Гуэл ЩхъуантIэхэм - зыплъыхьакIуэ![]() «Географиер МЫдерсу» («НЕурок географии») Iуэху гъэщIэгъуэныр иджыблагъэ щекIуэкIащ Шэрэдж щIыналъэм. Проект щIэщыгъуэр Урыс географие зэгухьэныгъэм къызэригъэпэщащ «Гуэл ЩхъуантIэхэм телъыджэу яхэлъыр» нэгузыужь Iуэхум щыщу. А щIыпIэ дахэм зыплъыхьакIуэ яшащ Белгород областым щыщ сабийхэр. Ахэр ди республикэм щохьэщIэ КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек къригъэблэгъауэ. Гуэл щхъуантIэхэм хуэкIуэ гъуэгум тетыху, хьэщIэ ныбжьыщIэхэр щагъэгъуэзащ Шэрэдж щIыналъэм и щIыуэпсым, абы щыIэ щIыпIэ дахэхэм, хабзэрэ щэнхабзэу щызекIуэхэм. Шэрэдж щIыналъэм и администрацэм и лэжьакIуэхэр гуапэу къаIущIащ зыплъыхьакIуэхэм. Ахэр къафэрэ джэгукIэ ирагъэблэгъащ, республикэм щапщэфI шхыныгъуэхэр Iуагъэхуащ.
Поделиться: ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:
| ||||||||||||||||







