Шэрэдж Ищхъэрэм и сымаджэщыщIэ

Аруан районым хыхьэ Шэрэдж Ищхъэрэм амбулаторэщIэ щаухуэ. Лэжьыгъэхэр ирагъэкIуэкI «Узыншагъэ» лъэпкъ пэхуэщIэм и щIыналъэ программэм ипкъ иткIэ икIи ахэр 2025 гъэм и кIэм ирихьэлIэу зэфIагъэкIынущ.

1950 гъэм яхуауэ щыта унэр жьы хъуащ икIи иджырей ме­дицинэм къигъэув пщалъэхэм хуэкIуэжыртэкъым, сымаджэ-хэм уащеIэзэн хуэдэу. Къуажэдэс минищым щIигъум я узын­шагъэм щыкIэлъыплъыным хуэщIауэ щытащ мы сымаджэ-щыр.
УхуакIуэхэм унэ лъабжьэр ягъэтIылъащ, иджыпсту абыхэм блынджабэхэр дращIей. АмбулаторэщIэм метр зэбгъузэнатIэу 500 ирагъэубыдынущ, зы махуэм цIыху щэ ныкъуэм хуэдиз ­къекIуалIэ хъууэ. Апхуэдэуи абы хэтынущ махуэкIэрэ хущ-хъуэхэр, мастэхэр щрахьэлIэ хъуну, гъуэлъыпIэхэр зыщIэтыну къудамэ. 
ХЬЭЩОКЪУЭ Алыдж. 

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

10.11.2026 - 09:09

Илъэсищэ зи ныбжь Джэрмэншык

Къэбэрдей-Балъкъэрым  и Аруан районым хыхьэ Джэрмэншык къуажэм иджы­благъэ гуфIэгъуэ зэ­хы­хьэ щекIуэкIащ. Ар теу­хуат а жылэр къызэрызэ­рагъэпэщрэ илъэсищэ зэрырикъум. 

10.11.2026 - 09:06

Мыгувэу къызэIуахынущ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек зригъэлъэгъуащ Лышх узы­фэхэр зыпкърытхэм щеIэзэ диспансерыщIэм ухуэныгъэхэр зэрыщекIуэкIыр. Лэжьыгъэр и кIэм ноблагъэ.

10.11.2026 - 09:03

Лъэпкъхэм я зэкъуэтыныгъэм и щIыхькIэ

Налшык Кулиевым и цIэр зезыхьэ и уэрамым тет модельнэ библиотекэм Урысейм ис лъэпкъхэм я зэкъуэтыныгъэм и махуэм теухуа «Пирог на четвёртое» Iуэхур щрагъэкIуэкIащ.

10.11.2026 - 09:03

Гъуэгухэр зытетыпхъэ мардэм нагъэс

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек лэжьыгъэ IуэхукIэ ­хуэзащ «Кавказ» ГъуэгухэмкIэ управленэм и унафэщI ­Лукашук Александр. 

09.11.2026 - 15:59

ЦIыху мелуанитIым щIигъум зыщагъэпсэхуащ ди щIыналъэм

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм туриз­мэм и иджырей щытыкIэмрэ абы дяпэкIэ зэрызиужьынумрэ щытепсэлъыхьащ КъБР-м и Парламентым ЭкономикэмкIэ, зыужьыныгъэмкIэ, туризмэмрэ хьэрычэт IуэхумкIэ и ­комите