Лъагъуэ купщIафIэ хэзышахэр

Къэрэшей-Шэрджэсым и къалащхьэ Черкесск дэт ЩэнхабзэмкIэ унэм жэпуэгъуэм и 25-м щекIуэкIащ гуфIэгъуэ щытыкIэм тету къызэрагъэпэща зэхыхьэ. 

Зэхуэсышхуэр теухуат а республикэм лъэпкъыбзэ­хэмкIэ къыщыдэкI «Черкес хэку», «Къарачай»  газетхэр къызэрыунэхурэ илъэси 100 зэрырикъум. Ар зыгъэлъапIэхэм къе­хъуэ­хъуащ Къэрэшей-Шэрджэсым и Парламентымрэ и Правительст­вэмрэ я лIы­кIуэхэр, къуэш щIыналъэхэу Къэбэрдей­-Балъкъэрым, Адыгейм, Абхъазым икIахэр.
ГуфIэгъуэ пшыхьым ще­кIуэкIа Iуэхугъуэхэм ящыщу, «Черкес хэку», «Къарачай» газетхэм я лэжьакIуэхэу лъэпкъ журналистикэм зыкъегъэIэтыным, зегъэу­жьы­ным хэлъхьэныгъэшхуэ хуэ­зы­щIа, къыхуагъэфэща IэнатIэм псэ хьэлэлкIэ, ягурэ я щхьэрэ зэтету илъэс куэдкIэ бгъэдэтахэм, Къэрэшей-Шэрджэсым и Iэтащхьэм,  Правительствэм, Парла­мен­тым къабгъэдэкIыу, къэ­­рал дамыгъэхэр, щIыхь-фIыщIэ тхылъхэр иратащ.
Зэхыхьэм хэтащ КъШР-м и Правительствэм и Уна­фэщI Аргун Мурат, республикэм и ЦIыхубэ Зэхуэсым (Парламентым) и къудамэ­хэм я унафэщIхэмрэ депутатхэмрэ, Къэрэшей-Шэрджэсым и Правительствэм щыщхэр, Къэбэрдей-Балъкъэрым, Адыгэейм, Аб­хъазым икIахэр, республикэм и жылагъуэ IуэхущIапIэхэм щыщхэр, къалэдэс­хэмрэ хьэ­­щIэхэмрэ.
ЗэIущIэм и пэщIэдзэм ­Аргун Мурат къеджащ ­КъШР-м и Iэтащхьэ Темрезов Рашид и хъуэхъу тхыгъэу «Черкес хэку», «Къарачай» газетхэм, къызэ­рыу­нэхурэ илъэсищэ зэры-­­        ри­къур зыгъэлъапIэхэм, я редакцэхэм яхуэгъэзам. 
«БлэкIа илъэс пщIы бжыгъэхэм газетхэр диIащ хэгъэгум, къэралым, уеблэмэ дуней псом къыщекIуэкI Iуэхугъуэхэм дахэзыгъаплъэ Iэ­мал нэхъ пажэхэм ящыщ зыуэ. КъыдэкIыгъуэхэм къы­техуэ-къытрадзэ тхыгъэ­хэмрэ сурэтхэмкIэ цIыхухэм сытым щыгъуи щыгъуазэ зыхуащIыфырт къэрал аб­рагъуэм и плIанэпэ нэхъ пхы­­дзахэм я деж къыщы­щIэ­дзауэ дэнэ лъэныкъуэ­кIи щаублэ ухуэныгъэ те­лъы­джэхэм зэрызыкъаIэ­тым, абыхэм пэрыхьэхэм я щыIэкIэ-псэукIэр зыхуэдам, Хэку зауэшхуэм и лъэхъэнэ хьэлъэм зауэ IэнатIэм лIыхъужьыгъэ щызезыхьахэм­рэ хьэршым япэу нэсахэмрэ абдежым щызыхащIар зи­щIысым, нэгъуэщIхэми», - итщ Темрезов Рашид зи гугъу тщIа и тхыгъэу зэхы­хьэм щIэсахэм зэхрагъэхам.
Республикэм и Iэтащхьэм и тхыгъэм адэкIи къы­зэрыщыхигъэщауэ, лIэщIыгъуэ псо мэхъури «Черкес хэку», «Къарачай» газетхэр, ноби уи дзыхь зэбгъэз хъун хъыбархэр къыздипхыф IэмалыфIу зэры­щытым и мызакъуэу, жылагъуэ Iуэху еплъы­кIэхэми я къы­зэгъэ­пэщакIуэщ, нэ­хъыщ­хьэжыр аращи, къэрэшей, адыгэ лъэпкъхэм я щэнхабзэмрэ бзэмрэ зыхъу­мэщ.
Зи IэщIагъэкIэ зэхэщIыкI лъагэ зыбгъэдэлъ, зэры­Iыгъ журналист гупхэм Къэ­рэшей-Шэрджэсым мыхьэнэшхуэ щызиIэу къыщыхъу-къыщ­рахьэжьэ лэжьыгъэ­хэр зыхуэдэр пэжагъэ ин хэлъу къагъэлъагъуэ, цIыху­хэм я Iуэху бгъэдыхьэкIэ-еплъыкIэ дахэхэр, жыджэрхэр пхыгъэкIынымкIи сэбэ­пыш­хуэ мэхъу, УФ-м и Президент Путин Владимир къа­­хуигъэув, псоми ди зэ­хуэдэ гупсысэ нэхъыщ­хьэ­хэмрэ мурадхэмрэ зыхуэ­дэм цIыхухэр хагъэгъуазэ. КъинэмыщIауэ, Къэрэ-­          шей-Шэрджэсым щыпсэу ­лъэп­къ­хэр зэрызэгурыIуэр, зэры­зэкъуэтыр нэхъри гъэ­бы­дэнымкIи къалэныш­хуэ ягъэ­защIэ. 
«Илъэсищэм и кIуэцIкIэ «Черкес хэку», «Къарачай»  газетхэм яхузэфIэкIащ зэманым и гъэунэхуныгъэхэм пхыкIын, адэжьхэм я щIэи­ныр, гупсысэ узыншэхэр лIэ­­щIыгъуэ псом пхрахын. Абы къыхэкIыуи, щы­ла­жьэ­хэм сынывохъуэхъу фIагъ зы­хэлъ, мыхьэнэ зиIэ фи тхы­гъэхэмкIэ фи щIэджы­кIакIуэхэр дяпэкIи вгъэгуфIэну, зи IэщIагъэм дэгъуэу хэзыщIыкI фэ, фи зэхэтыкIэ-хабзэ къекIухэр адэкIи зе­зыхьэфын, фызы­пэрытым пы­зы­­щэфын журналист ныбжьыщIэхэр къыфкъуэувэну!» - щыпещэ Темрезовым зи гугъу тщIа и тхыгъэу КъШР-м и Правительствэм и УнафэщI Аргун Мурат къы­зэджам. 
Премьер-министрым зэ­рыжиIауэ, интернет Iэмалхэм ди нобэрей гъащIэм хуабжьу зыщаужьами, тхы­лъым­пIэм традзэ псалъэм и мыхьэнэр зэрылъагэр къызыгурыIуэхэр иджыри мащIэкъым. Газетхэм яIэщ езым я щIэджыкIакIуэхэри, къытехуэ тхыгъэхэр зы­фIэщIэщыгъуэу къыкIэлъыкIуэ къыдэкIыгъуэм темы­пыIэжу пэплъэхэри. Аргу­ным къыхигъэщащ щIыналъэм и хъыбарегъащIэ IэнатIэхэм дяпэкIи гулъытэ хэха зэрыхуащIынури зэрызаужьын IуэхухэмкIэ зэры­зы­щIагъэкъуэнури. 

