Къэрал хабзэм къызэригъэувым ипкъ иткIэ, КъБР-м и Iэтащхьэу хаха КIуэкIуэ Казбек и къулыкъум зэрыпэрыувэм теухуа дауэдапщэр КъБР-м и Правительствэм и Унэм щекIуэкIащ. А зэIущIэм хэтащ УФ-м и Президентым и полномочнэ лIыкIуэу Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм щыIэм и къуэдзэ Куренной Александр, Адыгэ Республикэм и Iэтащхьэ КъумпIыл Мурат, Дагъыстэн Республикэм и Лъэпкъ Зэхуэсым и УнафэщI Аскендеров Заур, Къэрэшей-Шэрджэс Республикэм и тхьэмадэ Темрезов Рашид, Осетие Ищхъэрэ - Аланием и Iэтащхьэ Меняйло Сергей, Шэшэн Республикэм и Парламентым и тхьэмадэ Жамалдаев Шаид, Ставрополь крайм и губернатор Владимиров Владимир.
УФ-м и Президентым и Администрацэм, федеральнэ министерствэхэмрэ ведомствэхэмрэ я лIыкIуэхэр, УФ-м и Къэрал Думэм и депутатхэр, Федеральнэ Зэхуэсым и сенаторхэр, КъБР-м и Конституцэ, Арбитраж судхэм, Суд Нэхъыщхьэм я унафэщIхэр, депутатхэр, министрхэр, нэгъуэщI къулыкъущIэхэр, жылагъуэр хэтащ мы Iуэхум. ЗэIущIэр къыщызэIуихым КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ къеджащ КIуэкIуэ Казбек Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэу зэрыхахамкIэ Парламентым и Унафэм.
- 2021 гъэм дыгъэгъазэм и 21-м къыдэкIа «Урысей Федерацэм и субъектхэм я къэрал властым и лIыкIуэ (законхэр къыдэзыгъэкI), гъэзэщIакIуэ органхэр къызэгъэпэщынымкIэ псоми яхуэгъэза хабзэхэм ятеухуауэ» Федеральнэ законым и 20, 23-нэ статьяхэм, КъэбэрдейБалъкъэрым и Конститутцэм и 79-нэ статьям, 2014 гъэм и мэлыжьыхьым и 23 гъэм къыдэкIа «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэр Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым и депутатхэм зэрыхах щIыкIэм и IуэхукIэ» республикэ законым и 3-нэ статьям къызэрагъэувым тету, КъБР-м и Парламентым унафэ ещI, щэхуу екIуэкIа IэIэтым кърикIуахэмкIэ, КIуэкIуэ Казбек Валерий и къуэр илъэситхукIэ КъБР-м и Iэтащхьэу хахыну, - жиIащ Егоровэм икIи дыщIигъуащ дэфтэрым а махуэм щыщIэдза-уэ къару зэригъуэтыр, ар Урысей Федерацэм и Президентым зэрыхуагъэхьынур.
Абы иужькIэ, КъБР-м и Iэтащхьэм и Iэр КъБР-м и Конституцэ тхылъым трилъхьэри, тхьэ иIуащ зыпэрагъэува IэнатIэм пэрытыху цIыхум и хуитыныгъэр зэрихъумэнум, УФ-м, КъБР-м я Конституцэхэм къагъэувхэр зэригъэзэщIэнум, республикэм и къэралыгъуэр, шынагъуэншагъэр къызэрызэригъэпэщынум, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и цIыхухэм пэжу зэрахуэлэжьэнум теухуауэ.
ЗэIущIэм къыщеджащ УФ-м и Федеральнэ Зэхуэсым ФедерацэмкIэ и Советым и УнафэщI Матвиенкэ Валентинэ, УФ-м и Правительствэм и УнафэщI Мишустин Михаил сымэ къагъэхьа телеграммэхэм.
