Бынунагъуэшхуэхэм гулъытэ ирагъэгъуэт

КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ республикэм и хабзэубзыху орган нэхъыщхьэм и ебланэ зэхуэсыгъуэм и президиумым и япэ зэIущIэр иригъэкIуэкIащ. 

Абы щагъэбелджылащ КъБР-м и Парламентым и зи чэзу зэIущIэр жэпуэгъуэм и 3-м сыхьэт 11-м зэхэтыну. Абы депутатхэм щыхахынущ КъБР-м и Iэтащхьэр.
Президиумым унафэ къищтащ КъБР-м и Парламентым и Аппаратым и унафэщI ФочыщIэ Наталье и къулыкъум пищэнымкIэ КъБР-м и Парламентым и УнафэщIым арэзыныгъэ зэрыратым ехьэлIауэ.  
- Республикэм и Парламентыр къы­зэрыунэху лъандэрэ абы и Аппаратым щолажьэ ФочыщIэ На­талье, абы къыхэкIыуи ирагъэкIуэкI Iуэхум зыхуэмынэIуасэ ­хэткъым. Апхуэдэуи къыхэзгъэщынут Аппаратым и унафэщI ­IэнатIэм ар зэхуэсыгъуитI                  хъуауэ зэрыпэрытри. КъБР-м и Парламентым и Аппаратым и лэжьакIуэхэми депутатхэми абы пщIэ къыхуащI, и Iуэху бгъэдыхьэкIэр ягу дохьэ, - жиIащ Егоровэм.

Депутатхэр ФочыщIэ Наталье ехъуэхъуащ дяпэкIи ехъулIэныгъэфIхэр и лэжьыгъэм щиIэну.

АдэкIэ зэIущIэм щыхэплъащ «КъБР-м и цIыху щхьэхуэхэм къэралым зэрызащIигъакъуэм теухуауэ» КъБР-м и Законым и Iыхьэ 5-мрэ 10-мрэ зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным и IуэхукIэ» ­КъБР-м и законым и проектым. Ар ягъэхьэзыращ Урысей Федерацэм и Президентым «Бынунагъуэшхуэхэм зэрызыщIагъакъуэ ­Iэмалхэм теухуауэ» 2024 гъэм щIышылэм и 23-м къыдигъэкIа Унафэ №63-м къыщыгъэлъэгъуахэр къэлъытауэ. 
- Дэфтэрыр КъБР-м и Правительствэм игъэхьэзыращ дэIэпы­къуныгъэм хуэныкъуэ бынунагъуэшхуэхэр дгъэбелджылын, коммунальнэ Iуэхутхьэбзэхэмрэ псэупIэм щIат уасэмрэ я процент ­30-м нэблагъэкIэ мазэ къэс зэрызыщIагъэкъуэнур дубзыхун папщIэ. Дэфтэрым къыщыгъэлъэгъуахэр гъэзэщIэным республикэ бюджетым щыщ зэрытекIуэдэнум къыхэкIыу, КъБР-м и Iэтащхьэм деж ар едгъэхьащ. Мы Iуэхум социальнэ мыхьэнэшхуэ зэриIэр ­къилъытэри, абы законопроектыр къыддиIыгъащ, - жиIащ ­КъБР-м и Парламентым ЛэжьыгъэмкIэ, социальнэ политикэмкIэ, узыншагъэр хъумэнымрэ ветеранхэм я IуэхухэмкIэ и комитетым и унафэщI Къэжэр Хъусен. 
Законопроектым IуэхущIапIэ зэмылIэужьыгъуэхэр хэплъэну иратащ, абы щIэ къыхалъхьэмэ, республикэм и хабзэубзыху IуэхущIапIэм и зэIущIэм щыхэплъэнущ.
Депутатхэр тепсэлъыхьащ КъБР-м и Парламентым 2024 гъэм и бжьыхьэ лэжьэгъуэм иригъэкIуэкIыну Iуэхугъуэ нэхъыщхьэхэм. Къэпщытэныгъэмрэ регламентымкIэ комитетым пщэрылъ щащIащ дэфтэрым хэлэжьыхьыжу, Парламентым и зэIущIэм къыщыхилъхьэну. 
ЗэIущIэм щызэпкърахащ УФ-м и щIалэгъуалэ политикэм, 2025 гъэм цIыхухэм я пенсэм щыхудыщIагъуну пIалъэм, нэгъуэщIхэми ятеухуа федеральнэ законхэм я проектхэр.  
Депутатхэр хэплъащ «Балигъ ныбжьым нэмысахэм хабзэр къызэпемыгъэудынымкIэ ирагъэкIуэкI лэжьыгъэм теухуауэ» Федеральнэ законым и Iыхьэ 5-мрэ УФ-м и ЩIы кодексым и Iыхьэ 27-мрэ зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным теухуа жэрдэмхэм.
Депутатхэм даIыгъащ Ищхъэрэ-КъухьэпIэ федеральнэ округым (Ленинград щIыналъэм) мэзхэр къагъэсэбэпу пхъэ зыгъэхьэзыр я бэджэндырылажьэхэм къэралыр зэрадэIэпыкъу Iэмалхэм, ветеринар Iуэхутхьэбзэхэм ахъшэ щIрагъэту хабзэхэр къызэпаудмэ, жэуап зэрырагъэхьынум, хьэкIэкхъуэкIэхэм я зэ­ранкIэ гъуэгум къыщыхъу транспорт зэжьэхэуэхэр гъэмэщIэным­рэ шынагъуэншагъэр егъэфIэкIуэнымрэ теухуауэ нэгъуэщI щIыналъэхэм кърагъэхьа жэрдэмхэр.
КъБР-м и Парламентым ЦIыхубэ шынагъуэншагъэмрэ Iулъхьэм пэщIэтынымкIэ и комитетым и унафэщI Кривко Михаил жиIащ «комитетым хухах сыхьэтым» хыхьэу, «КъБР-м и адвокат лэжьыгъэм теухуауэ» Iуэхум зэрытепсэлъыхьар.
 КъБР-м и Парламентым ЕгъэджэныгъэмкIэ, щIэныгъэмкIэ, физическэ щэнхабзэмкIэ, спортымрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и комитетым и унафэщI Емуз Нинэ и гугъу ищIащ «Республикэм и щэнхабзэмрэ гъуазджэмрэ зегъэужьыным и лъэныкъуэкIэ еджапIэ нэхъыщхьэхэм ягъэзащIэ къалэным ехьэлIауэ» КъБР-м и ­Парламентым и президиумым и унафэхэр зэрыпхыкIым (Кавказ Ищхъэрэм ГъуазджэхэмкIэ и институтым и щапхъэкIэ). 
КъищынэмыщIауэ, депутатхэр арэзы техъуащ цIыху щхьэхуэхэм КъБР-м и Парламентым и ЩIыхь тхылъыр иратыну къызэрагъэлъэгъуам. 