Премьер-министрым зэIущIэм щIэсахэм, и псалъэм къыдэкIуэу, яжриIащ щIыналъэм и Iэтащхьэ Темрезов Рашид и унафэкIэ Къэрэшей-Шэрджэсым лъэпкъыбзэ­хэм­кIэ къыщыдэкI «Аба­зашта», «День республики», ­«Къарачай», «Ногай давы­сы», «Черкес хэку» газетхэм ящыщ дэтхэнэми Lada Vesta автомобилыщIэхэр зэрыратар. 
Республикэм и ЦIыхубэ Зэ­хуэсым (Парламентым) и Уна­фэщI Иванов Александр и цIэкIэ, зи юбилейр зыгъэ­лъапIэ газетитIым щыла­жьэхэмрэ ветеранхэмрэ ­хъуэхъу псалъэкIэ захуигъэзащ КъШР-м Лъэпкъ поли­тикэмкIэ, республикэм и щIыб зэпыщIэныгъэхэмкIэ, хьэ­рычэтыщIэу щымыт зэгу­хьэныгъэхэм я Iуэхухэмрэ цIыхубэ хъыбарегъащIэ IэнатIэхэмкIэ и комитетым и уна­фэщI Темрезов Наурыз. 
- Илъэсищэр пIалъэ кIыхьщ. Редакцэхэм илъэс пщIы бжыгъэкIэрэ щылэ­жьащ республикэм и цIэр фIыкIэ зыгъэIуа усакIуэхэр, тхакIуэхэр, журналистхэр. Абыхэм ящыщщ Батчаев Мыхьэмэт, Каракетов Хьисэ, Байрамуковэ Хьэлимэт, Мам­хэгъ Шыхьбан, Гъуэщокъуэ Хъусин, Ботэщ Ибрэхьим сы­мэ, нэгъуэщIхэри. Нэхъы­жьыфI­хэр зытета хабзэ-бзыпхъэхэм ирогъуазэ ди газет­-хэм щылажьэ иджырей ­журналистхэри. Мыдрейуэ ды­зыгъэгушхуэщ икIи дызыгъэгуфIэщ «Къарачай», «Чер­кес хэку» газетхэм я ­махуэшхуэр зэуIуу зэрызэ­дагъэлъапIэри. Ари и зы щыхьэтщ лъэпкъ зэмылIэу­жьыгъуэхэм къахэкIахэм я зэхуаку зэгурыIуэныгъи зэры­лъыти ди деж дяпэкIи зэры­щыдэлъынум, - жиIащ абы. 
ЗэIущIэм къызэрыщыхагъэщауэ, КъШР-м и Iэтащхьэм и унафэкIэ, «Къэрэшей-Шэрджэсым щIыхь зиIэ и журналист» цIэ лъапIэр фIащащ «Къарачай», «Черкес хэку» газетхэм я лэ­жьа­кIуэхэу Байрамкуловэ Зульфия, Дзэмыхь Маринэ, Хубиевэ ФатIимэ, Туаршы Иринэ сымэ, «Къэрэшей-Шэрджэ­сым щIыхь зиIэ и экономист» хъуащ газетитIым я бухгал­-тер нэхъыщхьэхэу ЛIымахуэ Iэсятрэ Эбзеевэ Марьянэ­рэ. Апхуэдэуи, щIыналъэм и        Iэ­тащхьэм къыбгъэдэкIа ЩIыхь, ФIыщIэ тхылъхэмкIэ, КъШР-м и Правительствэм къыбгъэдэкIа ЩIыхь тхылъ­хэмкIэ ягъэпэжащ газетитIым я редактор нэхъыщ­хьэ­хэмрэ я лэжьакIуэ зыбжа­нэмрэ. 
ЩIыхь тхылъхэмрэ тыгъэ лъапIэхэмкIэ «Къарачай», «Чер­кес хэку» газетхэм я журналистхэр зыгъэгуфIахэм ящыщщ Къэбэрдей-Балъкъэрым, Адыгейм, Абхъа­-зым я лIыкIуэхэри. Апхуэдэу, ди щIыналъэм икIахэм шуу­пэгъуазэу диIа, КъБР-м и Журналистхэм я зэгухьэныгъэм и тхьэмадэ, «Адыгэ псалъэ» газетэм и редактор нэхъыщхьэ Жыласэ Заурбэч «Черкес хэку» «Къарачай» газетхэм щылажьэхэм хъуэхъу псалъэкIэ захуигъэзащ. 
