Адыгейм, Къэбэрдей-Балъкъэрым, Къэрэшей-Шэрджэсым ис адыгэхэм я зэпыщIэныгъэхэм нэхъри зригъэужьу, лъэпкъ зэкъуэтыныгъэр игъэбыдэу, ди анэдэлъхубзэр ихъумэу «Адыгэ макъ», «Адыгэ псалъэ», «Черкес хэку» газетхэм къыхалъхьауэ ирагъэкIуэкI журналист зэдэлэжьэныгъэм къыпызыщэ зекIуэр Адыгэ Республикэм щыдгъэкIуащ. Ди унафэщIхэм я жэрдэмкIэ, адыгей журналист Тау Замирэ сэрэ КъШР-м къыщыщIэддза Iуэху дахэм Мейкъуапэ щыпытщащ шэрджэс журналист Аслъэныкъуэ Мадинэрэ сэрэ. Адыгэ хэкум и беягъыр, и цIыхухэм я гуапагъыр, щIыуэпсым и дахагъэр, IэщIагъэлIхэм я жанагъыр, IэпщIэлъапщIэхэм я Iэзагъыр зэдгъэлъэгъуащ АР-м дызэрыщылэжьа тхьэмахуэм. Ди зекIуэр тедухуат Адыгэ Республикэр къызэрызэрагъэпэщрэ илъэс 33-рэ зэрырикъум. Абы и махуэшхуэр нобэ егъэлъапIэ, а махуэщIым теухуауэ щытынущ тхыгъэхэр щызэхуэхьэса «Адыгэ псалъэм» и къыдэкIыгъуэ хэхар.
Бысым газетым и редактор нэхъыщхьэ МэшлIокъуэ Саидэ тхуигъэхьэзыра программэм тету, дэ япэу дыIущIащ АР-м Лъэпкъ IуэхухэмкIэ, хамэ къэрал щыпсэу ди лъэпкъэгъухэм ядэлэжьэнымрэ хъыбарегъащIэ IэнатIэхэмкIэ и къэрал комитетым и унафэщI Щхьэла-хъуэ Аскэр.
- Псом япэрауэ, къыхэзгъэщыну сыхуейщ ди къуэш республикэхэр нэхъри зэпэблагъэ ищIу евгъэжьа проектыр ди гуапэ зэрыхъуар. Дэ махуэшхуэхэр щедгъэкIуэкIым деж Ипщэ федеральнэ щIыналъэм хиубыдэ, нэхъ ди гъунэгъу хэгъэгухэр къедгъэблагъэу хабзэщ. Ауэ Адыгэ кхъуейм и махуэм, си щхьэкIэ, апхуэдэ жэуаплыныгъэ си пщэ дэслъхьэжри, Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэмкIэ сынэIэбащ, Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ Къэрэшей-Шэрджэсымрэ щыпсэу ди къуэшхэр а махуэшхуэхэм ди гъусэныр сфIэигъуэу. Сытым дежи сыхущIокъу ди къуэш щIыналъэхэм щыщхэр къытхэтыну. Иджыблагъэ сэри Къэбэрдей-Балъкъэрым сыщыIащ, Дунейпсо Адыгэ Хасэм и Конгрессым сыхэтащ. КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек къыщыщIыхьи-щыщIэкIыжи сэлам гуапэ, къуэш сэлам къыдихащ. АбыкIэ жысIэну сызыхуейр, дэ дызэгъунэгъу къудейкъым, атIэ дызэкъуэшщ. Пэжщ, ди зэпыщIэныгъэр дэ япэу къызэIутхыу аракъым, ар ди нэхъыжьхэм пхраша лъагъуэщ. Сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, дэ дызыхуэмысакъыжмэ, дызэрымыщIэмэ, зыри къытхуэсакъынукъым.
Мыхьэнэшхуэ иIэщ мыпхуэдэ зэхыхьэхэмрэ зэдэлэжьэныгъэхэмрэ. Ди цIыху цIэрыIуэхэр, жылагъуэм я псэукIэр, гъащIэм и лъэныкъуэ псори къэвгъэлъагъуэу фызэрызэдэлажьэм уасэ хуэщIыгъуейщ. Гу лъывэзгъэтэну сыхуейщ ди республикэхэм я тхьэмадэхэм я зэхущытыкIэми. КIуэкIуэ Казбеки, КъумпIыл Мурати, Темрезов Рашиди зэрызэкIэлъыкIуэр лэжьыгъэ Iуэхум и закъуэкъым, атIэ зэкъуэш хуэдэу, зым и унагъуэм адрейр ихьэу апхуэдэщ. Абы къыхэкIыу, газетхэм къыхалъхьа жэрдэмыр лъапIэщ, абы бзэкIи дызэригъэщIэнущ, лъэпкъкIи дызэригъэIыгъынущ, жылагъуэми и сэбэп екIынущ. Дэ куэд мыщIэу Адыгейм и телевиденэ къызэIутхынущи, си гугъэщ ахэри Iуэхум къыхэша хъуну, - жиIащ Щхьэлахъуэ Аскэр.
