СурэтыщI ГъуазджэхэмкIэ музейм, Ткаченкэ Андрей и цIэр зезыхьэм, «Миг и вечность». Сто иллюстраций к 100-летию Виктора Астафьева» зыфIаща гъэлъэгъуэныгъэ щокIуэкI. Ар теухуащ урыс тхакIуэ цIэрыIуэ Астафьев Виктор къызэралъхурэ илъэси 100 зэрырикъум.
Гъэлъэгъуэныгъэм хагъэхьащ УФ-м и цIыхубэ художник, КъБР-м щIыхь зиIэ и сурэтыщI, республикэм и Къэрал саугъэтым и лауреат, ХудожествэхэмкIэ Урысей Академием и член-корреспондент, профессор, Красноярск ксилографиемкIэ щыIэ студием и къызэгъэпэщакIуэ икIи абы и унафэщI Пащты Германрэ абы и гъэсэнхэмрэ тхакIуэм и IэдакъэщIэкIхэм щыщ Iыхьэхэр уи нэгу къыщIэзыгъэхьэ я графикэ лэжьыгъэхэр. Зэуэ къыхэдгъэщынщи, ягъэлъагъуэ лэжьыгъэхэр Пащтым музейм тыгъэ хуищIащ.
КъБР-м щэнхабзэмкIэ и министрым и къуэдзэ Карчаевэ Iэминат зэхыхьэр къыщызэIуихым къыхигъэщащ Астафьев Виктор урыс литературэм и тхакIуэ пажэхэм зэращыщыр.
- Фигу къэзгъэкIыжынщи, художник Iэзэ Пащты Герман республикэм тыгъэ къыхуищIащ и гравюрэ 1100-рэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым и Къэралыгъуэр илъэси 100 щрикъум ирихьэлIэу. Мы выставкэри аращ зи фIыгъэр. Мы сурэтхэмкIи музейм къыхуоупсэ. Уи зэфIэкIым, Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ абы щыпсэухэмрэ фIыуэ зэрыплъагъум папщIэ фIыщIэ пхуэфащэщ! - жиIащ Карчаевэм.
КъБР-м и цIыхубэ сурэтыщI Жылэ Анатолэ игу къигъэкIыжащ, илъэсипщI бжыгъэкIэ узэIэбэкIыжмэ, Астафьев Виктор и тхыгъэхэр зэIэпахыу зэрыщытар, абы и Iэдакъэ къыщIэкIахэм ящыщу гъащIэм и пэжхэр къыщыхьа «Ловлю пескарей в Грузии» и тхыгъэр гукъинэж зэрыщыхъуар, Пащты Германрэ и студентхэмрэ Астафьевым и лэжьыгъэхэм гулъытэ зэрыхуащIар зэригуапэр.
- Урысейпсо мыхьэнэ зиIэ, щIыналъэм исхэм зэман дэкIмэ зэхащIыкIыну лэжьыгъэщ мыхэр, - жиIащ Пащты Герман и къуэ, КъБР-м и цIыхубэ художник Пащты Хъан Алим. - Налшык къалэм щагъэлъагъуэ лэжьыгъэхэм хуэдэхэр дуней псом щыIэ музей нэхъыфIхэм щахъумэ. ЩIыналъэм щыпсэухэм гъэлъэгъуэныгъэмкIэ сынывохъуэхъу!
ТхакIуэ икIи журналист Терехов Игорь къытеувыIащ Астафьевым и гъащIэмрэ гуащIэмрэ, абы и адэр щалъхуа щIыналъэм ирагъэIэпхъукIауэ зэрыщытам, и анэр пасэу зэрыфIэкIуэдам, езыр Хэку зауэшхуэми нэгъуэщI гугъуехь куэдми зэрыпхыкIам.
- Астафьев Виктор нэхъ пасэу и Iэдакъэ къыщIэкIа тхыгъэхэм художникхэм гулъытэ зэрыхуэфщIар гуапэщ. Нэхъыщхьэращи, мы Iуэхури, абы къызэщIевгъэубыда сурэтхэри къывэхъулIащ, - щIигъужащ Тереховым.
Пащты Герман жиIащ Астафьевыр илъэси 100 щрикъум ирихьэлIэу ксилографиемкIэ школым екIуалIэ и гъэсэнхэм я гъусэу ХудожествэхэмкIэ Урысей Академием выставкэ къызэрыщызэIуихар, гравюри 100 абыи зэрыхигъэхьар, мыгувэу Норильски апхуэдэ гъэлъэгъуэныгъэ зэрыщекIуэкIынур. Герман къыхигъэщащ а лэжьыгъэхэм зэманышхуэ зэрытекIуадэр: эскизхэм - илъэс ныкъуэ, лэжьыгъэхэр гъэхьэзырыным - апхуэдиз дыдэ.
Музейм и унафэщI Ремхен Еленэ Пащты Герман фIыщIэ хуищIащ гъэлъэгъуэныгъэм гугъу зэрыздригъэхьам, музейм тыгъэфI къызэрыхуищIам папщIэ.
ТЕКIУЖЬ Заретэ