- Нобэ вгъэлъапIэ фи махуэшхуэмкIэ дынывохъуэхъу! Фи газетхэм къыдэкIын зэ­ры­щIидзэрэ блэкIа илъэси­щэм къалэн куэд игъэзащIэу къе­кIуэкIащ, иджыри ап­хуэдэщ. «Адыгэ псэукIэр» (арат ре­волюцэ нэужьым а щIыналъэм къыщыунэхуа адыгэ лъэпкъ газетэм зэ­ре­джэу щытар) традзэн щрагъэжьам гугъуехь куэдым пэщIэхуащ, цIыхубэм я пащхьэм щихь жэуаплыны­-гъэр ину щытащ. Ауэ адыгэ­бзэрэ къэрэшеибзэкIэ газет къы­дэкIын зэры­щIидзам ­игъэгушхуэр куэдти, лъагъуэ ­куп­щIафIэ хашри,  гъуэгу бгъуфIэ теуващ. Но­бэ­рей «Черкес хэкумрэ» «Къа­­рачай»-мрэ цIыхухэм хъы­бар яри­гъащIрэ къудейкъым, атIэ газет жыпхъэм икIри, ­Iэмал куэд зиIэ къыдэкIы­гъуэ хъуащ. Ахэр лъэп­къым и джа­кIуэщ, адыгэбзэмрэ ­къэ­рэшеибзэмрэ я хъу­ма­кIуэщ, я лъагъуэхэшщ, цIы­хубэм я гупсысэр зыу­нэтIщ. 
Газетхэм я лэжьакIуэхэр жы­джэру хэтщ щIыналъэм ще­кIуэкI политикэ, жылагъуэ Iуэхухэм, Къэрэшей-Шэрджэ­сым и зыужьыныгъэр ди ­пащхьэ къралъхьэ, цIыхубэ зэхэ­тыкIэмрэ псэукIэмрэ ефIэ­кIуэным я къалэмыр ­жану хуагъабзэ. ДэркIэ нэхъыщхьэращи, адыгэ, къэрэшей зэрыс республикэхэм къыщыдэкI лъэпкъ газетхэм ди зэпы­щIэныгъэр гъэ­бы­дэ­ным и ­гуащIэ хилъхьэ зэ-пытщ, гуа­пэу дызэрощIэ, ды­зэдола­жьэ, дызэкIэлъокIуэ. 
Иджыблагъэ лъэбакъуэ­-щIэ тчащ абы и лъэныкъуэ­кIэ: журналистхэмкIэ дызэ­хъуажэурэ къуэш редакцэ­-хэм щыдогъэлажьэ, зэхуа­хьэс тхыгъэхэр КъБР-м, КъШР-м, Адыгэ Республикэм къыщыдэкI газетхэм къытыдодзэж. Абы, шэч хэмылъу, дызэрызэкъуэшыр егъэбы­-дэ, ди зэхущытыкIэхэр нэхъ­-ри ирегъэфIакIуэ. «Черкес ­хэку» хущIокъу хамэ къэ­ралхэм щикъухьа ди лъэп­къэгъухэми гулъытэ лей яхуи­щIыным, лъэпкъ Iуэхур ипэ­-кIэ игъэкIуэтэным. А псоми щIэщыгъуэ, купщIафIэ, щхьэ­пэ ящI газетым и дэтхэ­-нэ къыдэкIыгъуэри. Ди лэ­жьэгъухэм дохъуэхъу узыншагъэ быдэ яIэу, я лэжьыгъэм къыпэкIуэ хъерым я гур щыз ищIу, я щхьэкIи, я уна­гъуэкIи, я IуэхукIи гукъеуэ ямыIэу псэуну, республикэм адыгэбзэкIэ къыщыдэкI га­-зет закъуэр дяпэкIи ефIэ­кIуэну! - жиIащ Жыласэм, «Адыгэ псалъэ» газетым щы­лажьэхэм я цIэкIэ къыщы­псалъэм. 
Махуэшхуэм хуагъэхьэ­зы­рат зэIущIэм щIэсахэм щIэ­щыгъуэ ящыхъуа, республикэм къыщыдэкI газетхэм я къэунэхукIэ хъуам, илъэс пщIы бжыгъэхэм къриубыдэу я Iуэху къызэрекIуэкIам щы­тепсэлъыхьыжа фильмхэри.
ЩэнхабзэмкIэ унэм ще­кIуэкIа зэхыхьэр апхуэдэуи ягъэдэхащ Къэрэшей-Шэрджэсым щIыхь зиIэ и уэ­рэд­жыIакIуэхэмрэ и къэфакIуэ гупхэмрэ. 
КЪУМАХУЭ Аслъэн,
Налшык - Черкесск -
Налшык.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

