Дунейпсо Адыгэ Хасэм и хэщIапIэу Налшык дэтым зэIущIэ гуапэ щекIуэкIащ. Ар теухуат химие щIэныгъэхэмкIэ доктор, профессор, Урысейм щIэныгъэхэмкIэ и академием Геохимиемрэ аналитикэ химиемкIэ и институт Вернадский В. И. и цIэр зезыхьэм и унафэщI, физическэ химиемкIэ дунейм щынэхъ цIэрыIуэ IэщIагъэлIхэм ящыщ Хьэмыз Руслан. Москва къалэр зи псэупIэ ди лъахэгъур хьэщIапIэ къызэрыкIуэжар къагъэсэбэпри, ар зыцIыхухэмрэ и гъащIэм, и гуащIэм зыщызыгъэгъуэзэну хуейхэмрэ щызэхуэсат ДАХ-м.
- ЗэIущIэм зыкърагъэхьэлIащ Руслан и ныбжьэгъухэм, Iыхьлыхэмрэ благъэхэмрэ, химик цIэрыIуэхэм, апхуэдэуи дэ, нэхъ гъунэгъуу щIэныгъэлIыр зэзыгъэцIыхуну щIэхъуэпсхэм. И биографие къудей мыхъуу, дыхуейщ езы Руслан и псалъи зэхэтхыну. Ди лъэпкъ мащIэм Хьэмызым хуэдэ цIыху къызэрыхэкIар дэркIэ насыпышхуэщ. И лэжьыгъэ нэхъыщхьэм щызыIэригъэхьа ехъулIэныгъэхэр гурыIуэгъуэщ, ар химик гъуэзэджэщи, ауэ и тхыгъэ зэдзэкIыгъэхэр телъыджэщ, ар зи IэщIагъэм адыгэбзэм къригъэтIэса фIэкIа пщIэнукъым. Иджыри нэгъуэщI зыгуэрым зеппщытамэ ди гуапэт, Руслан, - жиIащ зэIущIэр къыщызэIуихым ДАХ-м и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутий.
ЗэIущIэ нэхъыщхьэм щIидзэн ипэ, журналистхэр щIэлъэIури, Хьэмы-зыр дакъикъэ зыбжанэкIэ «къадыгъуащ». УпщIэхэм жэуап ириткIэрэ, ар кIэщIу тепсэлъыхьащ еджэным гу зэрыхуищIам, и лэжьыгъэм, дунейм къыщыхъу Iуэхугъуэ зэмылIэужьыгъуэхэм, гъащIэр ефIэкIуэн папщIэ щIэныгъэрылажьэхэм ящIэн хуейм, сабийм и гъэсэныгъэм нэхъыщхьэу хэлъыр лажьэу егъэсэныр зэрыарам, и зэдзэкIыгъэхэм, и хъуэпсапIэхэм, нэгъуэщI куэдми (нэхъ зыубгъуауэ пресс-конференцыр «Адыгэ псалъэ» электрон газетым (apkbr.ru) и къыдэкIыгъуэ гъунэгъухэм языхэзым тетынущ).
Тхыдэ щIэныгъэхэмкIэ доктор, Къэбэрдей-Балъкъэрым Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ и къэрал институтым и унафэщI, Руслан и анэ шыпхъум и къуэ Дзэмыхь Къасболэт псалъэ щратым, адыгэу щыIэм я Iуэху зезыхуэ ДАХ-м ехъуэхъуащ зэIущIэр къызэрызэригъэпэщам папщIэ.
- Руслан и гугъу сщIымэ, дэ дыкъыщыхъуар Налшык пэмыгъунэгъу къуажэ пхыдзащ - Къармэхьэблэщ. ДыкъыщыдэкIуэтей зэманым щыIа жылагъуэр, псэукIэр зэрыщыту нэгъуэщIт. Дэтхэнэ зы къуажэ школми щылажьэхэр зи IэщIагъэм къыхуигъэщIа егъэджакIуэхэт, я гъэсэнхэм щIэныгъэшхуэ бгъэдалъхьэну хуейуэ икIи ар яхузэфIэкIыу. Ди школри абыхэм ящыщ зыт. Ди егъэджакIуэ нэхъыжьхэм яхэтт Хэку зауэшхуэм ипэ лъандэрэ къуажэр псэупIэ зыхуэхъуа урыс егъэджакIуэхэри. Къапщтэмэ, си адэ-анэри, Руслан и адэ-анэри, ди къуэш-шыпхъу зыбжанэм яйхэри щылэжьащ школым, - къыхигъэщащ Къасболэт. - Зэгъусэу еджапIэм дыкъыщикIыжкIэ, Русланхэ я унэм япэ дыхуэзэрти, абы сыдыхьэрт. КъахуэкIуэ газет, журнал цIэрыIуэхэм я напэкIуэцIхэр зэригъэдзэкIыурэ, «Мы школыр къэзухыху псори къахутэнурэ зыри къысхуэнэнукъым», - жиIэу зэрыщытар сощIэж. И япэ ехъулIэныгъэшхуэт 9-нэ классым щIэсу Башкирием и Уфа къалэм щекIуэкIа союзпсо олимпиадэм япэ увыпIэр къызэрыщихьар.
