Лэжьыгъэ и пIалъэкIэ зохъуажэ

Мы махуэхэм Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым щекIуэкIащ «Кавказ Ищхъэрэм узыфэ зэрыцIалэхэмкIэ щыIэ щытыкIэм теухуа Iуэху­гъуэ нэхъыщхьэхэр» XI щIэныгъэ-практикэ конференцэ. Абы и лэжьыгъэм хэтащ Кавказ Ищхъэрэ, Ипщэ федеральнэ округхэм щыщ IэщIагъэлIхэр. 

ЗэIущIэм щытеп­сэлъы­хьащ COVID-19, ОРВИ, гепатит, ВИЧ узыфэ зэрыцIалэхэр зыпкърытхэр къэху­тэнымкIэ, абыхэм еIэзэным и иджырей Iэмалхэм, эпидемиологие шынагъуэншагъэр къызэгъэпэщынымкIэ щыIэ хэкIыпIэхэм, сабийхэми балигъхэми ягъуэт медицинэ дэIэпыкъуныгъэр егъэфIэкIуэнымкIэ зэфIэгъэкIыпхъэхэм. 
Ар екIуэкIащ УФ-м Узыншагъэр хъумэнымкIэ и министерствэм штатым хэмыт и IэщIагъэлI нэхъыщхьэ ­Чуланов Владимир и нэIэм щIэту. «Кавказ Ищхъэрэм узыфэ зэрыцIалэхэмкIэ щы­Iэ щытыкIэм теухуа Iуэхугъуэ нэхъыщхьэхэр щы­зэпкърах зэхыхьэр илъэс зыбжанэ хъуауэ идогъэкIуэкI. IэщIагъэлIхэм я щIэныгъэм хэгъэхъуэнымкIэ, лэжьыгъэ и пIалъэкIэ зэхъуэжынымкIэ ар Iуэху щхьэпэщ. ЗэIущIэм къыщаIэт упщIэ куэдым доху­тырхэр хуегъэхьэзыр узы­-фэ зэрыцIалэхэм къашэ шынагъуэхэм зэрапэщIэ­тынум. Урысейм и Ипщэ щIыналъэм узыфэ зэры­цIалэхэр нэхъыбэрэ къыщохъей, а щIыпIэм цIыху куэд къакIуэу зэрыщытым къыхэкIыу. Медицинэм зыужьыныгъэ хъарзынэхэр игъуэтащ, а узыфэхэм дазэ­рыпэщIэтын IэзэкIэщIэхэр щыIэщ, абы и лъэныкъуэкIэ диIэщ IэщIагъэлIхэм дазэ­ры­дэгуэшэн щIэныгъэрэ Iуэху бгъэдыхьэкIэщIэрэ», - жиIащ абы.
Дохутырхэм утыку кърахьащ узыфэхэм зэрапэ­-щIэт Iэмалхэр, ирагъэ­кIуэкIа лабораторэ къэху­тэныгъэхэм япкъ иткIэ нэхъ щхьэпэу къалъыта Iэзэ­кIэ­хэм, хущхъуэхэм я гугъу ящIащ.
КъБР-м узыншагъэр хъу­мэнымкIэ и министр Къалэбатэ Рустам жиIащ Iэ­щIагъэлIхэр зэхуэсу я еп­лъы­кIэхэр къызэрагъэ­лъагъуэм мыхьэнэшхуэ зэ­­риIэр, апхуэдэ Iуэхухэм хэт дэтхэнэми абы и къэухьым зезыгъэужьын, и зэфIэкIым хэзыгъэхъуэн щIэныгъэ къызэрыхихыр, я лэжьыгъэм ар щхьэпэ ­къазэрыщыхуэхъужыр.
ЩхьэщэмыщI  Изэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

08.08.2026 - 12:46

ЩIыналъэм еджапIэщIэ къыщызэIуах

Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек лэжьыгъэ IуэхукIэ хуэзащ КъБР-м щыIэ МВД-м и министр Крючков Вячеславрэ Урысейм и МВД-м и Кавказ-Ищхъэрэ институтым и унафэщIым и къалэнхэр пIалъэкIэ

08.08.2026 - 12:45

Хэхыныгъэхэм зыхуагъэхьэзыр

«КъБР-м и Муниципальнэ щIыналъэхэм я совет» зэгухьэныгъэм (АСМО) и прав­ленэм и зэIущIэ дыгъуасэ екIуэкIащ.

08.08.2026 - 12:44

АдыгэщIым и макъыр зэхыдох

«Адыгэ дуней» лъэпкъ фондым къызэригъэпэщауэ, ЩIалэгъуалэм я унэм (Налшык дэ­тым) ХьэIупэ ДжэбрэIил и пшыхь щызэхэтыну хъыбар къы­щысIэрыхьам сыщыгуфIы­кIат.

08.08.2026 - 11:38

ГупсэфыпIэ афэхъугъ

Зи Хэкужъ къэзыгъэзэжьыгъэм и Мафэ ипэгъокIэу Шам (Сирием) ит къалэу Дамаскэ къикIыжьыгъэ Цэй Нарминэ тихьакIэщ къе­дгъэблэгъагъ, адыгэ чIыгум иунагъо псэукIэу щыриIэм зыщыдгъэгъозагъ.

07.08.2026 - 14:35

Яхъумэ, зыщIагъакъуэ

«Адыгэ псалъэ» газетым къытедгъэзэж-дриплъэжурэ дыщытопсэлъыхь ди республикэм и Къущ­хьэхъум ит Iэщыхъуэхэм я Iуэху зытетым.