Ар теухуат КъБР-м и цIыхубэ усакIуэ, КъБР-м и Къэрал саугъэтым и лауреат, Хэку зауэшхуэм хэта Отаров Керим (1912 - 1974) дунейм зэрехыжрэ илъэс 50 зэрырикъум. Фэеплъ пшыхьыр къызэригъэпэщащ КъБКъУ-м Отаровым и цIэкIэ щыIэ балъкъэр щэнхабзэ центрым, университетым къэрэшей-балъкъэр филологиемкIэ и кафедрэр, ЦIыпIынэ Аслъэн и цIэр зезыхьэ адыгэ щэнхабзэ центрыр, КъБКъУ-м урысыбзэмрэ урыс щэнхабзэмкIэ и щIэныгъэ-егъэджэныгъэ центрыр и дэIэпыкъуэгъуу.

Балъкъэр литературэм и лъабжьэр зыгъэтIылъахэм ящыщ усакIуэм теухуа зэхыхьэм зрагъэхьэлIащ КъБР-м и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм и правленэм хэтхэм, егъэджакIуэхэм, студентхэм, усакIуэм и благъэхэм.

ЗэIущIэм къыщыпсэлъащ КъБР-м и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм и правленэм и унафэщIым и къуэдзэ, КъБР-м и цIыхубэ усакIуэ Беппаев МутIэлип, КъБКъУ-м къэрэшей-балъкъэр филологиемкIэ и кафедрэм и унафэщI, филологие щIэныгъэхэмкIэ доктор, профессор Кетенчиев Мусса.

Пшыхьым къекIуэлIахэм ягу къагъэкIыжащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и щэнхабзэм хэлъхьэныгъэфI хуэзыщIахэм, балъкъэр литературэм и лъабжьэр зыгъэтIылъахэм ящыщ Отаров Керим и гъащIэмрэ гуащIэмрэ теухуахэр.

Отаров Керим Совет Союз псом къыщацIыхуу щытащ. Балъкъэр литературэм хэлъхьэныгъэфI хуэзыщIа усакIуэшхуэр Тырныауз къалэм къыщалъхуащ. УсакIуэм и япэ усэ тхылъыр къыдагъэкIащ 1930 гъэм.1936 гъэм ар хагъэхьащ СССР-м и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм. 1938 гъэм КъБАССР-м и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм и унафэщI хъуащ. Балъкъэрхэр я щIыналъэм щрагъэIэпхъукIам, и лъэпкъэгъухэм я гъусэу Къыргъызым щыIащ. 1956 гъэм Налшык къигъэзэжа нэужь, «Шуехлукъ» («Дружба») журналым щылэжьащ. Хэку зауэшхуэм щызэрихьа лIыгъэмрэ хахуагъэмрэ папщIэ къыхуагъэфэщащ «Вагъуэ плъыжь» орденыр. Отаровым и Iэдакъэ къыщIэкIахэр Хэку лъагъуныгъэкIэ гъэнщIащ. Абыхэм къыщыгъэлъэгъуащ къэралым и зыужьыныгъэр, гуащIэрыпсэухэм я лэжьыгъэ хьэлэлыр, щIыналъэм и дахагъэр. УсакIуэр куэд щIауэ къытхэмытыжми, абы и IэдакъэщIэкIхэр цIыхубэм зэIэпах. Тырныауз къалэм дэт лицей №1-м хэту мэлажьэ Отаров Керим и цIэр зезыхьэ музей. Абы щахъумэ усакIуэм и сурэтхэр, дунейм къытехьа и япэ тхылъхэр, къыщIэна хьэпшыпхэр.

Дунейпсо классикэ тхыгъэ нэхъыфIхэр Отаровым балъкъэрыбзэкIэ зэридзэкIащ. Езым ейхэр зэдзэкIауэ щыIэщ. Мечиев Кязим и цIэр зезыхьэ щэнхабзэмкIэ фондымрэ Отаров Керим и цIэр зезыхьэ щэнхабзэмкIэ фондымрэ медалхэмрэ фIыщIэ тхылъхэмрэ иратащ усакIуэм и тхыгъэхэр зэзыдзэкIахэу Латынин Валерэ, Скодтаев Эльбрус, Накостоев Хаваш, Мизиев Къанщобий сымэ.

