Жылагъуэр зэкъуэувэмэ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и Жыла­гъуэ палатэм щызэхэтащ «ЩIэпхъэджагъэхэм япэщIэтынымкIэ жылагъуэм и зэфIэкI» зыфIаща зэIущIэ. Ар иригъэкIуэкIащ Жылагъуэ палатэм и тхьэмадэ Берд Хьэзрэталий. 

Зэхыхьэм хэтащ Къэбэрдей-Балъкъэ­рым и Правительствэм и УнафэщIым и ­къуэдзэ Къуэшырокъуэ Залым, республикэм лъэпкъ Iуэхухэмрэ жылагъуэ проектхэмкIэ и министр КIурэшын Анзор, къэрал IэнатIэхэм я унафэщIхэм щыщхэр, дзэ Iуэху хэхам хэтахэр, дин, жылагъуэ зэгу­хьэныгъэхэм я лIыкIуэхэр, КъБР-м и Жы­лагъуэ палатэм деж щыIэ ЩIалэгъуалэ ­советымрэ ХьэрычэтыщIэу щымыт зэгу­хьэныгъэхэм я «Хасащхьэм» хэтхэмрэ, студентхэр, щIалэгъуалэр.
ЗэIущIэм къыщыпсэлъахэм къызэдыхагъэщащ мы зэманым ди къэралым щIэпхъаджагъэхэр щIэх-щIэхыурэ къызэры­щыхъум зэрытегузэвыхьыр. Псом хуэ­мы­дэжу, Украинэм и дзэпщхэр яужь ит зэпытщ, Iэмалу къагъуэтыр къагъэсэбэпу, УФ-м и щIыналъэхэм удын жагъуэхэр къызэрырадзыным. 
ЩытыкIэ шынагъуэм жылагъуэ зэгу­хьэныгъэхэм я пащхьэ иригъэувэ къалэн нэхъыщхьэхэм ящыщу зэIущIэм къы­щып­сэлъахэм къыхагъэщащ къэралым ис лъэп­къыбэм ижькIэрэ къадекIуэкI хабзэ-бзыпхъэхэм, дуней еплъыкIэ зэкIэлъыгъэкIуам, зэхущытыкIэ дахэм цIыхубэм дя­пэкIи гулъытэ хэха хуегъэщIынымкIэ, пщIэ хуащIу зэрегъэхьэнымкIэ лэжьыгъэ пыу­хыкIахэр курыт школхэм, еджапIэ нэхъыщ­хьэхэм, IуэхущIапIэ зэмылIэужьыгъуэхэм зэ­рыщрагъэкIуэкIыпхъэр.
«Урысейм ис лъэпкъхэм я ассамблее» зыфIащам и Къэбэрдей-Балъкъэр къудамэм и унафэщI, Дунейпсо Адыгэ Хасэм и Тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутий къызэрилъытэмкIэ, терроризмэмрэ экстремиз­мэмрэ япэщIэтын папщIэ, къэрал зэгу­хьэныгъэхэм, жылагъуэм, къэрал къу­лыкъу­щIапIэхэм, хабзэхъумэ IэнатIэхэм я зэфIэкIи я гулъыти къыхалъхьапхъэщ. 
- Шынагъуэр къэмыкIуатэ щIыкIэ, дызэ­дыпежьэу къэдгъэувыIэмэ нэхъыфIщ, къэхъун къэхъуа иужькIэ кърикIуахэр дгъэ­зэкIуэж нэхърэ, - жиIащ Сэхъурокъуэм. 
Терроризмэм пэщIэтын папщIэ, къару псори зэрызэщIагъэуIуапхъэр къыхагъэщащ республикэм и дин зэгухьэныгъэхэм я лIыкIуэхэми. Дэтхэнэ динми къызыхуриджэр мамырыгъэмрэ цIыхухэм я сэбэп зыхэлъ зыузэщIыныгъэмрэщ. Аращ зы­хуэу­щиипхъэр фIымрэ Iеймрэ зэхэзымыгъэкIыф, зи гупсысэкIэр зэтемыувэща щIа­лэгъуалэр, къытщIэхъуэ щIэблэр. 
Лъэпкъхэм ижькIэрэ къыддекIуэкI щэнхабзэмрэ хабзэ-бзыпхъэхэмрэ адэкIи зегъэужьын, абыхэм къытщIэхъуэ щIэблэр щыгъуазэ щIын зэрыхуейм тригъэщIащ Къэбэрдей-Балъкъэр Лъэпкъ музейм и унафэщI, КъБР-м и Жылагъуэ палатэм хэт Накуэ Феликс.
- Дызыхуэмей, дызыхуэхамэ хуэмэбжьы­мэхэмкIэ дэ къытлъэIэсыр КъухьэпIэ хэгъэгухэм я закъуэкъым, атIэ КъуэкIыпIэ къэралхэми къытхэIэпщIэпщIыхьынымкIэ лъэкI къагъанэркъым. АбыкIэ, ди жагъуэ зэрыхъунщи, нэрылъагъуу щапхъэщ, махуэ къэс жыхуаIэм хуэдэу, щыхьэт дызы­техъуэр: республикэм ис лъэпкъхэм лIэщIыгъуэкIэрэ къадэгъуэгурыкIуа, тхыдэ жыжьэм къыпхаха псэкупсэ хъугъуэфIы­гъуэхэм ди нобэрей щIалэгъуалэм, псом хуэмыдэжу, ди нэхъыщIэ цIыкIухэм я нэхъыбапIэм, къазэрыфIэIуэху щымыIэу, зэ­рызыщадзейр, - жиIащ Накуэм. 
Къару бзаджэщ щIэпхъаджагъэр. Абы, зэфэзэщу ирегъэлъэхъшэх, иреудых лъэпкъ­хэм лIэщIыгъуэкIэрэ къадэгъуэгурыкIуа щэнхабзэм и джэлэс нэхъыщхьэу къэув, цIыхухэм яхэлъын хуей гущIэгъулыгъэри, жэуаплыныгъэри, хэкупсэ зэхэ­щIыкIри.
ЗэIущIэ зэIухам терроризмэм пэщIэ­ты­нымкIэ жылагъуэ, дин зэгухьэныгъэхэм, властым и къудамэхэм, хьэрычэтыщIэу щы­мыт IуэхущIапIэхэм я лIыкIуэхэм къы­щыжаIахэм, къыщыхалъхьа жэрдэмхэм тещIыхьауэ КъБР-м и Жылагъуэ палатэм и лэжьыгъэм адэкIи пищэнущ. 

