АвтомобилыщIэхэмкIэ Iэтащхьэр йохъуэхъу

КъБР-м и МВД-м и IэнатIэхэм автомашинэщIэ 51-рэ дыгъуасэ иратащ. Iуэхур щекIуэкIащ Налшык къалэм Абхъазым и утым деж. Абы хэтащ КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек, КъБР-м къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ и министр полицэм и генерал-майор Крючков Вячеслав, КъБР-м и ­МВД-м и Жылагъуэ советым и унафэщI Мэкъушэ Руслан, къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ IэнатIэхэм я лэжьакIуэхэр. 
- Хабзэм кIэлъыплъынымкIэ, жылагъуэ шынагъуэншагъэр къызэгъэпэщынымкIэ нобэ жэуаплыныгъэшхуэ фэ фохь. Си фIэщ мэхъу, республикэм и МВД-м и лэжьакIуэхэм дэтхэнэми а жэуаплыныгъэр зэрызы­хэф­щIэр, фи къалэнхэр пщIэ пылъу адэкIи зэ­рыв­гъэзэщIэнур, - яжриIащ къызэхуэсахэм КIуэкIуэ Казбек. - Жылагъуэ шынагъуэншагъэм кIэлъыплъыным ди зэманым мыхьэ­нэшхуэ иIэщ. Лъэпкъ пэхуэщIэхэмкIэ Урысейм и Президентым и унафэхэр гъэзэщIэ­ным хыхьэу, иджыпсту гулъытэ ин хуащI техникэхэр зэхъуэкIыным. Нобэ ар ди деж щы­нэрылъагъущ. Къэбэрдей-Балъкъэрым ­нэхъ ипэкIи автомобилыщIэхэр къыхуащэ­хуауэ щытащ, адэкIи а Iуэхум пащэнущ. Шэч къытесхьэркъым техникэхэмрэ ахэр къы­зэрызэгъэпэща Iэмалхэмрэ фи лэжьыгъэр нэхъ къызэрывдагъэпсынщIэнум, сэбэп къызэрыфхуэхъунум. Ауэ къыхэзгъэщыну сыхуейт мыри: шынагъуэншагъэр зыми къызэригъэпэщыфынукъым, фэ фи жэ­уаплыныгъэмрэ лIыгъэмрэ щIымыгъумэ. Ды­зыщыгугъыр фэращи, ехъулIэныгъэфI­хэр фиIэну дынывохъуэхъу. 
КъБР-м къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ и министр полицэм и генерал-майор Крючков Вячеслав псалъэ щратым, къыхигъэщащ Урысей Федерацэм къыбгъэдэкI дэIэпыкъуныгъэм и фIыгъэкIэ, илъэс къэс республикэм гъуэгу шынагъуэншагъэм зэрыщыкI­э­лъыплъ техникэр зэрыщрагъэфIакIуэр, лэ­жьа­кIуэхэм я къалэнхэр нэсу ягъэзэщIэнымкIэ щIэгъэкъуэныфI зэрахуэхъур.
- Нобэ патруль автомобилу 50-м щIигъу къытIэрыхьащ. Ахэр, шэч хэмылъу, республикэм и полицэм щIэгъэкъуэныфI хуэхъу­нущ. Иджы япэу ди щIыналъэм и ­гъуэгухэм тетынущ «Кибер-Шериф» программэмкIэ къызэгъэпэща автомобилхэр. А программэм къалэн куэд егъэзащIэ, къэрал IэнатIэхэм я базэхэм асыхьэту запищIэфу. Къы­хэгъэщыпхъэщ, республикэм къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ и IэнатIэхэр транспорткIэ къы­зэрызэгъэпэщар мы зэманым проценти 100-м зэрынэблэгъар. 
Министрым лэжьакIуэхэр къыхуриджащ техникэр сакъыу зэрахьэну, гъуэгу хабзэхэр зэрагъэзащIэм тэмэму кIэлъыплъыну, егугъуу я къалэнхэр ягъэзэщIэну.
БАГЪЭТЫР Луизэ.
Сурэтхэр Къарей Элинэ трихащ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

07.10.2024 - 11:09

ЛIыгъэщIапIэ

Украинэм щекIуэкI дзэ Iуэху хэхам япэ махуэхэм щегъэжьауэ хэтщ ди республикэм щыщ щIалэхэр. Абыхэм ящыщ дэтхэнэри лIыгъэ щIапIэ йохуэ, псэзэ­пылъ­хьэпIэхэм Iуоуэ, гухэщIи   ялъагъу.

07.10.2024 - 11:07

ХьэпцIейрэ Мэзкуурэ зэпызыщIа гущэхэпхэ

«Урысейм щыпсэу лъэпкъхэм я аудио-теплъэ щIэнгъуазэ», - ап­хуэдэу пхузэдзэкIынущ иджы­благъэ къэралым Лъэпкъ Iуэху­хэмкIэ и агентствэм кърихьэжьа проектыщIэм и цIэр.

07.10.2024 - 11:06

IэщIагъэм къыдит Iэмалхэр къыдогъэсэбэп

Адыгейм, Къэбэрдей-Балъкъэрым, Къэрэшей-Шэрджэ­сым ис адыгэхэм я зэпы­щIэ­ныгъэ­хэм нэхъри зригъэужьу, лъэпкъ зэкъуэтыныгъэр игъэ­быдэу, ди анэдэлъхубзэр ихъу­мэу «Адыгэ макъ», «Адыгэ пса­лъэ», «Че

07.10.2024 - 10:54

Къулыкъум пэрохьэ

Къэрал хабзэм къызэригъэувым ипкъ иткIэ, КъБР-м и Iэтащхьэу хаха КIуэкIуэ Казбек и ­къулыкъум зэ­рыпэрыувэм теухуа дауэдапщэр ­КъБР-м и Правитель­ствэм и Унэм щекIуэкIащ.

05.10.2024 - 09:03

Урысейм и Тхылъ Плъыжьым иратхащ

Жэпуэгъуэм и 4-р Псэущхьэхэр хъумэным и дунейпсо махуэщ. Ар зыхуэгъэзар дыкъэзыухъуреихь дунейм и хъугъуэфIыгъуэхэр, Iущагъэ ин тхэлърэ дысакъыу, къызэрыдгъэсэбэпыным ди гупсысэр хуэтшэнырщ.