СурэтыщI ныбжьыщIэхэр утыку кърашэ

СурэтыщI гъуазджэмкIэ Ткаченкэ А. Л. и цIэр зе­зыхьэ музейм къы­щы­зэ­Iуахащ «Кав­каз. Притяжение будущего» зэпеуэм хэт ныбжьы­щIэхэм ящIа лэ­жьы­гъэхэм я гъэлъэгъуэ­ныгъэ. Ар ХудожествэхэмкIэ Урысей ака­де­мием, Урысейм и Сурэ­тыщIхэм я зэгухьэныгъэм, Къэбэрдей-Балъкъэрым ЩэнхабзэмкIэ и министерствэм зэщIыгъуу къызэрагъэпэщащ.

Гъэлъэгъуэныгъэр «Кавказ Ищхъэрэм и иджы­рей сурэтыщIхэм я IэдакъэщIэкIхэм щIэщыгъуэу хэлъыр» щIэныгъэ-егъэ­джэ­ныгъэ лэжьыгъэм и зы Iыхьэщ. Музейм щагъэлъагъуэ Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм, Къры­мым, ДНР-м, ЛНР-м, Адыгейм, Абхъазым, Осетие Ип­щэм, Азербайджаным, Ар­мением, Грузием щыщ сурэтыщI ныбжьыщIэхэм я лэ­жьыгъэхэр. Зэпеуэм хы­хьа­хэм я ныбжьыр илъэс 35-м фIэкIыркъым. Iуэхум ирагъэхьа лэжьыгъэ 75-м ящыщу 56-рэ къыхахащ. 
Гъэлъэгъуэныгъэм теухуа зэIущIэр къызэIуихащ ­РАХ-м и академик, Урысейм и СурэтыщIхэм я зэгухьэныгъэм и секретарь Ступин Сергей.
- ХудожествэхэмкIэ Урысей академиемрэ Урысейм и СурэтыщIхэм я зэгухьэ­ныгъэмрэ КъБР-м ЩэнхабзэмкIэ и министерствэмрэ Парламентымрэ я дэIэпыкъуэгъуу къызэрагъэпэща гъэлъэгъуэныгъэм хагъэ­хьа сурэтхэр удэзыхьэхщ, абыхэм ящыщ дэтхэнэми щхьэхуэныгъэ хыболъа­гъуэ. Илъэс 35-м щхьэдэмыха сурэтыщIхэм езыхэм я хъэтI хэха зэраIэр нэрылъагъущ, - жиIащ абы. 
ЗэIущIэм къыщыпсэлъащ ХудожествэхэмкIэ Урысей академием и Ипщэ къудамэм и унафэщI, Урысей академием и академик, УФ-м щIыхь зиIэ и сурэтыщI, Ипщэ федеральнэ университетым архитектурэмрэ ­гъуазджэмкIэ и академием сурэт щIынымкIэ, графикэмрэ скульптурэмкIэ и кафедрэм и профессор Олешня Сергей. 
- Къэбэрдей-Балъкъэрым сыкъэкIуэныр сыт щыгъуи си гуапэщ, сыту жыпIэмэ мыр я щIыналъэщ дуней псом щыцIэрыIуэ сурэтыщI куэдым. Абыхэм ящыщщ Пащты Гермэн, КIыщ Мухьэдин, ТхьэкIумашэ Михаил сымэ, нэгъуэщIхэри. 
Зэгуэр, 70 гъэхэм, сыщIалэжь цIыкIуу Налшык сыкъэкIуауэ, сызыIущIауэ щы­тахэм сурэтыщI гъуазджэм апхуэдиз дахагъэрэ щIэщыгъуагърэ халъхьэну иджыри сщIэртэкъым, - жиIащ абы. КъБР-м и сурэтыщI цIэры­Iуэхэм ящыщу я цIэ къри­Iуащ зэIущIэм кърихьэлIа и ныбжьэгъухэми - Црым Русланрэ ГъущIапщэ Арсенрэ. 
Гъэлъэгъуэныгъэм и гугъу щищIым, къыхигъэщащ ХудожествэхэмкIэ Урысей академием и президент, СССР-мрэ УФ-мрэ я цIыхубэ сурэтыщI Церетели Зураб, Урысейм и СурэтыщIхэм я зэгухьэныгъэм и секретарь Ступин Сергей сымэ ящIэ лэжьыгъэм егъэлеяуэ пщIэ зэрыхуищIыр. Езыр зи профессор университетым те­п­сэлъыхьу жиIащ, абы скульп­турэмкIэ къудамэр къы­щызэIуах къудей мы­хъуу, абыкIэ кафедри зэ­рызэрагъэпэщар.
- Нобэ зи IэдакъэщIэкIхэр гъэлъэгъуэныгъэм хэт щIалэгъуалэм я зэчийхэр нэхъри къызыкъуахыну, сурэт телъыджэхэр утыку кърахьэну, сурэтыщI ныбжьыщIэхэр фIым я фIыжу къыщIэкIыну ди гуапэщ, - жиIащ абы. 
УФ-м и цIыхубэ сурэтыщI, ХудожествэхэмкIэ Урысей академием и академик Петров Константин къытеувыIащ гъэлъэгъуэныгъэм щIа­­лэгъуалэ зэчиифIэм я дежкIэ мыхьэнэшхуэ зэри­Iэм. 
- ХудожествэхэмкIэ Урысей академием и президент Церетели Зураб академием и лэжьакIуэхэр щIэх-щIэ­хыурэ зэхуешэс, сурэты­щIым гъащIэм щиубыд увы­пIэм, абы и лэжьэкIэм, и гупсысэкIэм топсэлъыхь. Iуэ­хугъуэ нэхъыщхьэ дыдэу зэIущIэхэм сыт щыгъуи къы­щыувыр къыдэкIуэтей щIэблэм къалъыс гулъытэм теухуахэрщ. Сурэт гъуазджэм и пIалъэр зыщIэ, IэнатIэ хэха зыIыгъ сурэтыщIхэм йоупщI: «Фэ егъэджакIуэ лъэщ­хэр фиIащ, абыхэм куэд къыфхалъхьащ. Иджы фыхьэзыр щIэблэм щIэныгъэкIэ фадэгуэшэжыну?!» - жиIэу. АтIэ, мы гъэлъэгъуэ­ныгъэр щIалэгъуалэм я деж гъуазджэм зыщиужьы­ным ехьэлIа зы Iуэхугъуэщ. Мыр егъэлеяуэ яхуэщхьэпэну си гугъэщ сурэтыщI ныбжьыщIэхэм, - жиIащ Петровым. 
ХудожествэхэмкIэ Урысей академием и член-корреспондент, РАХ-м и щIэныгъэ-къэхутакIуэ институтым и щIэ­ныгъэлI нэхъыщхьэ, ­УФ-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Астраханцевэ Татьянэ жиIащ гъуазджэм и цIыхухэр щIа­лэ­гъуа­лэу е ныбжь зиIэу зэхэб­гъэщ­хьэхукIыну къемы­зэ­гъыу. Къ­ы­зэ­­рыхигъэщамкIэ, зэчийм псори зэхуе­гъадэ.
ЗэIущIэм къыщыпсэлъащ ХудожествэхэмкIэ Урысей академием щIыхь зиIэ и академик, УФ-м гъуазджэм­кIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Бойцовэ Татьянэ.
- Гъэлъэгъуэныгъэр гъэ­щIэ­­гъуэнщ, лэжьыгъэхэр зэмыщхьщ. Мы лэжьыгъэхэмкIэ дэ долъагъу щIалэгъуалэм я зыхэщIыкIыр, дуней лъагъукIэр зыхуэдэр. Сыт нэхъ дэзыхьэхыр, зыгъэпIейтейр? Дауэ ар сурэ­тым къызэрыщагъэлъа­гъуэр! А псор къэплъытэмэ, дауи, нобэрей махуэр лъапIэщ, - къыхигъэщащ абы. 
- Иджыпсту сызыщIэ­хъуэпсыр мыращ: зэгуэр, мыпхуэдэ зы утыку щы­жысIэну сыхуейщ мы зэманым дызыхуэныкъуэ зы Iуэхугъуэм теухуа хъыбарыфI: «Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым иIэщ сурэт щIынымкIэ, графикэмкIэ, скульптурэмкIэ кафедрэ!» - жиIащ ­КъБР-м и сурэтыщIхэм я зэгухьэныгъэм и унафэщI ­Къаныкъуэ Жаннэ. 
Гъэлъэгъуэныгъэр щыIэнущ щэкIуэгъуэм и 10 хъуху. 
ГУГЪУЭТ Заремэ,
Сурэтхэр Къарей Элинэ трихащ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

