Шынагъуэншагъэм хуаущий

 Къэбэрдей-Балъкъэрым и школакIуэхэри хэтщ «Дорожные талисманы» Iуэхум. 
Республикэм щекIуэкI  «Засветись - стань заметнее на дороге!» лэжьыгъэм  хыхьэу   автоинспекцэм  и лэжьакIуэхэмрэ Урысей МВД-м и «Бахъсэн»  къудамэм    балигъ мыхъуахэм я IуэхухэмкIэ и инспекторхэмрэ, Сабий творчествэмкIэ центрым и унафэщI  Зеущэ Алёнэ,  «Движение первых»  зэщIэхъееныгъэм и лIыкIуэхэу  Къардэн Мадинэрэ Дыгулыбгъу Лянэрэ ящIыгъуу,  курыт еджапIэхэу №3-м,  №5-м щIэсхэм, апхуэдэуи  Бахъсэн къалэм Сабий творчествэмкIэ и центрым  екIуалIэхэм драгъэIуэкIащ гъуэгум шынагъуэншэу щызекIуэным хуэгъэпса   дерсхэр.   
ХьэщIэхэм сабийхэр хуаущиящ      дэтхэнэ лъэсырыкIуэри зытетын хуей хабзэхэм. ЖраIащ   машинэ зекIуапIэхэм и гъунэгъуу ущыджэгуныр зэрышынагъуэр,  къэувыIа машинэхэм я кум удэкI зэрымыхъунур, сабийхэм ящIапхъэ нэгъуэщIхэми.        
Полицейхэм  кIыфIыгъэм къыхэцIыукI    пкъыгъуэхэр сабий щыгъыным хегъэубыдауэ щытыным мыхьэнэуэ иIэм, рулым дэсхэм    абы и фIыгъэкIэ   и чэзум  гу къызэрылъатэр гъуэгум  зэпрыкIым.    
Iуэхум и кIэухыу  къызэгъэпэщакIуэхэм  школакIуэхэм иратащ кIыфIым къыщы дмыгъэхэмрэ шынагъуэншэу гъуэгум узэрытетын    чэнджэщхэр зэрыт тхылъхэмрэ. 

БАХЪСЭН Ланэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

02.11.2024 - 10:01

ЦIыхубэ усакIуэр ягу къагъэкIыжу

КъБКъУ-м щекIуэкIащ «Пока огонь пылает в очаге» литературэ пшыхьыр.

02.11.2024 - 09:03

ИпотекэкIэ псэупIэхэр куэду къащэху

«ДОМ.РФ» банкым и пресс-IуэхущIапIэм къызэритамкIэ, 2024 гъэм ипотекэкIэ къэралым къыщащэхуа псэупIэхэм я куэдагъымкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым япэ увыпIэр иIыгъщ.

01.11.2024 - 15:02

УсакIуэм и фэеплъыр ягъэлъапIэу

Адыгэ усакIуэ цIэрыIуэ, тхакIуэ, адыгэ литературэм и лъабжьэр зыгъэтIылъахэм ящыщ, КъБАССР-м гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ ЩоджэнцIыкIу Алий и фэеплъу абы и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэрал те

01.11.2024 - 09:03

Къэбэрдей-Балъкъэрым и лэжьыгъэр къалъытэ

Урысей Федерацэм и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Хуснуллин Марат иджыблагъэ иригъэкIуэкIащ Правительствэм къэралым и шIыналъэхэм зегъэужьынымкIэ и комиссэм 2024 гъэм и мазибгъум къриубыдэу х

01.11.2024 - 09:03

Бжьыхьэсэм щIагъэхуабжьэ

Дунейм зэрызиIэтыжу Къэбэрдей-Балъкъэрым и мэкъумэшыщIэхэм бжьыхьэсэ лэжьыгъэхэм щIагъэхуэбжьэжащ. НобэкIэ, зэкIэ къызэратамкIэ, бжьыхьэсар хащIащ гектар мин 31-м щIигъум.