Апхуэдэуи Къасболэт къыхигъэщащ институтым и унафэщIу щыхахынум зыкIи хуэмейуэ, и узыншагъэр абы хилъхьэну зэрыжриIар, ауэ пщIэшхуэ зиIэ академикхэр къызэрелъэIум къыхэкIыу, ахэр Руслан зэрыхуэмыгъэщIэхъуар. И къуэшыр зэрыцIыху зэпIэзэрытри, дуней псом къыщацIыхуа ди лъэпкъэгъу адрейхэми хуэдэу, и зэфIэкIым зэрыригушхуэри ибзыщIакъым. «Пушкиным и «Евгений Онегин»-р, Хэку зауэшхуэм и зэманым яуса урыс уэрэд цIэрыIуэхэр Руслан зэридзэкIауэ ди анэм и пащхьэм щислъхьам, адыгэбзэр апхуэдэу фIыуэ зэрищIэм езым и фIыщIи хилъэгъуащ, арат ар пэщIэдзэ классхэм щезыгъэджар», - жиIащ Дзэмыхьым.
Руслан лэжьыгъэр фIыуэ зэрилъагъум, езыми зэрыжиIэу, абы цIыхур зэрипсыхьым и гугъу ящIащ ар фIы-уэ зыцIыхухэм. ЩIэныгъэ и лъэныкъуэкIи Iэпкълъэпкъ къарукIи гугъу зыхуогъэхь, аращ и зэфIэкIым и хэкIыпIэр. Псалъэм папщIэ, «МГУ-м щыщеджи иужькIэ аспирантурэм щыщIэси зы гъэмахуэ къанэртэкъым ар къэкIуэжу мэкъу емыуэу», - жиIащ Къасболэт.
- Руслан си дэлъху нэхъыщIэщ, ауэ ди адэр дунейм ехыжа иужь, анэкъилъху нэхъыжьым и къалэнхэр и пщэ къыдэхуащ, - жиIащ культурологиемкIэ кандидат, Кавказ Ищхъэрэм ГъуазджэхэмкIэ и къэрал институтым и профессор ЩауэцIыкIу Людмилэ. - Налшык къызэрыкIуэж лъандэрэ пщыхьэщхьэ къэс доуэршэрри дызэхэсщи, си унэтIыныгъэми сэр нэхърэ мынэхъ мащIэу зэрыхищIыкIыр згъэщIэгъуэн сухыркъым. СощIэ ар зы дакъикъи къэмынэу зыгуэрым егупсыс, и щхьэм куэд щызэзыгъэзахуэ цIыхуу зэрыщытыр, итIанэми слъэмыкIыу согъэщIагъуэ. ХузэфIэкIар зэрыщыту, и адыгэбзэ къулейри абы щIыгъужу, и емызэш лэжьыгъэращ къызыпкърыкIар.
КъызытепщIыкIа я лIакъуэм мащIэу и гугъу ищIащ Людмилэ, адыгэхэм нэхъыфIу яхэлъ хабзэхэр Руслан зэрызыщIишари къыхигъэщащ. «Уи гъащIэри уи ехъулIэныгъэхэри уи закъуэкъым, Руслан, зейр, - жиIащ абы. - Абыхэм иригушхуэ хъунущ дунейм и сыт хуэдэ щIыналъи щыпсэу адыгэхэр».
- Сэ нэгъуэщI школ сыкъикIыжа иужь, Русланрэ сэрэ илъэсихкIэ зы партэм дыдэсу дызэдеджащ. Ди анэхэр зэныбжьэгъут, - жиIащ КъБКъУ-м и УНИИД-м и профессор Бей Iэуес. - ФIы дыдэу еджэрт Руслан, ар физикэ, химие ирехъу, литературэуи щрет. А щIэныгъэхэм я дэтхэнэ зымкIи ар доктор хъуфынут, и IэщIагъэ нэхъыщхьэмкIэ Нобель и саугъэтыр хуэбгъэфащэ щIэхъун къэхутэныгъэхэр, зэфIэкIрэ щIэныгъэрэ иIэщ. Жэщ-махуэ симыIэу сопсалъэ си ныбжьэгъум и деж, си чэнджэщэгъуфIщ, зыгуэркIэ сыкъытехьэлъэуи игъащIэм зыкъызигъэщIакъым. Аспирантурэм дыщыщIэсым, Руслан Москва, сэ - Налшык дыщеджэрт, щIэх-щIэхыурэ ди къэралым и къалащхьэм сыкIуэн хуей хъурт. Пэш зэв цIыкIум щIэс пэтрэ, зэпымыууэ сыкъыщыувыIэр абы и дежт.
