Налшык дэт Лъэпкъ музейм иджыблагъэ къыщызэIуахащ «Мозаики Юга России» зыфIаща гъэлъэгъуэныгъэ гъэщIэгъуэн.
ЗэIущIэм хэтащ КъБР-м щэнхабзэмкIэ и министрым и къуэдзэ Карчаевэ Iэминэ, ди республикэм и Парламентым ЕгъэджэныгъэмкIэ, щIэныгъэмкIэ, физкультурэмкIэ, спортымрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и комитетым и унафэщI Емуз Нинэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым и Парламентым ЩэнхабзэмкIэ, жылагъуэм и зыужьыныгъэмрэ хъыбарегъащIэ политикэмкIэ и комитетым и тхьэмадэ Текуев Амурбий, «Кучково поле Музеон» тхылъ тедзапIэм и редактор нэхъыщхьэ Кучков Георгий сымэ, къалэм щыпсэухэмрэ абы и хьэщIэхэмрэ.
Къэпсэлъа псоми зы жьэу жаIащ мывэкIэщхъхэр, абдж зэмыфэгъухэр зэхагъэувэурэ къагъэщI сурэтхэр, тхыпхъэщIыпхъэхэр гъуазджэм и лIэужьыгъуэ гъэщIэгъуэну зэрыщытыр, я нэхъ гугъууи къызэралъытэр. Музейм и пэшым щалъагъу псом зэрыщIэщыгъуэр, мы гъуазджэ лIэужьыгъуэр щIэх-щIэхыурэ утыку къихьэн, цIыху нэхъыбэм егъэлъагъун зэрыхуейри къыхагъэщащ.
Гъэлъэгъуэныгъэм и хьэщIэ лъапIэт сурэтыщI, монументальнэ мозаикэхэр зи IэдакъэщIэкI Ездэч Владимир. Абы иратащ Къэбэрдей-Балкъэр Республикэм ЩэнхабзэмкIэ и министерствэм и ЩIыхь тхылъыр, сурэтыщI гъуазджэм хуищIа хэлъхьэныгъэшхуэм папщIэ.
Гъэлъэгъуэныгъэр къызэрызэIуах пэублэ псалъэхэм къакIэлъыкIуащ выставкэм и цIэджэгъу «Мозаики Юга России» тхылъыр зи IэдакъэщIэкIхэм ящыщ Бычков Игорь иригъэкIуэкIа, лэжьыгъэм гупсэхуу и гугъу щищIа лекцэр. Къызэхуэсахэм ар зэрафIэгъэщIэгъуэныр я нэгум къибджыкIырт, ахэр зыщIэупщIэну хуейхэри мащIэтэкъым.
Пэшым щагъэлъагъуэ лэжьыгъэхэм, мозаикэхэр къызытещ сурэтхэм я нэхъыбэр ди республикэм и гъэтIылъыгъэхэм ящыщщ. Ахэр зыфIэгъэщIэгъуэнхэр фепIэщIэкI, гъэлъэгъуэныгъэр зыхуамыщIыж щIыкIэ.
ИСТЭПАН Залинэ.
Сурэтхэр Къарей Элинэ трихащ.