«ПщIэ зыхуэсщI Казбек Валерий и къуэ! Сынохъуэхъу Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэу иджыри зы пIалъэкIэ узэрыхахыжамкIэ. Уэ уи IэщIагъэм фIыуэ зэрыхэпщIыкIым, узэпэрыт къулыкъум и пIалъэр зэрыпщIэм, уи мурадхэр зыIэрыбгъэхьэфу узэрыщытым къыхэкIкIэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым и экономикэм, щыIэкIэ-псэукIэм зэпIэзэрыту зиужь хъуащ, цIыхухэм я псэукIэр нэрылъагъуу ефIэкIуащ. Си фIэщ мэхъу УФ-м и Федеральнэ Зэхуэсым ФедерацэмкIэ и Советымрэ КъБР-м и къэрал къулыкъущIапIэхэмрэ зэдэлэжьамэ, дяпэкIи IуэхуфI куэд къызэрыпэкIуэнур. Уи къэрал къулыкъу лъагэм ехъулIэныгъэхэр ущиIэну сынохъуэхъу», - щыжеIэ Матвиенкэ Валентинэ телеграммэм.
УФ-м и Правительствэм и УнафэщI Мишустин Михаил къыхегъэщ: «IэIэтым кърикIуахэр иджыри зэ щыхьэт техъуащ уи IэнатIэм узэрыхуэIэижьым, къалэн гугъухэм псынщIэу хэкIыпIэ къазэрыхуэбгъуэтыфым, щIыналъэм зиужьынымкIэ, цIыхухэм я псэукIэр ефIэкIуэнымкIэ лэжьыгъэшхуэ зэрызэфIэпхым. ХьэлыфIу уэ пхэлъымрэ уиIэ зэфIэкIымрэ Къэбэрдей-Балъкъэрми къэрал псоми иджыри фIы куэд къызэрыхуахьынум шэч къытесхьэркъым. Сынохъуэхъу узыншагъэ быдэрэ ехъулIэныгъэшхуэхэмрэ уиIэну!»
Куренной Александр къеджащ УФ-м и Президентым и полномочнэ лIыкIуэу Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм щыIэ Чайкэ Юрий зэрызыкъыхуигъазэ псалъэм. «Сынохъуэхъу, Казбек Валерий и къуэ, КъБР-м и Iэтащхьэу узэрыхахамкIэ. Уэ дзыхьышхуэ къыпхуащIащ УФ-м и Президентымрэ КъБР-м и Парламентым и депутатхэмрэ. Абы, дауи, лъабжьэ хуэхъуар егупсысауэ, зэгъэзэхуауэ ебгъэкIуэкIа лэжьыгъэрщ, псэукIэм, экономикэм, жылагъуэ, политикэ Iуэхухэм цIыхухэм ягу дыхьэу узэрыхэлIыфIыхьарщ. Илъэсихым къриубыдэу фэ куэдым фыхунэсащ, промышленностым, мэкъумэш, ухуэныгъэ, туризм IэнатIэхэм зыужьыныгъэ нэрылъагъухэр ягъуэтащ, дяпэкIи апхуэдэу жыджэру улэжьэну ди гуапэщ».
Адыгэ Республикэм и Iэтащхьэ КъумпIыл Мурат къыщыпсалъэм жиIащ КIуэкIуэ Казбек щылэжьа пIалъэр тыншу щымытами, зэманым къыхуигъэув къалэн гугъу псоми зэрыпэлъэщыр.
- Уэ сытым дежи къыпкъуэтщ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щыпсэу цIыхубэр, къыбдоIэпыкъу федеральнэ центрыр, апхуэдэуи Адыгейм щыпсэухэр гукIи псэкIи уи телъхьэщ. Узэрылэжьа пIалъэм къриубыдэу мы хэгъэгум дахэу зихъуэжащ, IэнатIэ зэмылIэужьыгъуэхэм ехъулIэныгъэшхуэхэр щызыIэригъэхьащ, дяпэкIи апхуэдэ лъэбакъуэщIэхэм къыхэвгъахъуэу зэрекIуэкIынум шэч къытесхьэркъым.
Уэ уи фIыгъэкIэ иужьрей илъэсхэм адыгэ зэрыс республикэхэм я зэхуаку дэлъ къуэш зэпыщIэныгъэхэр нэхъри дгъэбыдащ. Дэ дызэгурыIуэу ди лъэпкъ Iуэхухэр догъэкIуатэ, зэгъусэу долэжь ди цIыхухэм я псэукIэр нэхъыфI щIыным. АдэкIи къыпытщэнущ дэтхэнэ лъэпкъым дежкIи щхьэпэу Президентым къытхуигъэув къалэнхэр зэфIэхыным, - жиIащ КъумпIылым.