Щытхъу зэрыфIэмыфIыр къапщIэу Хьэмызыр мэукIытэ. Езым и псалъэкIэ жыпIэмэ, зиухеижыну абы къыхегъэщ Налшык зигъэпсэхуну къызэрымыкIуэжар, атIэ лэжьыгъэшхуэ къазэрыпэщылъыр. Ди республикэми Кавказ Ищхъэрэми яхуэгъэза Iуэхушхуэщ гъуэгу къытезышар. Псалъэм и хьэтыркIэ, Дагъыстэным литийм щелэжьынущ, Налшык бжьэхуц хьэсэхэр щащIэну, абы щелэжьыну IуэхущIапIи къыщызэIуахыну я гугъэщ. Абыхэм нэхъ зыубгъуауэ тригъэпсэлъыхьмэ нэхъ къищтащ «Радий» IуэхущIапIэм и генеральнэ унафэщI, «Телемеханика» заводыр зей Кхъуэнэ Мухьэмэд.
- Литиймрэ бжьэхуцымрэ ди къэралым къомэщIэкI, - жиIащ Мухьэмэд, - аращ абыхэм яужь димыхьэныр щIэIэмалыншэр. ЩIыгулъ фIыцIэ къэтшащ, щIыуэпсым зэрезэгъыр дгъэунэхуу, хъунумэ бжьэхуц хьэсэхэр Къэбэрдей-Балъкъэрым щытщIэну. Бжьэхуцыр зэрыдиимащIэм и зэранкIэ Iугъуэншэ гыныр тхурикъуркъым. Къапщтэмэ, Украинэм щекIуэкI дзэ Iуэху хэхахэм топхэр ягъэпщкIу щхьэкIэ, здэщыIэр бийхэм къащIэ къапих IугъуэмкIэ. Мис а Iугъуэншэ гыныр щыпщIкIэ лей къэхъу кIэрыхубжьэрыхум дыщелэжьыну аращ «Телемеханика» заводым.
КъБКъУ-м и проректор Хъурей Арсен къыхигъэщащ Руслан и зэдзэкIыгъэ тхыгъэхэр зэрыфIэтелъыджэр, хузэфIэкIа куэдыр мащIэу къытщызыгъэхъуну Iэджэ иджыри и къарумрэ и щIэныгъэмрэ къихьыну зэрыщыгугъыр.
Руслан и къекIуэкIыкIам кIэщIу тепсэлъыхьащ Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд. Абы къыхигъэщащ Руслан 1982 гъэм кандидат, 1998 гъэм доктор диссертацэхэр зэрыпхигъэкIар. ЩIэныгъэхэмкIэ Урысей академием, ЩIэныгъэхэмкIэ Дунейпсо Адыгэ Академием зэрыхэтыр. ЩIэныгъэ тхыгъэу къыдэкIыгъуэ зэмылIэужьыгъуэхэм тридзар 215-рэ, и IэдакъэщIэкIхэр къыщыхагъэщахэр 98-рэ мэхъу, патенту къэрал зэмылIэужьыгъуэхэм 45-рэ щиIэщ. «Уи цIэр дгъэлъэпIэну ди гуапэщ, Руслан, дуней псом укъызэрыщацIыхур, укъызэращIэр ди напщIэм телъщи, Тхьэм ухущIигъэхьэ», - жиIащ Мухьэмэд.
ИужькIэ къэпсэлъахэми зы жьэу жаIащ Хьэмыз Руслан зэрыцIыху зэпIэзэрытыр, адыгэлъ къабзэ зэрыщIэтыр, къызыхэкIам папщIэ имыщIэн щымыIэу лъэпкъыр фIыуэ зэрилъагъур, дэнэ щыпсэуами, игукIи и псэкIи Къэбэрдей-Балъкъэрым зэрыпыщIар. Куэд зыщIэ куэд хузэфIокI жыхуаIэращи, и къару къихьу зыри къэзымыгъанэ адыгэлIым дэнэкIэ игъазэми и гъуэгур дахэ хъуну ди гуапэщ.
ИСТЭПАН Залинэ.
Сурэтхэр Къарей Элинэ трихащ.