А махуэм дэ дахуэзащ Адыгейм лъэпкъыбзэкIэ къыщы-дэкI газет закъуэм и лэжьакIуэхэм. Ахэр дигъэцIыхуа нэужь, МэшлIокъуэм жиIащ:
- Зэдэлэжьэныгъэр адэкIэ дгъэкIуатэу, ди деж фыкъызэреблэгъар си гуапэщ. Иджыри къэс къатхэу щытамэ, иджы къэкIуащ ди лъэпкъэгъу журналистхэр, ди щыIэкIэ-псэукIэр зэрагъэлъагъуну. Зэман къэс езым и цIыхурэ IуэхущIафэрэ иIэжщ. Ди япэ итахэм ирагъэжьа Iуэхур дахэт - ди хъыбархэр зэIэпахыурэ щхьэж и газетым къытридзэрт. Дэри абы и мыхьэнэр къэтлъытэри, адэкIэ къыпытщэну ди мураду дызэкIэлъыкIуэу аращи, Тхьэм къыддигъэхъу, - жиIащ МэшлIокъуэ Саидэ.
«Адыгэ макъым» и журналистхэм яфIэгъэщIэгъуэну къыщIэупщIащ ди газетхэм лэжьыгъэр зэрыщекIуэкIым, щылажьэ журналистхэм я бжыгъэм, техникэм ирилажьэхэм я Iуэху зехьэкIэм, редакторым и къуэдзэхэмрэ жэуап зыхь секретархэмрэ я къалэнхэм.
Редактор нэхъыщхьэм и къуэдзэ Тау Замирэ жиIащ Къэрэшей-Шэрджэсым къриха тхыгъэхэр адыгей щIэджыкIакIуэхэм ягу зэрырихьар, куэд къызэрыпсэлъар, къызэрыщIэупщIар, иджы къэбэрдей, шэрджэс журналистхэр я деж зэрыщылэжьэнур зэрагуапэр, дяпэкIи Къэбэрдей-Балъкъэрым Iуэхум къыщыпащэну зэрахъуэпсапIэр.
Ди лэжьэгъухэр зэдгъэцIыхуа нэужь, дэ дыщыIащ зи романхэмкIэ ди лъэпкъ тхыдэр сэзыгъэцIыхуа, зи IэдакъэщIэкIхэмкIэ «адыгэм и дунейм» сыхэзыша, лъэпкъ псом ди набдзэ нэхъыжьыфI, АР-м, КъБР-м, КъШР-м я цIыхубэ тхакIуэ, УФ-м ЛэжьыгъэмкIэ и ЛIы- хъужь, УФ-м и Жылагъуэ палатэм хэт, ДАХ-м и Нэхъыжьхэм я советым и тхьэмадэ МэшбащIэ Исхьэкъ и деж. Абы дапщэрэ ухуэзэми къызэрыбдэгуэшэнрэ къыбжиIэнрэ и куэдщ, и Iэдакъэ къыщIэкIа тхылъхэм къытебгъэзэжурэ къибджыкIын зэритым хуэдэщ илъэс 94-м ит тхакIуэшхуэм и акъыл жанагъымэр гупсысэ куухэмрэ ущIэдэIунри.
Апхуэдэуи журналист IэщIагъэм сызэрыпэрыхьэрэ псом нэхъ сфIэфу къыхэсха унэтIыныгъэм - хамэ къэралхэм ис адыгэхэм ятеухуам - къыхэзгъахъуэмэ сфIэфIу, хэкум къэзыгъэзэжахэр щыпсэу Махуэхьэблэ дыкIуэныр сфIэфIти, бысымхэм дашэри зыщыдагъэплъыхьащ, къуажэдэсхэми жылэ тхьэмадэхэми дахуэзащ.
Кавказ Ищхъэрэми, Урысей псоми, уеблэмэ хамэ къэралхэм щыпсэу пащтыхь унагъуэхэми яфIэтелъыджэ бзылъхугъэ щэджащэ Еутых Iэсият и Дыщэ уардэунэм щыдгъэкIуа махуэ ныкъуэр гукъинэж тщыхъуащ. Хэкум къэзыгъэзэжа, сурэтыщI цIэрыIуэ хъуа Дыгъу Айтэч, адыгэ хьэпшып зэмылIэужьыгъуэхэмкIэ IэпщIэлъапщIэ Нэгъув Аслъэн сымэ хуэдэхэрщ лъэпкъым и пщIэр зыIыгъри, ди щхьэр лъагэу дэзыгъэлъагъужри. А псом нэмыщIи, Адыгейм иджыпсту еужьэрэкIыу зызригъэужь IэнатIэм - туризмэм - и гугъу дымыщIын тлъэкIакъым. Абы щекIуэкI Iуэхухэм зыщыдгъэгъуэзэн мурадкIэ, мызыгъуэгум дэ дыщыIащ «Мыщэкъуэ» къущхьэ тIуащIэмрэ Рыфыбг псыкъелъэхэмрэ.
Махуитхум къриубыдэу Адыгэ Республикэм щызэхуэтхьэса тхыгъэхэр «Адыгэ псалъэм» и къыкIэлъыкIуэ къыдэкIыгъуэхэм ящыщ зым тетынущ.
НэщIэпыджэ Замирэ,
«Адыгэ псалъэ» газетым политикэмкIэ, жылагъуэмрэ
лъэпкъ IуэхухэмкIэ и къудамэм и унафэщI,
Адыгэ Республикэм щIыхь зиIэ и журналист.