Кавказым и щIыуэпс телъыджэр.СурэтыщI гъуазджэмкIэ музейм фокIадэм и 16 - 29-хэм щекIуэкIынущ Дагъыстэнымрэ Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ я сурэтыщIхэм я IэдакъэщIэкI гъэщIэгъуэнхэр щызэхуэхьэса «Кавказым и щIыуэпсыр» гъэлъэгъуэныгъэр. РАН-м и член-корреспондент Тембот Аслъэнбий и цIэр зезыхьэ школыр илъэс 30 зэрырикъум, бгылъэ щIыпIэхэм я щIыуэпсым и институтыр илъэс 25-рэ зэрырикъум я щIыхькIэ къызэрагъэпэща VII Урысейпсо конференцым хеубыдэ мы выставкэри. Сурэтхэм я гъэлъэгъуэныгъэмрэ конференцымрэ зыр адрейм пащэу гъэщIэгъуэну зэподжэж. ЩIыуэпсым и сурэтыщIхэм къалэнышхуэ я пщэ къыдохуэ. Абыхэм цIыхухэм бгъэдалъхьэ щIыуэпсыр хъумэным и мыхьэнэр зэрылъагэр, абы гууз-лыуз хуиIэн зэрыхуейр. ЩIыуэпсыр хъумэнымкIэ цIыхум и къару илъымрэ абы игъэзащIэ къалэнымрэ щынэIурытщ а теплъэгъуэхэм. Къэбэрдей-Балъкъэрым щыпсэухэмрэ щыхьэщIэхэмрэ «Кавказым и щIыуэпсыр» гъэлъэгъуэныгъэм фыдогъэблагъэ.
Поделиться: ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:
| ||||||||||||||||









