Гъуэгуухуэхэм я махуэ

Хэгъэгухэм я щыIэкIэ-псэу­кIэр зэгъэкIуа хъуныр куэду елъытащ гъуэгухэм я щыты­кIэм. Аращ абы зегъэу­жьы­ным ди къэралым гулъытэ ин щыхуищIыр. 

«ГъуэгуфI шынагъуэн­шэ-­хэр» лъэпкъ проектыр 2018 гъэм къащтауэ щытащ. Ар теу­хуащ Урысей Федерацэм и автомо­биль зекIуапIэхэр зыхуей хуэгъэзэным. А пэхуэщIэм хы­хьэу, ди къэралым и щIыналъэхэм ящыщу 83-м лэжьыгъэ щхьэ­пэхэр мы зэманми щокIуэкI. 
Къэралыр зэрыщыту къэтщтэнщи, зы махуэм, ику иту, ­гъуэгущIэу километри 7-м нэ­благъэ къыщызэIуах, километр 87-р щызэрагъэпэщыж, IэнатIэм епха IуэхущIапIэхэм я бжыгъэр, псори зэхэту, мини 3-м нызэрохьэс, абыхэм цIыху мел­уаным нэблагъэ щолажьэ. Къэдгъэлъагъуэмэ, ахэр автомобиль зекIуапIэщIэхэр пхы­зыш, жьы хъуахэр зэзыгъэ­зэ­хуэж ухуакIуэхэрщ, инженерхэрщ, гъуэгухэм я проектхэр зэхэзыгъэувэхэрщ, ирахьэлIапхъэхэр къыщIэзыгъэкIхэрщ. 

И къехьэжьэкIэри гъэщIэгъуэнщ
УФ-м и Президентым 2000 гъэм гъатхэпэм и 23-м къыдигъэкIа унафэм ипкъ иткIэ, Гъуэгу хозяйствэм и лэжьакIуэхэм я махуэр жэпуэгъуэм и ещанэ, автомомоби­лым дихьэххэм ейр - еплIанэ тхьэмахуэ махуэхэм трагъэхуащ. ТIэкIу нэхъ ипэIуэкIэ зэрыщытам и гугъу тщIымэ, 1980 гъэм СССР-м къыщащтат «Автомобилистым и махуэ» зыфIащар. Ар ирырагъэ­хьэлIат жэпуэгъуэм и иужьрей тхьэмахуэ махуэм. Иужьым а Iуэхугъуэр «Автомобиль транспортымрэ гъуэгу хозяйствэмрэ я лэжьакIуэхэм я махуэу» 1996 гъэм зэрахъуэкIат. АрщхьэкIэ, илъэс бжыгъэ фIэкIа дамыгъэкIыу, автомобилистхэмрэ гъуэгуухуэ­хэм­рэ я IуэхущIафэхэр зэрызэщ­хьэ­щыкIыр къалъытэри, а тIуми махуэ зырыз хухахащ.

