ИпотекэкIэ псэупIэхэр куэду къащэху

«ДОМ.РФ» банкым и пресс-IуэхущIапIэм къызэритамкIэ, 2024 гъэм ипотекэкIэ къэралым къыщащэхуа псэупIэхэм я куэдагъымкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым япэ увыпIэр иIыгъщ. Ар къызыхэкIар ипотекэ кредитым щIэупщIэшхуэ республикэм зэрыщиIэрщ. Абы къыхэкIыуи, псэупIэу унэщIэхэм щащэхэм я куэдагъым зэрыхэхъуэм къыдэкIуэу, цIыхухэм дежкIи нэхъ къэщэхугъуафIэ ахэр мэхъу.

Апхуэдэ щытыкIэм щхьэсыгъуэ хуэхъуу къэпщытакIуэхэм къалъытэр щэхуакIуэхэр къызэрыдахьэхын IэмалыфIхэр ухуакIуэхэм зэраIэмрэ щIыпIэ властым абыхэм ирагъэгъуэт дэIэпыкъуныгъэхэмрэщ. Абы иджыри хохьэ щIыпIэ инфраструктурэм зэрызрагъэужьри.

Къэбгъэлъагъуэмэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым ипотекэкIэ нэхъыбэу къыщащэху псэупIэхэр ику иту метр зэбгъузэнатIэ 70 хъухэрщ.

Кавказ Ищхъэрэм щыпсэухэм щыщу процент 39-м я мурадщ 2024 гъэм ипотекэм хыхьэну. КИФЩI-м и цIыхухэм щыщу щIым тет унэ е «танхаус» жыхуаIэ ухуэныгъэр къэзыщэхунухэр процент 37-рэ мэхъу, фэтэрыжьхэм щIэупщIэхэр - процент 35-рэ, къат куэду зэтет унэхэм хэт фэтэрхэм дихьэххэр - процент 31-рэ.

ХЬЭЩЫКЪУЕЙ Олег.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

06.12.2024 - 09:03

Лъэпкъ хъугъуэфIыгъуэр щызэхуэхьэса унэ

Сурэтым: (сэмэгумкIэ къыщыщIэдзауэ): Тау Замирэ, Аслъэныкъуэ Мадинэ, МэшлIокъуэ Саидэ, Уэзрокъуэ Чэрим, Ансыкъуэ Иринэ.

06.12.2024 - 09:03

ЩIыгулъ - ерыскъылъэ

Мы гъэм епщыкIузанэу ЩIыгулъым  и дунейпсо махуэр зыгъэлъапIэхэм ящыщщ Урысей Федерацэри. 

05.12.2024 - 15:02

НыбжьыщIэхэм я къэкIуэнум теухуауэ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек яхуэзащ «ЛIыхъужьхэм я щIэ­блэ» Iуэхум хэта ныбжьыщIэхэм.

05.12.2024 - 12:25

Сабийхэр ягъэгушхуэ

Ныкъуэдыкъуэхэм я дунейпсо махуэм трагъахуэу, дыгъэгъа­зэм и 3-м, сабийхэм пшыхь гу­къинэж щыхуащIащ Узыншагъэр щрагъэфIакIуэ «Лэгъупыкъу» центрым.

05.12.2024 - 09:06

Псори зэлъытар цIыхурщ

Дуней псом щыцIэрыIуэ бзэщIэныгъэлI, зи къэхутэныгъэхэр бзэхэр зэгъэпщэным лъабжьэ хуэхъуа Гумбольдт Вильгельм зэгуэр жиIэгъат: «Бзэм макъ пщыкIуий фIэкIа имыIэми, абыкIэ дунейм и теплъэр сурэту ищ