КЪУМАХУЭ  Аслъэн.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

16.10.2026 - 09:03

ЩIыналъищыр зэпащIэ

УФ-м транспортымкIэ и министрым и япэ къуэдзэ Пашков Константинрэ Къэрал гъуэгу агентствэм и унафэщI Новиков Романрэ видеозэпыщIэныгъэкIэ я гъусэу, КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек хэтащ Къэбэрдей

16.10.2026 - 09:03

Тхыдэр щахъумэ, щIэблэр щагъасэ

Тэрч районым хыхьэ Курп Ипщэ къуажэм дэт курыт еджапIэм Iэщыж Лолэ и цIэр зэ­рихьэу хэт школ музейр «Зи Iуэху бгъэ­дыхьэкIэр нэхъыфI музей» урысейпсо зэпеуэм текIуэныгъэр къыщызыхьа 70-м ящыщ хъуащ

16.10.2026 - 09:03

Жэпуэгъуэм и махуэ гуауэхэр

Налшык дэт 5-нэ къалэ библиотекэм щекIуэкIащ «Жэпуэгъуэм и махуэ ­гуауэхэр» зыфIаща зэIущIэр, 2005 гъэм ди республикэм къыщыхъуам теу_хуар.

15.10.2026 - 09:19

Мыхьэнэшхуэ зиIэщ бжыгъэхэр

Ди республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек хуэзащ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм лэжьыгъэ IуэхукIэ мы махуэхэм къэкIуауэ щыIэ, Къэрал статистикэмкIэ федеральнэ къулыкъущIапIэм и уна­фэщIым и къуэдзэ

15.10.2026 - 09:18

Къалэным хуэпэжахэр ящыгъупщэркъым

Налшык щекIуэкIащ Хабзэхъумэ IэнатIэхэм я лэ­жьакIуэхэу зи къалэн зыгъэзащIэу хэ­кIуэ­­дахэм я фэеплъ пэкIу.