Лэжьыгъэм щыехьэехуэу
Адрей илъэсхэми хуэдэу, автомобиль зекIуапIэхэр щрагъэ­фIа­кIуэ Къэбэрдей-Балъкъэрым и ­район псоми. Зэлэжь гъуэгухэм я кIыхьагъыр километри 100-м но­благъэ. Нэхъапэхэми хуэдэу, япэ ирагъэщыр социальнэ мыхьэнэ зиIэ IэнатIэхэм уахуэзышэ гъуэгу­хэмрэ турист зекIуапIэхэмрэщ. Шынагъуэншагъэм тещIыхьащ щIы­налъэм пхрыкI гъуэгухэр зэ­пызыщIэ лъэмыжхэри къызы­хуэтыншэу зэрызэрагъэпэ­щы­жыр. 
Ди республикэм Транспортымрэ гъуэгу хозяйствэмкIэ и министерствэм мы зэманым и нэIэ тригъэтщ цIыхухэр къезышэкI ­автопредприятэу 19-м, автовокзалрэ автостанцу 7-м, гъущI гъуэгу станцрэ вокзалу 6-м, кхъухьлъэ­тапIэм, троллейбусхэр зи IэмыщIэ илъ управленэм. Абыхэм, псори зэхэту, цIыху мини 3-м щIигъу ­щолажьэ.
«ГъуэгуфI шынагъуэншэхэр» лъэпкъ проектым хыхьэу, къы­зы­хуэтынэшэу къагъэщIэрэщIэжащ Шэрэдж районым хыхьэ Балъкъэр Ипщэ къуажэмрэ Мухол жылэ цIыкIумрэ зэпызыщIэ ав­томобиль зекIуапIэм узыщрихьэлIэ лъэмыжышхуэр, Шэджэм псыкъелъэхэм уаблэзыш гъуэгум щыщу километри 2 зи кIыхьагъыр, Шордакъ, Псыгуэнсу, Терекскэ къуажэхэм я уэрам нэхъыщхьэхэр. 
Зи гугъу тщIы лэжьыгъэхэм хыхьэу, КъБР-м и къуажэ 20-м и автомобиль зекIуапIэхэм асфаль­тыр щIэкIэ щызэрахъуэкIащ. Ап­хуэдэщ Эльбрус, Бахъсэн Ипщэ, Зэрэгъыж, Светловодскэ, Каменномост, Хьэбэз, Псынэдахэ, Ар­щыдан, Ерокъуэ, Лэскэн ЕтIуанэ, Каменкэ, Щхьэлыкъуэ, Джэрмэншык, Белая Речка къуажэ­хэм я уэрамхэр, нэгъуэщIхэри.
Республикэм Гъуэгу хозяйст­вэм­кIэ и министерствэм гулъытэ хэха зыхуищIхэм ящыщщ авто­мобиль зекIуапIэхэм шынагъуэншагъэр къыщызэгъэпэщыныр. А Iуэхум тещIыхьауэ, 2023 гъэм ­къриубыдэу, псори зэхэту, километр 75-рэ зи кIыхьагъым иджы­рей уэздыгъэхэр зыпыдза пкъо-хэр щагъэуващ, светофо­ры­щIэ­хэмкIэ зэгъэпэща лъэс зэп­ры­кIыпIэу 42-рэ щаухуащ, гъуэгум ущызыхъумэ IущIэхэр зыхуэны­къуэхэм щагъэуващ. 
Гъуэгу лэжьыгъэхэмкIэ къалэ­ныр зэрагъэзащIэм къыдэкIуэу, а IэнатIэм и къудамэхэр бжьыхьэ-щIымахуэ пIалъэм зэрыхуэхьэ­зырыр къапщытэ, щIыналъэ мыхьэнэ зиIэ автомобиль гъуэгуу километр миниплIым нэблагъэр зехьэныр икIи зэгъэпэщыжыныр зэкIэлъыхьауэ къызэрагъэпэщ, а Iуэхухэр зэрызэфIахым кIэлъоплъ.
ЕхъулIэныгъэ нэрылъагъухэр яIэу ди гъуэгуухуэхэр я махуэм ирихьэлIащи, дяпэкIи лэжьыгъэ щхьэпэхэр яIэну, я зэфIэкIым ­хагъэхъуэну ди гуапэщ.

 

КЪУМАХУЭ Аслъэн.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

13.09.2026 - 09:03

И адэм и щIэинхэмкIэ музейм хуоупсэ

Художник Трындык Василий СурэтыщI ­гъуазджэхэмкIэ музейм, Ткаченкэ Андрей и цIэр зезыхьэм, и фондым тыгъэ хуищIащ ­КъБАССР-м щIыхь зиIэ и художник, респуб­ликэм мы IэщIагъэм хуеджа и япэ профессион

13.09.2026 - 09:03

Уи бзэр уи псэу, уи дунейуэ

Ди къэралышхуэм хыхьэ щIыналъэ псоми мы тхьэмахуэм щагъэлъэпIащ УФ-м и Президентым къыхилъхьа жэрдэмым ипкъ иткIэ махуэгъэпсым къыхыхьа махуэщIыр: ди Хэкум щыпсэу лъэпкъ­хэм я бзэхэм я махуэр.

12.09.2026 - 09:03

Лъэпкъыбзэхэм я махуэм ирихьэлIэу

Дызэрыщыгъуазэщи, фокIадэм и 8-м ди къэралым щагъэлъэпIащ Урысей Федерацэм и лъэпкъхэм я бзэхэр хъумэным и махуэр.

12.09.2026 - 09:03

ГъащIэр лъапIэщ

ФокIадэм и 10-м, ЦIыхум зиукIыжыныр къэмыгъэхъуным и дунейпсо махуэм, ирихьэлIэу Урысей ФСИН-м и управленэу КъБР-м щыIэм и IуэхущIапIэхэм щрагъэкIуэкIащ «ГъащIэ» акцэ.

11.09.2026 - 16:11

Хабзэхэр зэрагъэзащIэм кIэлъоплъ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек иригъэкIуэкIащ Къэ­бэрдей-Балъкъэр Республикэм Хабзэр къызэгъэпэщынымкIэ зэпымыууэ лажьэ и зэзыгъэуIу гупым и зэIущIэ.