Дызэрыт илъэсым жэпуэгъуэм 7 - 20-хэм къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым щекIуэкIынущ «Ахъшэ жьгъейм и тхьэмахуэ» Iуэхур. А пIалъэм къриубыдэу республикэм щыпсэухэм Iэмал яIэнущ я унэ щахъумэ, щызэтрихьа ахъшэ жьгъейр зэкIэрыт ящIыну.
ЩIыналъэм щылажьэ коммерцэ банкхэм нэмыщI, Iуэхум къыхыхьащ тыкуэн инхэри. Абыхэм я хэщIапIэхэмрэ щылажьэ зэманхэмрэ теухуа хъыбархэр «монетная неделя.рф» сайтым къыщывгъуэтыфынущ.
«Мы Iуэхугъуэм фIыуэ хэлъыр пщIэ абы щхьэкIэ щIамыту цIыхухэм я ахъшэ жьгъейр зэкIэрыт зэрахуэщIынурщ. Адрей махуэхэм, псалъэм папщIэ, комиссэ къыIахынущ. Республикэм щекIуэкI «Ахъшэ жьгъейм и тхьэмахуэм», коммерцэ банк I5-м къадэкIуэу, къалэхэмрэ къуажэхэмрэ щыIэ тыкуэнхэри къыхыхьащ. Ахъшэр пхъуэжын щхьэкIэ банкым уIухьэн хуейуэ щытмэ, паспортыр Iэмал имыIэу пIыгъын хуейщ, тыкуэнхэм абы къыщыщIэупщIэнукъым», - жиIащ УФ-м и Банкым и къудамэу КъБР-м щыIэм и унафэщI Къалэ Аслъэн.
Мыдрейуэ, I997 гъэм ипэкIэ къыдэкIа ахъшэ жьгъейхэр яхъуэжынукъым. Фи ахъшэхэр зэхэдзауэ щытмэ, нэхъ псынщIэу Iуэхур зэфIэкIынущ, чэзухэми куэдрэ цIыхухэр хэтынукъым.
«Ахъшэ жьгъейм и тхьэмахуэ» Iуэхугъуэр къэралым и щIыналъэ псоми щрагъэкIуэкI. Абы и къалэн нэхъыщхьэр цIыхухэм къамыгъэсэбэпу унэм щызэтралъхьа ахъшэ жьгъейр гъэлэжьэнырщ. Псалъэм папщIэ, гъатхэм ди республикэм щрагъэкIуэкIа мыпхуэдэ Iуэхум ипкъ иткIэ цIыхухэм банкхэм хуахьащ ахъшэ жьгъейуэ мин 45-рэ, псори зэхэту сом мини I30-рэ хъууэ.
БЭБЭЧ Бэчыр.