Даус и тешапIэ

Ди япэ итахэм къызэранэкIа хъыбархэр бзэ къулейкIэ къезытхэкIыжахэм ящыщщ Къэрэшей-Шэрджэсым щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, Урысейм и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм хэта Шэрджэс Алий. Абы итхыжахэм къыхэтхащ мы Iуэтэж цIыкIури…

И щIалэгъуэр дуней зэхэзэрыхьыгъуэм – Революцэшхуэм и дауэдапщэхэм хиубыдауэ Къэсейхьэблэжьым (Къэрэшей-Шэрджэсым и иджырей Хьэбэз къуажэ) дэсащ а зэманым елъытауэ щIэныгъи хыхьэхэкIи зиIа Даур Таубий и къуэ Хъусин. 
Ар гушыIэшхуэ зыхэлъ, нэгъуэщIхэми ятегушыIыхьыфу, и щхьэми тегушыIыхьыжыфу щыта цIыхут. А лIым къехъулIауэ ягъэхъыбэрахэм ящыщщ мыри… 
Гъэмахуэ хъупIэм тет пщыIэм къикIри, бгым ис адыгэ къуажэ гуэрым Хъусин IуэхукIэ къэкIуат. Къыщысам кIыфI хъуагъэххэ пэтми, абы гу лъетэ щIалэжь гуп зэрызелъафэу унагъуэ гуэрым и Iэгъуэблагъэм зэрыщызеуэм.
Шур гъунэгъу къыщыхъум, щIалэхэм загъэбзэхыж. Апхуэдэу щыхъум, Хъусин зэуэ гурыщхъуэ ещI: «Сыти ярещIэ, мыбы зыгуэр щыщыIэщ – е унагъуэм мурад фейцей хуащIащ, е зыгуэрым йощэхэ!» – жыхуиIэу.
КъыщIежьа Iуэхум хэмытами, Хъусин а дакъикъэм зэуэ таучэл ещIри, и шыр а унагъуэм я куэбжэ цIыкIу Iухам хуеунэтI. Уэздыгъэ нэху къыздыдидзыр щхьэгъубжэ закъуэти, шым емыпсыхыу абы ирехулIэ, хуэм цIыкIуу щIопщыкъумкIэ абы тоуIуэ. (Унагъуэм хьэ ямыIэт е техьэулеикIат, зыри къэбэнакъым). 
ЩIопщыкIыр къыIуихыжын хущIэмыхьэ щIыкIэ щхьэгъубжэр къызэIуедзри, пщащэ гуэрым нэкIуэпакIуэу и шыплIэм зыкъыдедзэ. А зэмыжьагъэххэ къэхъугъэ телъыджэм Хъусин зэуэ къыгурегъаIуэ щIалэжьхэр мы унагъуэм къыщIытехуарзэм и щхьэусыгъуэр – пщащэр ягъэкIуэсэну арат. НэгъуэщIи гурыIуэгъуэт – пщащэм зызыпщIэхидзауэ къыщыхъур Хъусинтэкъым, атIэ пщащэм игъэгугъа, езым и пIэкIэ къыIухьэн хуея щIалэрат. 
Дауэ мыхъуами, «Сэ сыаракъым!» - жиIэ хъужынутэкъым: пщащэми и напэр текIт, езыри Iуэху мыщхьэпэ хэхуэрт. Пщащэм гуо макъ къиIэтамэ, дауи, абы къыщхьэщыжын а унагъуэми къыщIэкIынт е хьэблэм къыдэкIынт, зэкIэ къуагъ зызыщIа щIалэ гупри жыжьэ щыIэтэкъым.
Хъусин зыхэхуа Iуэхум хэкIыпIэу иIэжыр зыт – пщащэр ехьэжьэн хуейт! Ауэ дэнэ ихьыну? Къэнэжыр арати, пщIантIэм къызэрыдэкIыжу къыздикIа пщыIэм хуеунэтIыж. Пщащэри гъуэгур зи кIыхьагъым: «Дэнэ сыпхьрэ?» - жиIэу зэ къэупщIакъым, шур зэрыхамэр къыгурыIуагъэнкIэ хъун пэтми. Сытми пщащэм шыIэныгъэшхуэ хэлъу къыщIэкIри, пщыIэм Хъусин нэсыжыху «Iым» къыжьэдэкIакъым, зыми щIэупщIакъым. Хъусин пщащэр я мэлыхъуэ пщыIэм нихьэсщ, и гъусэхэм анэмэту яриту, ягъашхэу зрагъэгъэпсэхуну унафи яхуищIри, езым пIэщIэгъуэкIэ къуажэм къигъэзэжащ, хьэлэбэлыкъ къэмыхъей щIыкIэ жыхуиIэу. 
Къосыжри, щIалэжьхэр уэрамым щызэдауэу зэхэту къыIуощIэж. Йопсыхри, лъэсу къабгъэдохьэ: 
- Фи пщыхьэщхьэ фIыуэ, щауэфIхэ!
- НэхъыфIыжу, къуэш, къытхыхьэ!
