Бжьыхьэсэм щIагъэхуабжьэДунейм зэрызиIэтыжу Къэбэрдей-Балъкъэрым и мэкъумэшыщIэхэм бжьыхьэсэ лэжьыгъэхэм щIагъэхуэбжьэжащ. НобэкIэ, зэкIэ къызэратамкIэ, бжьыхьэсар хащIащ гектар мин 31-м щIигъум. Ар зы мащIэкIэ нэхъыбэщ нэгъабэ и иджы хуэдэ лъэхъэнэм щыIа бжыгъэхэм нэхърэ. Бжьыхьэсэр зыхащIа щIым щыщу гектар мин 20,7-м гуэдзыр, гектар мини 4,7-м - хьэр, гектар мини 5,4-м - рапсыр хащIащ, Iэщым ирагъэшхыну къэкIыгъэ щхъуантIэм гектар 0,4-рэ хухахащ. МэкъумэшыщIэхэм къызэрыхагъэщымкIэ, бжьыхьэсэм гъавэ бэв къитын папщIэ, щыIэ мардэм къитIасэ, фIагъ лъагэ зиIэ жылапхъэхэр хащIэ, абыхэм хуагъэхьэзыра щIым щIыгъэпшэрхэр игъуэу ират. ЗэрыхуагъэфащэмкIэ, 2025 гъэм кърахьэлIэжыну гъавэм гектар мин 65-м щIигъу мы гъэм хухахынущ. Бжьыхьэсэр илъэс къэс зытращIэм хуэдиз ар мэхъу. ХЬЭЩЫКЪУЕЙ Олег.
Поделиться: ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:
|