КъБР-м и Парламентым и пресс-IуэхущIапIэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

22.03.2025 - 09:05

КъулыкъущIэхэр ягъэхьэзыр

ЩIалэгъуалэм я унэм иджыблагъэ лэжьэн щыщIидзащ «IэщIагъэлI ныбжьыщIэм и школ» зыфIаща еджапIэм. 

22.03.2025 - 09:05

КъуийцIыкIу Валерэ ягъэлъапIэ

Къэбэрдей-Балъкъэрым ЩэнхабзэмкIэ и фондым, Вэрокъуэ Владимир и цIэр зезыхьэм, щекIуэкIащ ГъуазджэхэмкIэ Кавказ Ищхъэрэ къэрал институтым и егъэджакIуэ, КъБР-м щIыхь зиIэ и артист, музыкант, усакIу

21.03.2025 - 10:13

ЛъэныкъуитIми я сэбэп хэлъу

Беларусь Республикэмрэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэмрэ зэдэлэжьэным пыщIа Iуэхухэр зэкIэлъызыгъакIуэ гупым и зэIущIэ видеозэпыщIэныгъэ Iэмалым тету зэхэтащ.

21.03.2025 - 09:50

ГъащIэ кIыхьым и къежьапIэр

Ахэр фIыуи Iейуи къыщIэкIынкIэ ­мэхъу, ауэ нобэ зи гугъу тщIыр езы гъащIэм и кIыхьагъырщ. Мыр щытщ дэтхэнэ къэралми и щыIэкIэ-псэукIэр зы­хуэдэр къызэрапщ пщалъэхэм ящыщ зыуэ.

21.03.2025 - 09:47

Зэшыпхъухэм я зэфIэкIыр

Республикэм и ЩIалэ­гъуалэ центрым щагъэлъагъуэ «Корни и крылья» выставкэр. Ар къызэригъэпэщащ КъБР-м ЩIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министерствэм.