|
Кавказ Ищхъэрэм ис Муслъымэнхэм я зэзыгъэуIу центрым и унафэщI хахащ
2 октября, 2024 - 06:03
Черкесск къалэм фокIадэм и 28-м щекIуэкIащ Къэрэшей-Шэрджэс республикэм ис муслъымэнхэм я XI съезд. Абы и лэжьыгъэм хэтащ КъБР-м Муслъымэн IуэхущIапIэм и унафэщI, муфтий Дзасэжь Хьэзрэталийрэ Кавказ Ищхъэрэ ислъам университетым и ректор Чочаев Шарафутдинрэ. Съездыр щекIуэкIащ Черкесск къалэм ЩэнхабзэмкIэ и уардэунэм.
Мыхьэнэшхуэ зиIэ IуэхугъуитI къапэщылът съездым къыщызэхуэсахэм. КъШР-м и муфтиймрэ Кавказ Ищхъэрэм ис муслъымэнхэм я зэзыгъэуIу центрым и унафэщIымрэ хахыну. ЗэрыфщIэщIи а къулыкъуитIри фокIадэм дунейм ехыжа Бердиев Исмэхьил-хьэжы зэрихьэу щытащ.
Къызэхуэсахэр зэхуэарэзыуэ КъШР-м и муфтийм и къулыкъур хуагъэфэщащ иджыри къэс абы и къуэдзэу щыта, КъШР-м дэт мыдрисэм и унафэщI Эркенов Мухьэмэд. ЗэзыгъэуIу центрым и унафэщIу хахар Шэшэн республикэм и муфтий Межиев Салахьщ.
«Шэшэныр – нобэ» интернет каналым щыгъуазэ дещI Межиевым и гъащIэ гъуэгум. Шэшэным и муслъымэнхэм я IуэхущIапIэм и Маджлисым и унафэщI, Фэтуэхэр къыдэгъэкIынымкIэ дунейпсо советым и секретариат нэхъыщхьэм и КъызэгъэпэщакIуэхэм яз, Дунейпсо ислъам лигэм хэт, Мухьэмэд Бегъымбар-ЛъапIэу щэлатымрэ сэламымрэ зэхам и щIэблэм я Пащтыхь академием псэуху хэтыну хагъэхьа Межиевыр Шэшэным и унафэщIым и чэнджэщэгъущ, пщIэшхуэ зиIэ цIыхубэ лэжьакIуэщ. 2024 гъэм абы Шафихьий-Iимамым теухуа диссертацэ утыку кърихьэри игъэпэжащ, шэрихьэт щIэныгъэхэмкIэ кандидат цIэр зэрехьэ. УФ-м и Президентым и унафэкIэ Межиев Салахь Зэныбжьэгъугъэм и орденрэ «Дин-лъэпкъ зэхущытыкIэр зэрыригъэфIакIуэм папщIэ» Президентым и цIэкIэ ЩIыхь тхылърэ хуагъэфэщауэ апхуэдэщ. Ар илъэс 47-рэ мэхъу, Iэбдул-Къадир Чыланий къыбгъэдэкIа щIэныгъэм и шэшэн гъуазэ Кишиев Кунтэ-хьэжы къыщIэна къадирие суфий лъагъуэм тетщ.
КъБР-м и Муслъымэн IуэхущIапIэм и лэжьакIуэхэр Межиев Салахьрэ Эркенов Мухьэмэдрэ я IэнатIэщIэмкIэ ехъуэхъуащ, ахэр щыхаха дауэдапщэхэми хэтащ.
ЧЭРИМ Марианнэ.
|
07.10.2024 - 11:09 Украинэм щекIуэкI дзэ Iуэху хэхам япэ махуэхэм щегъэжьауэ хэтщ ди республикэм щыщ щIалэхэр. Абыхэм ящыщ дэтхэнэри лIыгъэ щIапIэ йохуэ, псэзэпылъхьэпIэхэм Iуоуэ, гухэщIи ялъагъу. |
|
07.10.2024 - 11:07 «Урысейм щыпсэу лъэпкъхэм я аудио-теплъэ щIэнгъуазэ», - апхуэдэу пхузэдзэкIынущ иджыблагъэ къэралым Лъэпкъ IуэхухэмкIэ и агентствэм кърихьэжьа проектыщIэм и цIэр. |
|
07.10.2024 - 11:06 Адыгейм, Къэбэрдей-Балъкъэрым, Къэрэшей-Шэрджэсым ис адыгэхэм я зэпыщIэныгъэхэм нэхъри зригъэужьу, лъэпкъ зэкъуэтыныгъэр игъэбыдэу, ди анэдэлъхубзэр ихъумэу «Адыгэ макъ», «Адыгэ псалъэ», «Че |
|
07.10.2024 - 10:54 Къэрал хабзэм къызэригъэувым ипкъ иткIэ, КъБР-м и Iэтащхьэу хаха КIуэкIуэ Казбек и къулыкъум зэрыпэрыувэм теухуа дауэдапщэр КъБР-м и Правительствэм и Унэм щекIуэкIащ. |
|
05.10.2024 - 09:03 Жэпуэгъуэм и 4-р Псэущхьэхэр хъумэным и дунейпсо махуэщ. Ар зыхуэгъэзар дыкъэзыухъуреихь дунейм и хъугъуэфIыгъуэхэр, Iущагъэ ин тхэлърэ дысакъыу, къызэрыдгъэсэбэпыным ди гупсысэр хуэтшэнырщ. |
|