02.11.2024 - 10:01

ЦIыхубэ усакIуэр ягу къагъэкIыжу

КъБКъУ-м щекIуэкIащ «Пока огонь пылает в очаге» литературэ пшыхьыр.

02.11.2024 - 09:03

ИпотекэкIэ псэупIэхэр куэду къащэху

«ДОМ.РФ» банкым и пресс-IуэхущIапIэм къызэритамкIэ, 2024 гъэм ипотекэкIэ къэралым къыщащэхуа псэупIэхэм я куэдагъымкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым япэ увыпIэр иIыгъщ.

01.11.2024 - 15:02

УсакIуэм и фэеплъыр ягъэлъапIэу

Адыгэ усакIуэ цIэрыIуэ, тхакIуэ, адыгэ литературэм и лъабжьэр зыгъэтIылъахэм ящыщ, КъБАССР-м гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ ЩоджэнцIыкIу Алий и фэеплъу абы и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэрал те

01.11.2024 - 09:03

Къэбэрдей-Балъкъэрым и лэжьыгъэр къалъытэ

Урысей Федерацэм и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Хуснуллин Марат иджыблагъэ иригъэкIуэкIащ Правительствэм къэралым и шIыналъэхэм зегъэужьынымкIэ и комиссэм 2024 гъэм и мазибгъум къриубыдэу х

01.11.2024 - 09:03

Бжьыхьэсэм щIагъэхуабжьэ

Дунейм зэрызиIэтыжу Къэбэрдей-Балъкъэрым и мэкъумэшыщIэхэм бжьыхьэсэ лэжьыгъэхэм щIагъэхуэбжьэжащ. НобэкIэ, зэкIэ къызэратамкIэ, бжьыхьэсар хащIащ гектар мин 31-м щIигъум.