19.07.2025 - 09:03

Заремэ и фэилъхьэгъуэхэр ягъэлъагъуэ

Налшык къалэм нэчыхьхэр щрагъэтх и Уардэунэм щагъэлъэгъуащ дизайнер Дудар Заремэ и IэдакъэщIэкI фэилъхьэгъуэхэр.

19.07.2025 - 09:03

Къыдэхьэхыпхъэщ нэгъуэщIым ямыIэхэмкIэ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и хьэщIащ «Российский центр оборота прав на результаты творческой деятельности» (РЦИС) урысейпсо жылагъуэ-къэрал IуэхущIапIэм и лIыкIуэхэр.

18.07.2025 - 09:03

НыбжьыщIэхэр дихьэхат

«Зыгъэпсэхугъуэр Урысей гвардием щIыгъуу» Iуэхум республикэм щыпащэ. 

17.07.2025 - 15:59

Нурхьэлий фэеплъ къыхузэIуах

Къулъкъужын Ипщэм и курыт еджапIэ №2-м пэкIу щекIуэкIащ, ар къэзыуха, дзэ Iуэху хэхам лIыхъужьу хэкIуэда Гугъуэт Нурхьэлий и щыхькIэ.

17.07.2025 - 09:40

Анэдэлъхубзэр зыгъэбзэрабзэхэр

«Адыгэ дуней» лъэпкъ фондым къызэригъэпэща «Сыринэ» щIалэгъуалэ театрым и унафэщI Гугъуэ­-тыж Ахьмэд зи пашэ гупым къе­жьапIэ яхуэхъуамрэ я мурад­хэмрэ тедгъэпсэ­лъы­хьащ.