|
«Аланика» Iуэхур – Налшык къалэм
24 октября, 2024 - 06:19
КъБР-м и Лъэпкъ музейм Вовчок Маркэ и цIэр зезыхьэм и къудамэ унэ-музейм щекIуэкIащ иджырей гъуазджэмкIэ «Аланика» XVII лъэпкъыбэ фестивалыр. Абы щагъэлъагъуэ Екатеринбург щыщ художникхэм я лэжьыгъэхэр.
Фигу къэдгъэкIыжынщи, «Аланика» фестивалыр япэу 2007 гъэм Владикавказ къалэм щекIуэкIащ. Илъэс къэс нэхъри зызыубгъуу екIуэкI мы Iуэхур Кавказ Ищхъэрэм иджырей гъуазджэмкIэ мыхьэнэшхуэ зиIэ и зэхыхьэ хъуащ. Iуэхур ягъэзащIэ щэнхабзэ жэрдэмхэмкIэ Президент фондымрэ Потанин В. и цIэр зезыхьэ псапащIэ фондымрэ зэдэIэпыкъуу.
СурэтыщI гъуазджэхэмкIэ Пушкин Александр и цIэр зезыхьэ Къэрал музейм Кавказ Ищхъэрэм щиIэ къудамэм и унафэщI, «Аланика» Iуэхур къызэзыгъэпэща Тебиевэ Галинэ къыхигъэщащ Кавказым иджырей гъуазджэм къызэрымыкIуэу зэрызыщиужьыр, ауэ фестивалыр къагъэсэбэпу, хыхьэу щIыналъэм и щэнхабзэ щIэинхэр къагъэщIэрэщIэжыну зэрамурадыр.
Илъэс пщыкIутхум нэблагъэкIэ фестивалыр Осетие Ищхъэрэ-Алание республикэм щекIуэкIащ. Абы я зэфIэкI щагъэлъэгъуащ Урысейм и къалэхэм, хамэ къэралхэм къикIа художникхэм. 2023 гъэм щыщIэдзауэ абы Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм и хэгъэгухэми зыщеубгъу.
Зэхыхьэм щагъэлъагъуэ «Гущэ» арт-объектыр утыку кърихьащ Екатеринбург щыщ художник икIи архитектор Корепановэ Екатеринэ. А лэжьыгъэр абы дищIащ Кубенский Эдуард. Метритху зи лъагагъ, гущэ теплъэ зиIэ инсталляцэр удзыфэу ялэжащ. Лэжьыгъэр щагъэуващ музейм и щIыхьэпIэм. Ар и дамыгъэщ урыс, украин тхакIуэ, зэдзэкIакIуэ цIэрыIуэ Вовчок Маркэ (Вилинская Марие) и гъащIэ гъуэгум и щIэдзапIэм. ЩIыхьэпIэм деж - гущэр, адэкIэ - тхакIуэр зыщыпсэуа унэр, кхъэр щыболъагъу.
I906 гъэм и гъатхэм Вовчок Маркэ и щхьэгъусэ Лобач-Жученкэ Михаил и гъусэу Налшык къалэм къэIэпхъуат зэпымыууэ щыпсэуну. Долинск щIыпIэм деж щIы къыщащэхури, унэ щаухуащ. Налшык Марие куэдрэ щыпсэуакъым - I907 гъэм ар дунейм ехыжащ. I954 гъэм мраморым къыхэщIыкIа бюст Марие щыхуагъэуващ а щIыпIэм. I978 гъэм украин скульптор Фещенкэ Василь ищIащ Марие и фэеплъыр. ТхакIуэхэу Тургенев Иван, Шевченкэ Тарас, Писемский Алексей, Анненков Павел, нэгъуэщIхэри гуапэу IущIат Вовчок Маркэ и «Украинские народные рассказы» япэ тхылъым. Марие и тхыгъэхэр бзэ зэмылIэужьыгъуэхэмкIэ зэрадзэкIащ, адыгэбзэри балъкъэрыбзэри хэту.
СурэтыщI гъуазджэхэмкIэ Пушкиным и цIэр зезыхьэ Къэрал музейм (Москва къалэ) и унафэщIым и къуэдзэ Краузе Дианэ арт-ухуэныгъэр зи жэрдэмхэмрэ ар зыщIахэмрэ фIыщIэ яхуищIа нэужь, къыхигъэщащ а теплъэм и мыхьэнэр псом я дежкIи зэрыгурыIуэгъуэмрэ абы гупсысэ зэрыщIэлъымрэ.
Тебиевэ Галинэ жиIащ унэ-музейм теухуа хъыбарым Интернетым зэрыщрихьэлIар, Вилинская Марие и гъащIэмрэ гуащIэмрэ гъэщIэгъуэн зэрыщыхъуар икIи Налшык и лэжьэгъухэм я гъусэу мы гъэм къыщыкIуам «Аланика» Iуэхур абы щрагъэкIуэкIыну зэраубзыхуар.