- Сыкъыщывбгъэдыхьэм зэхэсха фи псалъэмакъымкIэ гурыщхъуэ сщIащ Iуэху гуэрым фыхэту. Сэбэп сымыхъуфыну пIэрэ? ФщIэнукъым. Сэ Къэсейхьэблэ сыщыщщ, Даур Таубий срикъуэщ, си цIэр Хъусинщ. 
- Тхьэм уиузэщI! Ныщхьэбэ къэдгъэкIуэсэну дызыгурыIуа пщащэм я деж шу хьэщIэ еблагъэри, зэран къытхуэхъуащ. Ауэ нэхъыкIэжыр а шур емыблагъэу, дэ къыдэжьэ пщащэр ирихьэжьэу зэрежьэжарщ. И лъыхъуакIуэ дыздежьэну лъэныкъуэр къытхухэмыхым дызэдауэурэ уэ укъыдбгъэдыхьащ, - къыжреIэ щIалэхэм я нэхъыжьыIуэу гу зылъитам. 
Нэхъыжьми и гъусэхэми и Iэр чэзууэрэ къаубыдурэ нэIуасэ зызэхуащI, мо гъэмахуэ жэщ мазэхэм зэбгъэдыхьэхэм я нэкIухэр тэмэму зэримыгъэлъагъуми. 
- Фи Iуэхур Iуэху цIыкIукъым. ИтIани, «зылъыхъуэр гъуэгуищэщи, лъыхъуэр зы гъуэгущ!» - жаIа пэтми, IэбапIэ гуэр зимыIэ щыIэкъым, ажалым нэмыщI. АтIэ, а фи пщащэм и лъэужь фытезгъэхьэмэ, сыт вгъэхъэфын щауэфI гупым?
- А-а, Тхьэр зэгуэпэн! Ар къытхуэпщIэмэ, къыттеплъхьэр ди хьэлъэщ, адыгэ нэмысым къемыкIу къыхэмыхуэ закъуэмэ! ЖыIэ, маржэ хъун!
- Уэлей, си къуэшхэ, фи пщащэм и лъэужьыр здынэсыпхъэм нэсри къэувыIакIэ! Мыдэ гуфIэгъуэ пшыхьыр къызэрызэIутхын фадэ нафщти, си ужь фыкъиувэ!
- Ар жызыIа уэ фIыгъуэшхуэр къыпхуищIи! – къогуфIэж я нэхъыжьыIуэ ТIымаш. – Хьайдэ-тIэ, щIалэхэ! Махуэ бжыгъэкIэ тхурикъун ерыскъырэ фадэрэ къыздэфщтэ! – жиIэри, ТIымаш щIалэхэр зэбгригъэжащ.
КъэгуфIэжа щIалэхэм асыхьэту псори къызэфIагъэкIри, тIур фитоным ису, адрейхэр шууэ кърахулIэж. Хъусин гупыр кърешажьэри, пщыIэм къешэ. Пщащэр пхъэ зэтеупщIэ пщыIэм и пэш лейм щIэст. Адрейхэм мафIащхьэм гъэлъэхъушхуэ щызэIахырт, лы къыпаупщIыр мафIэ зыщIэлъыххэ лэгъупым хадзэу. 
Пщащэм и пэшым нэхъапэ ТIымаш щIохьэри, Iуэхур къызэрекIуэкIа псор жреIэ. Даус (пщащэм арат зэреджэр) зэхихар имыгъэщIагъуэу къэнакъым:
- А-а, сымыгъуэт! Сунэхъути, сызыIущIар нэмысыфIэу къыщIэмыкIатэмэ! 
Даус и лъэIукIэ Хъусин пэшым щIашэри, зышэми езыми псалъэ гуапэу щыIэр къыжраIэ, щауэм къуэш, адрейм дэлъху къащIауэ къыщIокIыж. Зэманыр дапхуэдизу хэмыкIуэтами, фетоныр къуажэм ягъэкIуэж. Пщащэр зейхэм - жэмхэгъасэ, нысэр зейхэм - пщыпхъу къыIахри, пшынауи пхъэцычауи я гъусэу къынахусыж. 
Пщащэр къуажэм яшэжу, щауэм и ныбжьэгъу гуэрым и унэр тешапIэ ящIыну псалъэ къыщрахьэжьэм, ар езы Даус яхуидакъым: 
- Апхуэдиз цIыхугъэрэ къабзагъэрэ къыскIэлъызезыхьам и пщыIэм нэхъ тешапIэфI сэ сылъыхъуэжкъым! Ныбжьрей гукъэкIыж гуапэу къытхуэнэнщ! – жиIэри. 
Тешэ нышыр хьэзыр щыхъум, гуфIэгъуэ Iэнэр яухуэри щIадзэ хъуэхъум, джэгум…
НэгъуэщI тешапIэкIэ мыхъуэпсэжхэу, мэлыхъуэ пщыIэм тхьэмахуэкIэ гуфIэгъуэр щокIуэкI, хабзэ дахэм тету, цIыхур бэуэ щызэблэкIыу, къафэхэм щхьэпрагъэукI фочхэм я макъхэм бгыжьхэр къапэджэжу.
Нысашэри дахэкIейуэ зэфIокI. Пщащэр зейхэми нысэр зыхуашахэми Хъусин егъэлеяуэ пщIэшхуэ къыхуащI, зэхэщIыкI иIэу, цIыху щыпкъэу къызэрыщIэкIам папщIэ, псэухукIи я бын пэлъытэу щытыну трагъэбыдэ. ИкIи ар ягъэпэжат…
 

