Къэбэрдей-Балъкъэрым и лэжьыгъэр къалъытэ

Урысей Федерацэм и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Хуснуллин Марат иджыблагъэ иригъэкIуэкIащ Правительствэм къэралым и шIыналъэхэм зегъэужьынымкIэ и комиссэм 2024 гъэм и мазибгъум къриубыдэу хузэфIэкIахэмрэ къапэщылъ къалэнхэмрэ къыщызэщIакъуэжа зэIущIэ. Апхуэдэу абы щытепсэлъыхьащ иджыблагъэ къыхалъхьа лъэпкъ пэхуэщIэщIэр, «ГъащIэм щхьэкIэ инфраструктурэ» жыхуиIэр гъэзэщIа хъунымкIэ щыIэ Iэмалхэм.

Хуснуллин Марат къигъэлъэгъуащ ухуэныгъэ IэнатIэм ехъулIэныгъэфIхэр зэриIэр икIи иужьрей илъэситхум къриубыдэу абы щрагъэкIуэкIа лэжьыгъэхэм я куэдагъым процент 30-кIэ зэрыхэхъуар.  Псом хуэмыдэу къыхигъэщащ гъуэгу ухуэныгъэхэм зэреужьэрэкIыр икIи абы ехьэлIа Iуэхугъуэ пэрытхэр пэхуэщIэщIэм зэрыхагъэхьэнур.

Иджыпсту къэралым щылажьэ лъэпкъ пэхуэщIэхэмрэ федеральнэ программэхэмрэ щIыналъэхэм зэрыщагъэзащIэм теухуауэ къыщыпсалъэм УФ-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэм къыхигъэщащ Къэбэрдей-Балъкъэрыр пэрытхэм зэрахэтыр. Ди республикэм нэмыщI, ехъулIэныгъэфIхэр а IэнатIэхэм къыщагъэлъэгъуащ Осетие Ищхъэрэ – Аланием, Адыгейм, Башкортостаным, Тэтэрстаным, Шэшэным, Чувашием, Пензэ, Новгород Ищхъэрэм, Воронеж, Мэзкуу, Оренбург, Курск, Кострома областхэм.

Псалъэм папщIэ, иужьрей илъэситхум къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым и автомобиль гъуэгу километр 1000-м щIигъур щыIэ мардэхэм кърагъэтIэсэжащ. Абыхэм я нэхъыбэр йокIуалIэ е ухуашэ социальнэ мыхьэнэ зиIэ IуэхущIапIэхэм, фэтэр куэду зэхэт псэупIэхэр здэщыIэ хьэблэхэм, нэгъуэщIхэми.

ЩIэуэ яухуащ е зэрагъэпэщыжащ псы къабзэ зэрыкIуэ бжьамийуэ километр 400-м щIигъу. ЩIыналъэм щыпэрыхьащ Бахъсэн псы къыщIэшыпIэ зэрыIыгъым ехьэлIа пэхуэщIэр гъэзэщIэным. Иджыпсту Дзэлыкъуэ псы къыщIэшыпIэм и етIуанэ Iыхьэр яухуэну загъэхьэзыр.
«Шэч къытесхьэркъым пэхуэщIэщIэм и Iэмал псори нэсу къэдгъэсэбэпу абы дызыхэтынум, республикэм исхэм я дежкIэ мыхьэнэшхуэ зиIэ, цIыхухэм я псэукIэр егъэфIэкIуэным ехьэлIа лэжьыгъэхэр гъэзэщIэныр а проектым нэхъри зэрыщIигъэхуэбжьэнум», - щыжиIащ езым и телеграм-каналым Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек.

ХЬЭЩЫКЪУЕЙ Олег.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

14.06.2025 - 09:03

Анэшхуэм и къэрабэ

Уэсыр зэрытекIыу щIым къыхэкI къэрабэгъуэжь цIыкIур бжьыхьэр къэсу дунейр щIыIэтыIэ хъуху къогъагъэ. Абы махуэм хуэзэу и фэр тIэу ехъуэж.

13.06.2025 - 09:03

АдэкIи зэрызиужьынум хущIэкъунущ

Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым и пщIэр нэхъ лъагэу щиIэтащ еджапIэ нэхъыщхьэхэм ящыщу 100-м я фIагъыр къэзыхута RAEX зи фIэщыгъэ къэралпсо пщалъэм.

12.06.2025 - 09:03

ГуфIэгъуэ дауэдапщэ

Налшык, ХьэтIохъущокъуэм и цIэр зезыхьэ уэрамым тет унэхэм я зым и пщIантIэм  щекIуэкIащ Къурмэн махуэм иращIэкIа гуфIэгъуэ дауэдапщэр. 

11.06.2025 - 09:03

ЩIэблэр щIапIыкI

Хэку зауэшхуэм и илъэс хьэлъэхэр кIуэ пэтми тпэIэщIэ мэхъу, ауэ ди цIыхухэм зэрахьа лIыгъэр, къагъэлъэгъуа хахуагъэр, къалъыкъуэкIа къару мыкIуэщIыжыр дапщэщи фэеплъ лъапIэу къыддокIуэкI.

11.06.2025 - 09:03

IэщIагъэмрэ щыIэныгъэмрэ

Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр университетым IэнатIэхэм зегъэужьынымкIэ и центрым зыбжанэ лъандэрэ лэжьыгъэ хъарзынэ ирегъэкIуэкI, еджапIэ нэхъыщхьэр къэзуха ныбжьыщIэхэр лэжьыг