Хабзэ зэрыхъуауэ, фестивалыр щагъэхьэзыркIэ ар щрагъэкIуэкIыну къыхаха музейхэм ятеухуа тхыгъэхэр фестивалым и сайтым къралъхьэри, Урысейми, хамэ къэралхэми щыщ сурэтыщIхэр зыхэтыну зэпеуэ къызэрагъэпэщ.
Фестивалыр зи нэIэм щIэт Дашевский Александр жиIащ I833 гъэм Орловскэ губернием къыщалъхуа Вилинская Марие зэфIэкI зэрыбгъэдэлъар, щэнхабзэмрэ гъуазджэмкIэ къэрал куэд абы зэрызэкъуигъэувар.
Кубенский Эдуард фестивалым етIуанэу хэтщ. Къэрэшей-Шэрджэсым и Орджоникидзевскэ къуажэм и музейм нэгъабэ щекIуэкIа гъэлъэгъуэныгъэм щагъэуващ абы и Iэдакъэ къыщIэкIа «Удз гъэгъа» инсталляциер.
Вовчок Маркэ и цIэр зезыхьэ унэ-музейм и унафэщI Лэжьэрей Инессэ жиIащ «Аланика» Iуэхум хыхьэу ягъэува «Гущэр» зэпымыууэ абы зэрыщагъэлъэгъуэнур.
КъБР-м и Лъэпкъ музейм и унафэщI Накуэ Феликс фестивалым хэтхэм фIэхъус ярихри, ар къызэзыгъэпэщахэм фIыщIэ яхуищIащ. Абы жиIащ гъащIэм и щIэдзапIэм и дамыгъэ арт-ухуэныгъэр музейм и щэнхабзэ хъугъуэфIыгъуэ зэрыхъунур, гъуазджэм гъуни нэзи зэримыIэм ар щыхьэт зэрытехъуэр. Накуэм щIигъужащ Хэку зауэшхуэм ТекIуэныгъэ Иныр къызэрыщахьрэ илъэс 80 зэрырикъур етIанэгъэ щагъэлъапIэкIэ, КъБР-м и Лъэпкъ музейм и къудамэу Iуащхьэмахуэ лъапэ ЗыхъумэжынымгъэмкIэ щыIэ музей нэхъ лъагэ дыдэм «Аланика» фестивалыр щрагъэкIуэкI зэрыхъунур. ЕтIуанэ дунейпсо зауэм щыгъуэ зэхэуэ гуащIэхэр щекIуэкIа а щIыпIэм деж иджы дуней псом щыщ цIыху щэ бжыгъэхэр зыгъэпсэхуакIуэ къокIуэ. Абдеж арт-ухуэныгъэщIэ щагъэувмэ, Урысейм и щIыналъэхэм, хамэ къэралхэм щыщхэм ялъагъунущ.
Выставкэр къызэрагъэпэщащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и IэпэIэсэхэм, «Валеологический клуб Анна» жылагъуэ зэгухьэныгъэм и щIыналъэ къудамэм хэтхэм, Кубенский Эдуард, музейм и лэжьакIуэхэр я гъусэу. Iуэхум жыджэру хэтащ хэдыкIым дахьэх волонтёрхэу Дорохинэ Натальерэ Фатеевэ Юлэрэ.
«Аланика» фестивалым хыхьэу ягъэлъагъуэхэм я электрон теплъэхэр зэрыт каталог-гъуэгугъэлъагъуэ ягъэхьэзырынущ. Вовчок Маркэ и цIэр зезыхьэ музейм щыIащ Урысейм и къалэ куэдым къикIауэ фестивалым хэта художникхэр, СурэтыщI гъуазджэхэмкIэ Пушкиным и цIэр зезыхьэ Къэрал музейм и къудамэхэм я унафэщIхэр, журналистхэр, блогерхэр.
ТЕКIУЖЬ Заретэ.
|
06.12.2024 - 09:03 Сурэтым: (сэмэгумкIэ къыщыщIэдзауэ): Тау Замирэ, Аслъэныкъуэ Мадинэ, МэшлIокъуэ Саидэ, Уэзрокъуэ Чэрим, Ансыкъуэ Иринэ. |
|
06.12.2024 - 09:03 Мы гъэм епщыкIузанэу ЩIыгулъым и дунейпсо махуэр зыгъэлъапIэхэм ящыщщ Урысей Федерацэри. |
|
05.12.2024 - 15:02 КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек яхуэзащ «ЛIыхъужьхэм я щIэблэ» Iуэхум хэта ныбжьыщIэхэм. |
|
05.12.2024 - 12:25 Ныкъуэдыкъуэхэм я дунейпсо махуэм трагъахуэу, дыгъэгъазэм и 3-м, сабийхэм пшыхь гукъинэж щыхуащIащ Узыншагъэр щрагъэфIакIуэ «Лэгъупыкъу» центрым. |
|
05.12.2024 - 09:06 Дуней псом щыцIэрыIуэ бзэщIэныгъэлI, зи къэхутэныгъэхэр бзэхэр зэгъэпщэным лъабжьэ хуэхъуа Гумбольдт Вильгельм зэгуэр жиIэгъат: «Бзэм макъ пщыкIуий фIэкIа имыIэми, абыкIэ дунейм и теплъэр сурэту ищ |
|