26 сентября, 2024 - 05:16
УФ-м и МВД-м Къэбэрдей-Балъкъэрым щиIэ къудамэм и Управленэм и лэжьакIуэхэр яIущIащ ГъуазджэхэмкIэ Кавказ-Ищхъэрэ институтым щеджэхэм. Хабзэхъумэхэр тепсэлъыхьащ афияныр узыншагъэм зэран зэрыхуэхъумрэ цIыхум и гъащIэр зэрызэтрикъутэмрэ.
ЗэIущIэм хэтащ УМВД-м и Жылагъуэ советым и лIыкIуэ Газаев Масхут, Психиатриемрэ наркологиемкIэ КъБР-м и щIыналъэ клиникэ центрым и дохутыр, психиатр-нарколог Хъущт Хьэсэн, психиатр Бейтыгъуэн Залинэ сымэ.
Хъущтыр тепсэлъыхьащ афиян зэмылIэужьыгъуэхэр цIыхум щIызрихьэлIэм и щхьэусыгъуэхэмрэ абы зэрану пылъымрэ. Дохутырым жиIащ афияным уеса нэужь фIырыфIкIэ зэрыпхухыфIэмыдзэжыр, абы цIыхум и узыншагъэмрэ психикэмрэ зэрызэтрикъутэр.
ХьэщIэхэр зытепсэлъыхьыр нэхъ гурыIуэгъуэ хъун папщIэ, еджакIуэхэм ирагъэлъэгъуащ видеоролик зэмылIэужьыгъуэхэр.
- Афияныр зэ «къэпцIыхуа» нэужь лъэужьыншэу упыкIыфыркъым. Ар зэмызэгъыххи щыIэщи, «зэ закъуэ сеплъынщ» жыхуаIэр иужьрей хъункIи шынагъуэщ, - Бейтыгъуэн Залинэ студентхэм захуигъазэу.
Узыншагъэм сэкъат зэрырихым къищынэмыщIа, афияныр зезыхьэхэр, зэзыхьэлIэхэр, зыщэхэр законодательствэм ипкъ иткIэ жэуапым зэрырашалIэми тепсэлъыхьащ хабзэхъумэхэр. Абыхэм щIалэгъуалэр къыхураджащ узыншагъэм и телъхьэу спортым зыдрагъэхьэхыну, я щIэныгъэм хагъэхъуэну, къэралыр езыгъэфIакIуэ цIыхухэм щапхъэ трахыну.
Фырэ Анфисэ.