Ерыщу загъэхьэзыр

Бахъсэн къалэ администрацэм и уна­фэщI Мамхэгъ Хьэчим иджыблагъэ IущIащ шыкIэ гъуэгуанэ кIыхьхэр зэпы­чынымкIэ шууейхэм я тренер цIэрыIуэ Махуэ Iэхьед. 

Ахэр тепсэлъыхьащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и япэ Президент КIуэкIуэ Валерий и фэеплъ Кубокыр къэхьыным хуэунэтIауэ мы гъэм жэпуэгъуэм и 18 - 20-хэм «Джэдыкъуэ плъыжь» комплексым щекIуэкIыну урысейпсо зэхьэзэхуэм ехьэлIа Iуэхугъуэ­хэм, шы спортым КъБР-м зыщегъэу­жьы­нымкIэ щыIэ Iэмалхэм, нэгъуэщIхэми.
Фигу къэдгъэкIыжынщи, Махуэ Iэхьед и гъэсэн шууей гупыр тхьэмахуитI ипэкIэ Къэзахъстаным щызахаша, километр 500 зи кIыхьагъ гъуэгуанэр махуитхукIэ зэ­пы­чы­нымкIэ екIуэкIа зэхьэзэхуэм щытекIуэри, щIыналъэм къагъэзэжа къудейуэ аращ. 
АЛБЕРДЫКЪУЭ  Iэмин.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

12.02.2026 - 09:03

Хэкум и хъумакIуэхэм я фэеплъ пхъэбгъухэр

Дзэлыкъуэ щIыналъэм и къуажэ курыт еджапIэхэм фэеплъ пхъэбгъухэр щыхуфIадзащ Хэкум и хъума­кIуэхэм.

12.02.2026 - 09:03

ДыщогуфIыкI икIи дрогушхуэ

Къэбэрдей-Балъкъэрым СпортымкIэ и ми­нистерствэм блыщхьэ кIуам щрагъэблэгъащ Ярыгин Иван и Кубокыр къэхьыным хуэунэтIауэ Красноярск къалэм щекIуэкIа зэ­хьэзэхуэм къыщыхэжаныкIа, килограмм 74-рэ зи

12.02.2026 - 09:03

ТекIуэныгъэ инхэм я лIыхъужьхэр

СурэтыщI гъуазджэмкIэ музейм, Ткаченкэ Андрей и цIэр зезыхьэм, гъэлъэ­гъуэ­ныгъэ гъэ­щIэ­гъуэн къы­щы­зэIуахащ, «Героям вели­ких побед посвящается» ­фIащауэ.

11.02.2026 - 12:25

«Си лъахэ - Къэбэрдей-Балъкъэр» фестивалым

КъБР-м и Музыкэ къэрал театрым мазаем и 8-м щекIуэкIащ «Си лъахэ - Къэбэрдей-Балъкъэр» республикэ фестиваль-еп­лъы­ныгъэр зэрызэхуащIыж концертыр.

11.02.2026 - 09:03

ЩIыналъэхэм щыIэ псэукIэм теухуауэ

Правительствэм и Унэм щекIуэкIащ «КъБР-м и муниципалитетхэм я зэгухьэныгъэм» и советым и зэIущIэ. Ар иригъэкIуэкIащ зэгухьэныгъэм и правленэм и унафэщI Пэнагуэ Максим.