IэпщIэлъапщIагъэм драгъэхьэхыж

ШыщхьэуIум и 29-м «КьБР-м­ и муниципальнэ щIы­на­лъэ­хэм я совет» зэгухьэныгъэм ­(КъБР-м и ­АСМО) и прав­ленэм и унафэщI Пэнагуэ Максим я зи чэзу зэIущIэр ­КъБР-м и Правительствэм щригъэкIуэкIащ. Абы хэтащ КъБР-м и Iэтащхьэм и Администрацэм политикэ кIуэцI Iуэхухэмрэ щIы­пIэ унафэр зехьэнымкIэ и управленэм и чэнджэщэгъу Храмцов Алексей, щIыпIэ администрацэхэм я Iэтащ­хьэхэр, муниципальнэ район­хэмрэ къалэхэмрэ я щIыпIэ унафэр зехьэнымкIэ я советхэм я унафэщIхэм я ­къуэдзэхэр.

ЗэIущIэм IуэхугъуитIым щы­­хэплъащ. КъБР-м ЩэнхабзэмкIэ и министерствэм ЦIыхубэ творчествэмрэ культ­просвет лэжьыгъэмкIэ и Къэ­бэрдей-Балъкъэр методическэ центрым и унафэщI Жы­лэ Анатолэ тепсэлъыхьащ лъэпкъ гъуазджэмрэ IэпщIэ­лъап­щIагъэмрэ республикэм зэрыщахъумэну Iэмалхэм. Абы жиIащ мы зэманым «ЦIыхубэ IэпщIэлъапщIагъэм теухуауэ» КъБР-м и Законым тету, лъэпкъ щIэинхэр къэгъэщIэрэщIэжынымрэ абыхэм зегъэужьынымрэ ахэр зэрелэжьыр. КъищынэмыщIауэ, гулъытэшхуэ хуащI лъэпкъ IэпщIэлъапщIагъэм цIыхухэр дегъэхьэхыжыным, щIыналъэм зыгъэпсэхуакIуэ къакIуэхэм ди щэнхабзэр ­ирагъэцIыхуным. 
- Ди мурадхэр къыдэхъу­лIэн папщIэ, республикэм и къалэ, къуажэ къэс лъэпкъ IэщIагъэхэм щыхуа­гъасэ унэхэр е гупжьейхэр къыщызэгъэпэщын, абыхэм щылэжьэну IэщIагъэлIхэр ­къешэлIэн хуейщ. Курыт школ­хэм щеджэхэм я лэжьыгъэ дерсхэм хыхьэу, лъэпкъ фащэ зэрадым, щIакIуэ зэращIым, дыщэкIым, хэдыкIым, пхъэм къыхэбзыкIыным, ятIа­­гъуэм зэрелэжьым, цы зэI­рызэIуащэм ахэр щыхагъэгъуазэу щIыпхъэщ, - жиIащ Жылэ Анатолэ. - Апхуэдэуи IэпщIэлъапщIэхэм сату щапIэхэр (павильонхэр) яIэн ­хуейщ, я IэдакъэщIэкIхэр ягъэ­лъэ­гъуэ­­фын, ящэн хуэдэу. Ап­­хуэдэхэр къыщызэIухыпхъэщ, псалъэм папщIэ, зы­гъэп­сэхуакIуэхэр нэхъыбэу здэ­­кIуэ щIыпIэхэм: Джэдмышх псыкъелъэхэм, Зэнзэныпсхэм я хуейм, Шэдхъу­рей гуэлым, Джэдыкъуэ, Ау­шы­джэр псы хуабэхэм, Гуэл щхъуантIэхэм, Iуащхьэмахуэ лъапэ хуэзэу. КъБР-м и Правительствэм зыхуэдгъэзэну дыхуейт лъэпкъ IэпщIэлъап­щIэхэм илъэс къэс ахъшэ ­саугъэткIэ зыщIагъакъуэу щIы­ным хэплъэну.
Бахъсэн къалэ округым и Iэтащхьэм и къуэдзэ Къармэ Залинэ зэIущIэм хэтахэр щигъэгъуэзащ КъБР-м и Парламентым и VII зэхуэсым хэтыну депутатхэм я хэхыныгъэхэм зэрызыхуагъэхьэзырым. 

БАГЪЭТЫР Луизэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

16.10.2026 - 09:03

ЩIыналъищыр зэпащIэ

УФ-м транспортымкIэ и министрым и япэ къуэдзэ Пашков Константинрэ Къэрал гъуэгу агентствэм и унафэщI Новиков Романрэ видеозэпыщIэныгъэкIэ я гъусэу, КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек хэтащ Къэбэрдей

16.10.2026 - 09:03

Тхыдэр щахъумэ, щIэблэр щагъасэ

Тэрч районым хыхьэ Курп Ипщэ къуажэм дэт курыт еджапIэм Iэщыж Лолэ и цIэр зэ­рихьэу хэт школ музейр «Зи Iуэху бгъэ­дыхьэкIэр нэхъыфI музей» урысейпсо зэпеуэм текIуэныгъэр къыщызыхьа 70-м ящыщ хъуащ

16.10.2026 - 09:03

Жэпуэгъуэм и махуэ гуауэхэр

Налшык дэт 5-нэ къалэ библиотекэм щекIуэкIащ «Жэпуэгъуэм и махуэ ­гуауэхэр» зыфIаща зэIущIэр, 2005 гъэм ди республикэм къыщыхъуам теу_хуар.

15.10.2026 - 09:19

Мыхьэнэшхуэ зиIэщ бжыгъэхэр

Ди республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек хуэзащ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм лэжьыгъэ IуэхукIэ мы махуэхэм къэкIуауэ щыIэ, Къэрал статистикэмкIэ федеральнэ къулыкъущIапIэм и уна­фэщIым и къуэдзэ

15.10.2026 - 09:18

Къалэным хуэпэжахэр ящыгъупщэркъым

Налшык щекIуэкIащ Хабзэхъумэ IэнатIэхэм я лэ­жьакIуэхэу зи къалэн зыгъэзащIэу хэ­кIуэ­­дахэм я фэеплъ пэкIу.