Отаров Керим и усэхэмрэ и псалъэхэр зыщIэлъ уэрэдхэмрэ балъкъэрыбзэкIэ, адыгэбзэкIэ, урысыбзэкIэ, тыркубзэкIэ, тыркумэныбзэкIэ, инджылызыбзэкIэ студентхэм зэхыхьэм щагъэIуащ. ХьэщIэхэм зыхагъэгъуэзащ усакIуэм и гъащIэмрэ гуащIэмрэ теухуауэ ягъэлъэгъуа тхылъхэмрэ сурэтхэмрэ. Ар ягъэхьэзыращ КъБКъУ-м и библиотекэм и лэжьакIуэхэм.

Отаров Керим и цIэр зезыхьэ балъкъэр щэнхабзэ центрым и унафэщI Бейтыгъуэн Исмахьил пшыхьым хэта, ар зыгъэхьэзыра дэтхэнэми фIыщIэ тхылъхэмрэ саугъэтхэмрэ яритащ.

Пшыхьым къыщыпсэлъахэм къыхагъэщащ усакIуэм и зэфIэкIымрэ лъагъуныгъэмрэ тыхь зыхуищIа цIыхубэм ар зэрыщымыгъупщэр зэрыгуапэр, зи усэхэр Урысейм, Азие Курытым щыпсэу лъэпкъхэм я бзэхэмкIэ зэрадзэкIа Отаровым и Iэдакъэ къыщIэкIахэм дяпэкIи лъэпкъхэр зэныбжьэгъугъэ быдэрэ мамырыгъэкIэ зэрызэкъуигъэувэнур. Апхуэдэ дыдэуи гуапэщ щэнхабзэмрэ гъуазджэмрэ я цIыхухэр Отаров Керим и усэхэм куэду зэрыщIэупщIэр, гулъытэ зэрыхуащIыр.

ТЕКIУЖЬ Заретэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

06.12.2024 - 13:53

ЦIыху хуэдэу ущытынумэ

Аутизмэм ехьэлIа хъыбарыр цIыхухэм ялъэгъэIэсыным и дунейпсо махуэм ирихьэлIэу къызэрагъэпэщ, #ЦIыхухэрЦIыхуХуэдэу зи фIэщыгъэ урысейпсо инклюзив гъэлъэгъуэныгъэр иджыблагъэ Налшык къалэм ебгъуанэу

06.12.2024 - 09:03

Лъэпкъ хъугъуэфIыгъуэр щызэхуэхьэса унэ

Сурэтым: (сэмэгумкIэ къыщыщIэдзауэ): Тау Замирэ, Аслъэныкъуэ Мадинэ, МэшлIокъуэ Саидэ, Уэзрокъуэ Чэрим, Ансыкъуэ Иринэ.

06.12.2024 - 09:03

ЩIыгулъ - ерыскъылъэ

Мы гъэм епщыкIузанэу ЩIыгулъым  и дунейпсо махуэр зыгъэлъапIэхэм ящыщщ Урысей Федерацэри. 

05.12.2024 - 15:02

НыбжьыщIэхэм я къэкIуэнум теухуауэ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек яхуэзащ «ЛIыхъужьхэм я щIэ­блэ» Iуэхум хэта ныбжьыщIэхэм.

05.12.2024 - 12:25

Сабийхэр ягъэгушхуэ

Ныкъуэдыкъуэхэм я дунейпсо махуэм трагъахуэу, дыгъэгъа­зэм и 3-м, сабийхэм пшыхь гу­къинэж щыхуащIащ Узыншагъэр щрагъэфIакIуэ «Лэгъупыкъу» центрым.