ЕрыскъыхэкIыу къалэжьым хагъахъуэ

Кавказ Ищхъэрэм Къэрал статистикэмкIэ и управленэм иджыблагъэ къызэритамкIэ, 2024 гъэм и щIышылэ - бадзэуэгъуэхэм Къэбэрдей-Балъкъэрым и ерыскъыпхъэ промышленностым сом меларди 7,8-рэ и уасэ яхуригъэшащ и продукцэм  къыщIэупщIахэм. Ар проценти 121,5-кIэ нэхъыбэщ нэгъабэ и апхуэдэ пIалъэм къриубыдэу яхузэфIэкIахэм нэхърэ.

Дызэрыт илъэсым и мазиблым нэкулъ лIэужьыгъуэу къыщIагъэкIам хагъэхъуащ процент 16,4-кIэ, тхъуцIынэм – проценти 6,8-кIэ, кхъуеймрэ кхъуейлъалъэмрэ – проценти 5,6-кIэ.

ЩIакхъуэу, щIакхъуэхэкIыу, макарон лIэужьыгъуэу ящIар нэгъабэ и щIышылэ - бадзэуэгъуэхэм щыIам хуэдизщ.

.                                     ХЬЭЩЫКЪУЕЙ Олег.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

16.10.2026 - 09:03

ЩIыналъищыр зэпащIэ

УФ-м транспортымкIэ и министрым и япэ къуэдзэ Пашков Константинрэ Къэрал гъуэгу агентствэм и унафэщI Новиков Романрэ видеозэпыщIэныгъэкIэ я гъусэу, КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек хэтащ Къэбэрдей

16.10.2026 - 09:03

Тхыдэр щахъумэ, щIэблэр щагъасэ

Тэрч районым хыхьэ Курп Ипщэ къуажэм дэт курыт еджапIэм Iэщыж Лолэ и цIэр зэ­рихьэу хэт школ музейр «Зи Iуэху бгъэ­дыхьэкIэр нэхъыфI музей» урысейпсо зэпеуэм текIуэныгъэр къыщызыхьа 70-м ящыщ хъуащ

16.10.2026 - 09:03

Жэпуэгъуэм и махуэ гуауэхэр

Налшык дэт 5-нэ къалэ библиотекэм щекIуэкIащ «Жэпуэгъуэм и махуэ ­гуауэхэр» зыфIаща зэIущIэр, 2005 гъэм ди республикэм къыщыхъуам теу_хуар.

15.10.2026 - 09:19

Мыхьэнэшхуэ зиIэщ бжыгъэхэр

Ди республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек хуэзащ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм лэжьыгъэ IуэхукIэ мы махуэхэм къэкIуауэ щыIэ, Къэрал статистикэмкIэ федеральнэ къулыкъущIапIэм и уна­фэщIым и къуэдзэ

15.10.2026 - 09:18

Къалэным хуэпэжахэр ящыгъупщэркъым

Налшык щекIуэкIащ Хабзэхъумэ IэнатIэхэм я лэ­жьакIуэхэу зи къалэн зыгъэзащIэу хэ­кIуэ­­дахэм я фэеплъ пэкIу.