КъуакIэ-бгыкIи зэпиупщIу

 «Налшык уэрдыхъу гъуэгу» зыфIащам и проектыр зэхэгъэувэным инженерхэр иужь ихьащ.  

Къэбэрдей-Балъкъэрым машинэ зекIуапIэхэм зыщегъэубгъуным теухуауэ республикэм къыщрахьэжьа Iуэхугъуэ нэхъ ин дыдэхэм ящыщу къалъытэ Налшык къалэ лъэныкъуэ псомкIи къыпэзыжыхь «уэрдыхъу гъуэгум» и проектым елэжьын зэрыщIадзар.

Ар зыхуэдэнур зэпэзылъытхэм къызэрабжамкIэ, ухуэныгъэ къызэрымыкIуэм и къалэн нэхъыщхьэр хуэгъэзащ къалащхьэмрэ абы и Iэхэлъахэмрэ автомобилхэр нэхъ щызэтрихьэ щIыпIэхэм а гугъуехьыр ящхьэщыхыным.  

ЗэрегупсысымкIи, къалэм и ихъуреягъыр зэщIэзыгъэхьэ уэрдыхъу гъуэгум сымаджэщхэр Iуву здэщыIэ Брамтэ къуажэбгъур республикэм и адрей жылагъуэхэм нэхъ тыншу лъигъэIэсынущ. ЗэрытщIэщи, къалэм и къуэкIыпIэ лъэныкъуэр я хэщIапIэщ узыншагъэм тещIыхьа Перинатальнэ центрым, Кардиологие диспансерым, Сабий клиникэ сымаджэшым, нэгъуэщIхэми.

ГъуэгущIэм и фIыгъэкIэ къалащхьэм и уэрам нэхъыщхьэхэм щызэтрихьэ машинэхэри нэхъ мащIэ щыхъунущ, я нэхъыбэм, псом хуэмыдэжу къалэм пхыкIыу нэгъуэщI щIыпIэ кIуэхэм, лъэныкъуэкIэ зэрырагъэзэкIынум къыхэкIыу.

ПроектыщIэм къахуихьыну фIыгъуэхэм ящыщщ къалэ кIуэцIым цIыхухэр зэрыщыбауэ хьэуари нэхъ къабзэ щыхъуу, щIыуэпсым и щытыкIэри зэрыщефIэкIуэнур. Къалэдэсхэмрэ хьэщIэхэмрэ зыхащIэнущ автомобилхэм къызыхаутIыпщыкI гъуэзыр нэхъ мащIэ зэрыщыхъуари къагъэIу макъым зэрыкIэрыхуари.

КъинэмыщIауэ, уэрдыхъу гъуэгум и фIыгъэкIэ къалэм и Iэхэлъахэм зыщызыплъыхьыну, зи нэгу зыщезыгъэужьыну хуейхэри нэхъ тыншу щызекIуэфынущ, щIыпIэ пыIудзахэм псынщIэу лъэIэсыфынущ, щIыналъэм туризмэм, хьэрычэт Iуэхум нэхъри зыщиужьынымкIи, а псом къахэкIыу цIыхухэм я псэукIэр щефIэкIуэнымкIи щхьэпэнущ.

Проектым и япэ Iыхьэм елэжьын щIадзакIэщ. Мы зэманым инженер-IэщIагъэлIхэм ягъэхьэзыр гъуэгущIэм щыщу Аруан къуажэмрэ къалащхьэм Щоджэным и цIэр зезыхьэ уэрамымрэ я зэхуаку дэлъыну километри 8-р здыпхашыну щIыпIэр щыхэгъэунэхукIа дэфтэрыр. ЗэрытраухуамкIэ, машинэ зекIуапIэщIэм зи гугъу тщIа и Iыхьэм хуэгъэза лэжьыгъэм 2026 гъэм щIадзэнущ.

БЭРАУ Бышэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

09.10.2026 - 09:03

Дызытет лъагъуэр хремыгъуащэ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и муслъымэнхэм я IуэхущIапIэмрэ Ислъам щIэныгъэмрэ щэнхабзэмрэ за­щIэ­гъэкъуэнымкIэ фон­дым­рэ я жэрдэмкIэ, Къэ­бэрдей къэрал драмэ театрым жэ­пуэгъуэм и 6-м щекIуэ­кIащ щIынал

09.10.2026 - 09:03

НыбжьыщIэхэр яущий

Налшык къалэм зэIущIэ щхьэпэ ще­кIуэ­кIащ класс нэхъыжьхэм щIэс школакIуэхэр наркотикым пэIэщIэ щIыным теухуауэ.

08.10.2026 - 09:03

Зэи мыкIуэдыжыну IэщIагъэ

Хабзэ зэрыхъуауэ, КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек Къэбэрдей-Балъкъэрым и егъэджакIуэхэмрэ гъэсакIуэхэмрэ яхуэзащ. 

08.10.2026 - 09:02

Дыгъэм кърегъэгъэзэж

Къэбэрдей-Балъкъэрыр илъэси 100 зэрырикъум и цIэр зезыхьэ паркым ит галереем мы махуэхэм щагъэлъагъуэ Къэбэрдей-­Балъкъэрым и цIыхубэ сурэтыщI, ХудожествэхэмкIэ Урысей академием и академик, философ

08.10.2026 - 09:00

И тхыгъэхэр къэцIыхугъуафIэт

Лъэпкъ библиотекэм и лъахэхутэ къудамэм щекIуэкIащ КъБР-м и цIыхубэ усакIуэ, тхакIуэ ЩоджэнцIыкIу Iэдэм къы­зэралъхурэ мы гъэм илъэси 100 зэ­ры­рикъум теухуа пшыхь.