 

Тедзэным хуэзыгъэхьэзырар КЪУМАХУЭ Аслъэнщ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

07.10.2024 - 11:09

ЛIыгъэщIапIэ

Украинэм щекIуэкI дзэ Iуэху хэхам япэ махуэхэм щегъэжьауэ хэтщ ди республикэм щыщ щIалэхэр. Абыхэм ящыщ дэтхэнэри лIыгъэ щIапIэ йохуэ, псэзэ­пылъ­хьэпIэхэм Iуоуэ, гухэщIи   ялъагъу.

07.10.2024 - 11:07

ХьэпцIейрэ Мэзкуурэ зэпызыщIа гущэхэпхэ

«Урысейм щыпсэу лъэпкъхэм я аудио-теплъэ щIэнгъуазэ», - ап­хуэдэу пхузэдзэкIынущ иджы­благъэ къэралым Лъэпкъ Iуэху­хэмкIэ и агентствэм кърихьэжьа проектыщIэм и цIэр.

07.10.2024 - 11:06

IэщIагъэм къыдит Iэмалхэр къыдогъэсэбэп

Адыгейм, Къэбэрдей-Балъкъэрым, Къэрэшей-Шэрджэ­сым ис адыгэхэм я зэпы­щIэ­ныгъэ­хэм нэхъри зригъэужьу, лъэпкъ зэкъуэтыныгъэр игъэ­быдэу, ди анэдэлъхубзэр ихъу­мэу «Адыгэ макъ», «Адыгэ пса­лъэ», «Че

07.10.2024 - 10:54

Къулыкъум пэрохьэ

Къэрал хабзэм къызэригъэувым ипкъ иткIэ, КъБР-м и Iэтащхьэу хаха КIуэкIуэ Казбек и ­къулыкъум зэ­рыпэрыувэм теухуа дауэдапщэр ­КъБР-м и Правитель­ствэм и Унэм щекIуэкIащ.

05.10.2024 - 09:03

Урысейм и Тхылъ Плъыжьым иратхащ

Жэпуэгъуэм и 4-р Псэущхьэхэр хъумэным и дунейпсо махуэщ. Ар зыхуэгъэзар дыкъэзыухъуреихь дунейм и хъугъуэфIыгъуэхэр, Iущагъэ ин тхэлърэ дысакъыу, къызэрыдгъэсэбэпыным ди гупсысэр хуэтшэнырщ.