Депутат тхылъхэр ират

Республикэм и хабзэубзыху орган нэхъыщхьэм и ебланэ зэхуэсыгъуэм и депутат 70-м я тхылъхэр дыгъуасэ КъБР-м и Правительствэм и Унэм щратащ. ЗэIущIэр иригъэкIуэкIащ КъБР-м и ХэхакIуэ комиссэм и уна­фэщI Джэш Вячеслав. Абы хэтащ КъБР-м и Iэтащхьэм и Администрацэм и уна­фэщI Къуэдзокъуэ Му­хьэмэд, ­КъБР-м ЦIыхухэм я хуитыныгъэхэр хъу­­мэнымкIэ и уполномоченнэ Зумакулов Борис, КъБР-м и Жылагъуэ палатэм и унафэщI Берд Хьэзрэталий.

Къуэдзокъуэ Мухьэмэд зэхуашэсахэм ехъуэхъуащ цIыхухэм я дзыхь кърагъэзу ахэр зэрыхахамкIэ. «Си фIэщ мэхъу республикэм и гъащIэр, цIыхухэм я псэукIэр егъэфIэкIуэным фэ фщыщ дэтхэнэри зэрелIэлIэнур. ЩIыналъэм, къэралым мы зэманым къыпэщылъ къалэн мытыншхэр къыдэхъулIэнущ, дызэкъуэту, ди къару зэхэлъу дылажьэмэ. КъБР-м и ХэхакIуэ комиссэми хэхыныгъэхэр егъэ­кIуэкIыным зи гуащIэ езыхьэлIа псоми фIыщIэ яхудощI, ныкъусаныгъэн­шэу ар къызэрызэрагъэпэщам пап­­щIэ. Фи лэжьыгъэм ехъулIэныгъэфIхэр къыфхудэкIуэну ди гуапэщ», - жиIащ абы.
ФIыщIэкIэ и псалъэр къыщIидзащ КъБР-м ЦIыхухэм я хуитыныгъэхэр ­хъумэнымкIэ и уполномоченнэми. «Ди гуапэщ депутат хэхыныгъэхэр щыщIэ­ныгъэ хэмыту зэрекIуэкIар. Абы щхьэкIэ фIыщIэ лей хуэщIын ­хуейщ КъБР-м и ХэхакIуэ комиссэм и унафэщIым, - жиIащ Зумакулов Борис. - Ди IуэхущIапIэр сыт щыгъуи КъБР-м и Парламентым жыджэру долажьэри, абы мыхьэнэшхуэ иIэу къызолъытэ. Депутатхэм цIыхубэм я Iуэху еплъы­кIэр къагъэлъагъуэ. Депутатхэм мыхьэнэшхуэ зиIэ пщэрылъ ягъэзащIэ, республикэм зегъэужьыныр, зэгурыIуэныгъэрэ мамырыгъэрэ щытепщэу щIыналъэр егъэ­фIэкIуэныр я къалэн нэхъыщхьэу. Дыщогугъ, ­КъБР-м и Парламентым и зэхуэсы­гъуэщIэри а хабзэфIхэм тету лэжьэну. Депутату ущытыныр пщIэ зыпылъщ, абы щыгъуэми жэуаплыныгъэшхуэ зыхэлъщ. ФIыщIэ фхудощI апхуэдэ лэжьыгъэ мытыншым фызэрытегушхуам папщIэ».
Депутатхэм захуигъэзащ КъБР-м и Жылагъуэ палатэм и унафэщI Берд Хьэзрэталии. «Депутату щIэрыщIэу хахыжахэми япэу хагъэхьахэми сэри сынывохъуэхъу. ЕхъулIэныгъэхэр фи­Iэну, бэIутIэIуншэу фылэжьэну ди ­гуапэщ. Депутат хэхыныгъэхэм ­КъБР-м и Жылагъуэ палатэм къыбгъэдэкIыу цIыху 700-м щIигъу кIэлъыплъакIуэу хэтащ. Партхэм я щIыналъэ къудамэхэм фIыщIэ яхудощI зэуIуу, зэгъэпэщауэ хэхыныгъэхэр къазэрехъулIам папщIэ. Къэбэрдей-Балъкъэрыр егъэ­фIэ­кIуэ­ным фи гуащIэ мамыру ефхьэлIэну Тхьэм жиIэ», - къыхигъэщащ Бер-­ дым.

БАГЪЭТЫР Луизэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

09.10.2026 - 09:03

Дызытет лъагъуэр хремыгъуащэ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и муслъымэнхэм я IуэхущIапIэмрэ Ислъам щIэныгъэмрэ щэнхабзэмрэ за­щIэ­гъэкъуэнымкIэ фон­дым­рэ я жэрдэмкIэ, Къэ­бэрдей къэрал драмэ театрым жэ­пуэгъуэм и 6-м щекIуэ­кIащ щIынал

09.10.2026 - 09:03

НыбжьыщIэхэр яущий

Налшык къалэм зэIущIэ щхьэпэ ще­кIуэ­кIащ класс нэхъыжьхэм щIэс школакIуэхэр наркотикым пэIэщIэ щIыным теухуауэ.

08.10.2026 - 09:03

Зэи мыкIуэдыжыну IэщIагъэ

Хабзэ зэрыхъуауэ, КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек Къэбэрдей-Балъкъэрым и егъэджакIуэхэмрэ гъэсакIуэхэмрэ яхуэзащ. 

08.10.2026 - 09:02

Дыгъэм кърегъэгъэзэж

Къэбэрдей-Балъкъэрыр илъэси 100 зэрырикъум и цIэр зезыхьэ паркым ит галереем мы махуэхэм щагъэлъагъуэ Къэбэрдей-­Балъкъэрым и цIыхубэ сурэтыщI, ХудожествэхэмкIэ Урысей академием и академик, философ

08.10.2026 - 09:00

И тхыгъэхэр къэцIыхугъуафIэт

Лъэпкъ библиотекэм и лъахэхутэ къудамэм щекIуэкIащ КъБР-м и цIыхубэ усакIуэ, тхакIуэ ЩоджэнцIыкIу Iэдэм къы­зэралъхурэ мы гъэм илъэси 100 зэ­ры­рикъум теухуа пшыхь.