19 сентября, 2024 - 06:50
КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек Къэбэрдей-Балъкъэрым Наркотикхэм пэщIэтынымкIэ и комиссэм и зэIущIэ иригъэкIуэкIащ.
УФ-м и Президентым къэралыр шынагъуэншэу щытыным хуэгъэпса и указым зэрыщыжиIэмкIэ, наркотикхэмрэ цIыхур зыгъэундэращхъуэ пкъахуэхэмрэ щэныр къэралым и шынагъуэншагъэр къэзыгъэтIасхъэ дунейпсо щIэпхъаджагъэхэм хеубыдэ.
ЗэIущIэм къекIуэлIахэр едэIуащ хабзэхъумэ IуэхущIапIэхэм я унафэщIхэм утыку кърахьа, наркотикхэм пэщIэтыным хуэгъэзауэ иужьрей мазихым къриубыдэу ирагъэкIуэкIа лэжьыгъэм ятеухуа къэпщытэныгъэм. Апхуэдэхэм хеубыдэ щIэпхъаджащIэхэм я хьэпшыпхэр ирагъэкIын, наркотикхэм щIалэгъуалэр драгъэхьэхын папщIэ, иджырей интернет Iэмэпсымэхэр щIэгъэхуэбжьауэ къызэрагъэщхьэпэри. Адрей псом нэхърэ нэхъ уегъэгузавэ наркотикхэр уи цIэр къыумыгъэлъагъуэу интернетым зэрыщыбгъуэтым. Дызэрыт зэманым нэхъ зрахьэлIэр щхъухьым и «синтетикэ» лIэужьыгъуэхэу псынщIэу узэсэхэм хуэдэщ, иужькIэ абыхэм къаIэщIэмыкIыжыфу, абы хуэерыщхэм я унагъуэхэмрэ Iыхьлыхэмрэ гузэвэгъуэ хадзэ.
Къызэхуэсахэр тепсэлъыхьащ цIыхубэ, дин зэгухьэныгъэхэм, волонтёрхэм наркотикхэм замыубгъуным хуэгъэзауэ ящIэфынухэм. КъБР-м и Iэтащхьэм унафэ ищIащ ахэр нэхъыбэрэ Iуэхум къыхашэну, наркотикхэм ебэнынымкIэ IуэхущIапIэм и лэжьыгъэр щIигъэхуэбжьэну, нэхъыщхьэращи, - ахэр зэхьэлIэныр зэрыIуэху мыхъумыщIэр щIалэгъуалэм япхыкIын хуэдэу, гъэсэныгъэ ирагъэкIуэкIыну.