Адыгейм и Iэтащхьэм и къэпсэлъэныгъэр адыгэбзэкIэ иухыжащ: «Мамырыгъэ фиIэу, фи Iуэхухэр ефIакIуэу, фызыхуей псоми фи Iэр нэсу куэдрэ Тхьэм фыщигъэIэ!»
Къэрэшей-Шэрджэс Республикэм и тхьэмадэ Темрезов Рашид жиIащ КIуэкIуэ Казбек къыдэлажьэ гупым яхуигъэув къалэнхэр зыхуэдэр фIыуэ зэрищIэр, ар зэрахузэфIэкIынури зэрынэрылъагъур. Апхуэдэуи дыщIигъуащ дзэ Iуэху хэхам щыIэ щIалэхэм Iэтащхьэм гулъытэшхуэ зэрахуищIыр, зэрахыхьэр, зэрадэIэпыкъур куэд зэриуасэр, КIуэкIуэм зыхуигъэувыж мурад псори зэрызригъэхъулIэнур и фIэщ зэрыхъур.
- Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм хиубыдэ хэгъэгухэр ижь-ижьыж лъандэрэ зэгурыIуэу, зэдэIуэжу, лъытэныгъэрэ гуапагъэрэ я зэхуаку дэлъу къызэдогъуэгурыкIуэ. Дэ а щапхъэм дытету дызэрызэдэлажьэр, дызэрызэхущытыр, шэч хэмылъу, ди IэнатIэми къыщытхуосэбэп, - жиIащ Осетие Ищхъэрэ - Аланием и Iэтащхьэ Меняйло Сергей къыщыпсалъэм.
Шэшэн Республикэм и Парламентым и тхьэмадэ Жамалдаев Шаид къеджащ ШР-м и Iэтащхьэ Кадыров Рамзан къигъэхьа хъуэхъу тхыгъэм. Шэшэн Iэтащхьэми къыхигъэбелджылыкIащ КIуэкIуэр етIуанэ пIалъэкIэ зэрыхахыжар Урысейми Къэбэрдей-Балъкъэрми я зыужьыныгъэм жэуаплыныгъэ ин пылъу зэрыхуэлажьэм къызэрыпэкIуар, абы и Iэзагъымрэ зэфIэкIымрэ иджыри IуэхуфI куэд къазэрыхуихьынур къыхигъэщащ.
Гум къыбгъэдэкIыу къэпсэлъащ Ставрополь крайм и губернатор Владимиров Владимир.
- ЕхъулIэныгъэшхуэхэр уиIащ мы илъэсихым. Сэ куэд жысIэнукъым. ФIыщIэ пхуэсщIыну сыхуейщ си сабиигъуэр щыкIуа Прохладнэ къалэм щхьэкIэ. Гъуэгухэр щевгъэфIэкIуащ, ЩэнхабзэмкIэ унэ дэфщIыхьащ, псэукIэм зыщиужьащ. МашиниплI щызэблэжыфу фщIа гъуэгухэм щхьэкIэ фIыщIэ ин фхузощI. Iуащхьэмахуэ лъапэ зэрызевгъэужьым щхьэкIэ щхьэхуэу сыфхуэарэзыщ сэри, си унагъуэри, ставропольдэсхэри. Ахэр къэкIуэну, зыщагъэпсэхуну яфIэфIщ фи республикэм.
Езы КIуэкIуэр къыщыпсалъэм псом япэу фыщIэ хуищIащ УФ-м и Президент Путин Владимир дзыхь къыхуищIу IэнатIэр иджыри зэ къызэрыхуигъэлъэгъуам папщIэ, апхуэдэуи депутатхэмрэ Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхухэмрэ псалъэ гуапэкIэ захуигъэзащ, ахэр къызэрыщыгугъ псори зэфIигъэкIын папщIэ и къаруи, щIэныгъи, зэфIэкIи зэрыщымысхьынур, хуей хъумэ, и узыншагъэри хилъхьэну зэрыхьэзырыр жиIащ КIуэкIуэ Казбек.
НэщIэпыджэ Замирэ.