ФIым я фIыжхэр ягъэлъапIэ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек щIыналъэм и зыужьыныгъэм хэлъхьэныгъэфI хуэ­зыщIа, зи IэнатIэм ехъулIэныгъэ щызиIэ цIыху гуащIафIэхэм щIыхьыцIэхэмрэ къэрал дамыгъэ лъапIэхэмрэ яритыжащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и Къэралыгъуэм и махуэм ирихьэлIэу. 

КIуэкIуэ Казбек ягъэлъапIэхэм защыхуи­гъазэм къыхигъэщащ махуэшхуэр Къэбэрдей-Балъкъэрым и тхыдэм, и къэралыгъуэм и зыужьыныгъэм и дамыгъэ зэрыхъуар. УФ-м и Президентым цIыхухэр хъумэным и IуэхукIэ  къахуигъэува къалэнхэр ягъэзэщIэнымкIэ псом хуэмыдэу узыншагъэр хъумэнымкIэ IэнатIэм пэрытхэм куэд зэрелъытар икIи ахэр а Iуэхум зэ­ры­пэлъэщыр, цIыху гъащIэм и кIыхьагъым, ­къалъ­ху­­хэм я бжыгъэм зэрыхэхъуэр, лIэныгъэр нэхъ мащIэ зэрыхъуар жиIащ. Физкультурэмрэ ­спортымрэ я лэжьакIуэхэм цIыхухэм я узыншагъэр зэрагъэбыдэр, егъэджакIуэхэм щIэблэм щIэныгъэрэ гъэсэныгъэрэ зэрыратыр, Хэку ­лъагъуныгъэм зэрыщIапIыкIыр зэрыуасэншэм, ухуакIуэхэм, нэгъуэщI унэтIыныгъэхэм пэрыт IэщIагъэлIхэм республикэр зэрырагъэфIакIуэм къытеувыIа нэужь, щIыналъэм и Iэтащхьэм пщIэрэ щытхъурэ, жэуаплыныгъэ яIэу зи IэнатIэ езыхьэкIхэм ящыщу зэIущIэ гуапэм ирагъэблэгъахэм яритыжащ хуагъэфэща щIыхь дамыгъэхэр.
- Къэралыгъуэ зиIэ хъуа, зи лъапIэныгъэхэмрэ къалэнхэмрэ зэрызэхуэдэм нэхъри зэкъуигъэува адыгэхэмрэ балъкъэрхэмрэ хэлъхьэныгъэфI хуащIащ щIыналъэм и экономикэ, социальнэ IэнатIэхэр къэIэтыным, щэнхабзэм, нэгъуэщI унэтIыныгъэхэм зегъэужьыным, лъэпкъ хабзэхэр хъумэным. БлэкIа илъэсипщIхэм республикэм и унэтIыныгъэ псоми цIыхубэм ехъулIэ­ныгъэфIхэр щызыIэрагъэхьащ, - жиIащ КIуэкIуэ Казбек. - Къэбэрдей-Балъкъэрым исхэр иро­гуш­хуэ япэ ита нэхъыжьыфIхэм я зэфIэкIхэм. Ди щIыналъэр нэгъуэщI лъэпкъхэм къахэкIа куэдым псэупIэ яхуэхъуащ. Ахэр зэкъуегъэувэ Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ Урысеймрэ егъэ­фIэкIуэным хэлъхьэныгъэ хуэщIыным. Ди псалъэ гуапэхэр яхуэгъэзащ хэкум, къэралым еш зымыщIэу псэ хьэлэлкIэ хуэлажьэхэм. Апхуэдэу фIыщIэ хэха яхуэфащэщ дзэ Iуэху хэхам лIы­хъужьыгъэ къэзыгъэлъагъуэу щыIэ, Урысейм къулыкъу хуэзыщIэ щIалэхэм. Абыхэм я нэхъыжьхэм, унагъуэхэм пщIэ яхудощI.
Зэхыхьэм хэтащ КъБР-м и Парламентым и Iэтащхьэ Егоровэ Татьянэ, КъБР-м и Правительствэм и УнафэщI Мусуков Алий, УФ-м и Президентым и полномочнэ лIыкIуэу КИФЩI-м щыIэм и Аппаратым КъБР-м къегъэщIылIа и федеральнэ инспектор нэхъыщхьэ Васильченкэ Дмитрий, КъБР-м и Iэтащхьэм и Администрацэм и УнафэщI Къуэдзокъуэ Мухьэмэд. 
ТЕКIУЖЬ Заретэ

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

16.10.2026 - 09:03

ЩIыналъищыр зэпащIэ

УФ-м транспортымкIэ и министрым и япэ къуэдзэ Пашков Константинрэ Къэрал гъуэгу агентствэм и унафэщI Новиков Романрэ видеозэпыщIэныгъэкIэ я гъусэу, КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек хэтащ Къэбэрдей

16.10.2026 - 09:03

Тхыдэр щахъумэ, щIэблэр щагъасэ

Тэрч районым хыхьэ Курп Ипщэ къуажэм дэт курыт еджапIэм Iэщыж Лолэ и цIэр зэ­рихьэу хэт школ музейр «Зи Iуэху бгъэ­дыхьэкIэр нэхъыфI музей» урысейпсо зэпеуэм текIуэныгъэр къыщызыхьа 70-м ящыщ хъуащ

16.10.2026 - 09:03

Жэпуэгъуэм и махуэ гуауэхэр

Налшык дэт 5-нэ къалэ библиотекэм щекIуэкIащ «Жэпуэгъуэм и махуэ ­гуауэхэр» зыфIаща зэIущIэр, 2005 гъэм ди республикэм къыщыхъуам теу_хуар.

15.10.2026 - 09:19

Мыхьэнэшхуэ зиIэщ бжыгъэхэр

Ди республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек хуэзащ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм лэжьыгъэ IуэхукIэ мы махуэхэм къэкIуауэ щыIэ, Къэрал статистикэмкIэ федеральнэ къулыкъущIапIэм и уна­фэщIым и къуэдзэ

15.10.2026 - 09:18

Къалэным хуэпэжахэр ящыгъупщэркъым

Налшык щекIуэкIащ Хабзэхъумэ IэнатIэхэм я лэ­жьакIуэхэу зи къалэн зыгъэзащIэу хэ­кIуэ­­дахэм я фэеплъ пэкIу.