Аруан щIыналъэм щагъэлъапIэ

УФ-м и компартым къызэригъэпэща «Зауэм и бынхэр» жылагъуэ зэгухьэныгъэм и Къэбэрдей-Балъкъэр къудамэм хэт­хэм, жьы хъуа цIыхухэм жэпуэгъуэ ма­зэр хухахауэ, республикэм и къалэхэмрэ къуажэхэмрэ дэт щэнхабзэмкIэ унэхэм, курыт еджапIэхэм зэхыхьэ дахэхэр щрагъэкIуэкI. 

Апхуэдэу, зи гугъу тщIа а зэгухьэныгъэм Аруан районым щиIэ и IуэхущIапIэм и уна­фэщI Джатокъуэ Казбекрэ компартым и район къудамэм и япэ секретарь, Къэбэрдей-Балъкъэрым и Парламентым и депутат Къардэн Мурадинрэ, жэпуэгъуэ мазэм махуэ зырыз хухахауэ, къуажэхэм дэт щэнхабзэмкIэ унэхэмрэ школхэмрэ псапащIэ зэхы­хьэхэр щрагъэкIуэкI. Хэку зауэшхуэм и лъэхъэнэмрэ абы иужь ита илъэсхэмрэ зи сабиигъуэр хиубыда нэхъыжьыфIхэм ягъэва гугъуехьымрэ хьэзабымрэ зыхуэдам щIалэгъуалэр щагъэгъуазэу. 
Апхуэдэ зэIущIэхэм ящыщу Аруан щIыналъэм хыхьэ Аруан къуажэм дэт ЩэнхабзэмкIэ унэм къыщызэрагъэпэщам щызэхуэсащ «Зауэм и бынхэр» жылагъуэ зэгухьэныгъэм хэтхэр, ветеранхэр, щIыпIэ администрацэм щыщхэр, школакIуэхэр, абыхэм я гъэсакIуэхэр.
Къардэн Мурадин, нэхъыжьыфIхэм защыхуигъазэм, жиIащ: 
- Нобэ дыкъыщIызэхуэсар фэ фтелъа хьэзабымрэ гугъуехьымрэ дигу къэдгъэкIыжу, къытщIэхъуэ щIэблэм дерс къыхахыным папщIэщ, дэ ар зэи тщыгъупщэ мыхъун Iуэхущ фи фэм дэкIа бэлыхьыр зыхуэдизыр, фи псэ фемыблэжу фыщIэлэжьар сэбий къытщIэхъуэм и къэкIуэнум щхьэкIэщ. Узын­шагъэрэ бын гуфIэгъуэрэ фыщы­мы­щIэу фи гъащIэр Тхьэм фигъэхь, ди нэхъыжьыфIхэу фIыр зи Iэужьхэм. «Зауэм и бынхэр» псалъэхэр зытет медалхэри къыздэтхьащ фэр папщIэ. Ахэр фхэтлъхьэу фи нэгуи зедгъэужьын мурад диIэу аращ фы­щIызэхуэтшэсар. 
АдэкIэ утыкум къихьащ Джатокъуэ Казбек. «Фэ, нэхъыжьыфIхэм, фи гугъуехьыр зэхэзыщIыкIын ди щIалэгъуалэр Тхьэм ищI, фи пщIэмрэ фи нэмысымрэ мыкIуэду, фи сабийхэр фхуэузыншэрэ фыздэузыншэу Тхьэм фигъэпсэу!» - жиIэри, зэхыхьэм къыздахьа медалхэмрэ цIыхубзхэм папщIэ къахьа удз гъэгъахэмрэ иратащ зи сабиигъуэр зауэм хиубыда нэхъыжьыфIхэм. 
НэхъыжьыфIхэм папщIэ ягъэхьэзыра концертымкIэ зэIущIэр зэхуащIыжащ. 
КЪАНКЪУЛ Зазий.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

17.05.2026 - 09:03

Iэдэм и япэ лъэбакъуэхэр

Краснодар крайм хыхьэ ТIуапсы районым и Новомихайловскэ къуажэм иджыблагъэ щекIуэкIащ сабийхэм футболымкIэ я урысейпсо зэхьэзэхуэр, «MOLNIA CUP» фIэщыгъэр зезыхьэр.

16.05.2026 - 09:03

Наркотикым щахъумэ

КъБР-м щыIэ МВД-м къыщапщытэжащ «Ажалыр щащэр къыджеIэ» наркотикым пэщIэт урысейпсо акцэм и япэ Iыхьэм кърикIуахэр.

16.05.2026 - 09:03

Адыгэ цIыхубэ уэрэдыжьхэм я пшыхь

ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэрал драмэ театрым накъыгъэм и 14-м щекIуэкIащ адыгэ цIыхубэ уэрэдыжьхэм я фестиваль-зэпеуэ, КъБР-м и цIыхубэ артист, Адыгэ Республикэм щэнхабзэмкIэ щIы

15.05.2026 - 15:02

Къытхуэнащ и гуащIэр

УсакIуэ, зэдзэкIакIуэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхубэ тхакIуэ, щэн­хабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэ­жьа­кIуэ Елгъэр Кашиф Мысост и къуэм и фэеплъ пхъэбгъу ар щыпсэуа, Лениным и цIэр зезыхьэ уэрамым тет 42

15.05.2026 - 09:03

Университетыр къыхызох

Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэ­бэрдей-Балъкъэр къэрал университетым  и бжэхэр махуитIкIэ яхузэIуихащ школыр мы гъэм къэзыух ныбжьыщIэхэм.