|
Алтайм и артистхэр ди хьэщIэщ
1 октября, 2024 - 06:39
Кулиев Къайсын и цIэр зезыхьэ Балъкъэр къэрал драмэ театрым фокIадэм и 27-м пресс-конференц щекIуэкIащ. Ар теухуауэ щытащ УФ-м ЩэнхабзэмкIэ и министерствэм къызэригъэпэща «Большие гастроли» урысейпсо Iуэхум. Абы хыхьэу Налшык и хьэщIэщ Алтай Республикэм Кучияк Павел и цIэр зезыхьэ и Лъэпкъ драмэ театрым и артистхэр.
Пресс-конференцЫм хэтащ Балъкъэр къэрал драмэ театрым и унафэщI Жангуразов Мэжид, а театрым и актёр Гиляхов Мурат, Кучияк Павел и цIэр зезыхьэ Лъэпкъ драмэ театрым и артистхэр: театрым и унафэщI Пешперовэ Светланэ, режиссёр нэхъыщхьэ, Алтай Республикэм гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Иришевэ Эммэ, актёр, тхакIуэ, усакIуэ, зэдзэкIакIуэ, Алтай Республикэм щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Багыров Николай.
Зэхыхьэм хэтхэм псом япэу фIыщIэ хуащIащ мы Iуэхур зи жэрдэм «Росконцерт»-м, Урысей Федерацэм, Алтай, Къэбэрдей-Балъкъэр республикэхэм щэнхабзэмкIэ я министерствэхэм, нэгъуэщI щIыналъэхэм я лэжьыгъэхэр щагъэлъэгъуэну, я театр гъуазджэмрэ щэнхабзэмкIэ зэхъуэжэну Iэмал къызэрыратам папщIэ.
Фигу къэдгъэкIыжынщи, Балъкъэр драмэ театрым и артистхэм фокIадэм и пэхэм Горно-Алтайск зыкъыщагъэлъэгъуащ. Иджы а щIыналъэм и артист пажэхэр ди хьэщIэщ. КъыжыIапхъэщ, Алтайск щыщ артистхэр мы Iуэхум илъэс зыбжанэ хъуауэ зэрыхэтыр. ХьэщIэхэм къашащ Айтматов Чингиз «И дольше века длится день» и романым къытращIыкIа «Колыбель» спектаклыр. НыбжьыщIэхэм папщIэ ягъэлъэгъуащ «Сказка о золотой рыбке» таурыхъыр.
Жангуразов Мэжид къызэхуэсахэм яхутепсэлъыхьащ «Большие гастроли» Iуэхум и фIыгъэкIэ Алтай Республикэм я театрыр зэрыщыIам, абы щагъэлъэгъуа лэжьыгъэхэм.
Пешперовэ Светланэрэ Иришевэ Эммэрэ къытеувыIащ Кучияк Павел и цIэр зезыхьэ Лъэпкъ драмэ театрым и лэжьыгъэхэм, я репертуарым щыщу Налшык къаша спектаклхэм.
Багыров Николай тепсэлъыхьащ балъкъэр, алтай тхакIуэхэу Кулиев Къ., Ука-чин Б., Бедюров Б., Тепуков К., нэгъуэщIхэми яку дэлъа зэныбжьэгъугъэм.
Балъкъэр театрым и артист Гиляхов Мурат театритIым я унафэщIхэм фIыщIэ яхуищIащ Iуэху щхьэпэр къызэрызэрагъэпэщам, я Iэзагъэмрэ зэфIэкIымрэ хагъэхъуэну Iэмал къызэрыратам папщIэ.
Пресс-конференцым хэтахэр лъэпкъ драмэ театрым и Iуэху зэIумыбзхэм тепсэлъыхьащ, лъэпкъ драматургием теухуа я еплъыкIэхэр къагъэлъэгъуащ. Лъэныкъуэхэр зэгурыIуащ дяпэкIи зэдэлэжьэну, зэкIэлъыкIуэну, я зэныбжьэгъугъэм зрагъэубгъуну.
ТЕКIУЖЬ Заретэ.
Сурэтыр Къарей Элинэ трихащ.
|
07.10.2024 - 11:09 Украинэм щекIуэкI дзэ Iуэху хэхам япэ махуэхэм щегъэжьауэ хэтщ ди республикэм щыщ щIалэхэр. Абыхэм ящыщ дэтхэнэри лIыгъэ щIапIэ йохуэ, псэзэпылъхьэпIэхэм Iуоуэ, гухэщIи ялъагъу. |
|
07.10.2024 - 11:07 «Урысейм щыпсэу лъэпкъхэм я аудио-теплъэ щIэнгъуазэ», - апхуэдэу пхузэдзэкIынущ иджыблагъэ къэралым Лъэпкъ IуэхухэмкIэ и агентствэм кърихьэжьа проектыщIэм и цIэр. |
|
07.10.2024 - 11:06 Адыгейм, Къэбэрдей-Балъкъэрым, Къэрэшей-Шэрджэсым ис адыгэхэм я зэпыщIэныгъэхэм нэхъри зригъэужьу, лъэпкъ зэкъуэтыныгъэр игъэбыдэу, ди анэдэлъхубзэр ихъумэу «Адыгэ макъ», «Адыгэ псалъэ», «Че |
|
07.10.2024 - 10:54 Къэрал хабзэм къызэригъэувым ипкъ иткIэ, КъБР-м и Iэтащхьэу хаха КIуэкIуэ Казбек и къулыкъум зэрыпэрыувэм теухуа дауэдапщэр КъБР-м и Правительствэм и Унэм щекIуэкIащ. |
|
05.10.2024 - 09:03 Жэпуэгъуэм и 4-р Псэущхьэхэр хъумэным и дунейпсо махуэщ. Ар зыхуэгъэзар дыкъэзыухъуреихь дунейм и хъугъуэфIыгъуэхэр, Iущагъэ ин тхэлърэ дысакъыу, къызэрыдгъэсэбэпыным ди гупсысэр хуэтшэнырщ. |
|