Псэущхьэ щхьэхуитхэм - гулъытэ

ФокIадэм и 11-р ЦIыхуIэ зылъэмыIэса щIыуэпсым и дунейпсо фондыр къыщызэрагъэпэща махуэщ. Мы зэманым ар дыкъэзыухъуреихь Iэгъуэблагъэр хъумэнымкIэ къэрал унафэщIхэр зыхэмыIэбэ, ЩIы Хъурейм щынэхъ ин дыдэ IуэхущIапIэщ, и лэжьыгъэм и нэхъыбэр зэрыригъэкIуэкIыр хьэрычэтыщIэхэм, властым щыщхэм, цIыху щхьэхуэхэм псапащIэу къыхалъхьэ мылъкукIэщ.   
Швейцарием щыIэ Морге къалэ цIыкIум, ЩIыуэпсыр хъумэнымкIэ дунейпсо зэгухьэныгъэр здэщыIэм,1961 гъэм фокIадэм и 11-м щызэхаша IуэхущIапIэм, иужьым зи къудамэхэр къэрал куэдым къыщыунэхуам, къалэн нэхъыщхьэу зыхуигъэувыжар хуэгъэзащ дыщыпсэу ЩIы Хъурейм гъащIэм и хуэмэбжьымэу къыщызэтена лIэужьыгъуэ-лъэпкъыгъуэхэр, хэдз щымыIэу, щыхъумэным. 
1962 гъэм зи гугъу тщIы фондым ди планетэм тет къэрал псоми захуигъэзащ «ХьэкIэкхъуэкIэхэр къегъэлынымкIэ дунейпсо къыхуеджэныгъэ» зыфIища дэфтэрым Iэ зэдыщIадзыным хуиущийуэ. А щIыкIэм тету хэIущIыу хъуа тхылъыр зэрызэхэгъэщхьэхукIа Iыхьиблым (параграфхэм) ярытхэри гъэщIэгъуэнщ: 
Езанэм дунейм цIыхуу тетым захуегъазэ, хьэкIэкхъуэкIэхэр зэтеукIэныр дэнэ щIыпIэкIи къыщызэтегъэувыIэн зэрыхуейм ехьэлIауэ. 
ЕтIуанэм трегъэчыныхь хьэкIэкхъуэкIэхэр нэхъ хъума щыхъун, щыбэгъуэн хуэдэу, щIыпIэ хэхахэр хэгъэгу псоми къызэрыщызэгъэпэщыпхъэм.
Ещанэ параграфыр топсэлъыхь зи гугъу тщIы псэущхьэ щхьэхуитхэм зэрымыщIэкIэ е унафэ гуэрым тету я псэр ягъэныныр дэнэ лъэныкъуэкIи къызэрыщызэтегъэувыIапхъэм.
ЕплIанэ Iыхьэм щыгъэбелджылащ къытщIэхъуэ щIэблэр, псом хуэмыдэжу ди сабийхэр дыкъэзыухъуреихь дунейм къыщекIуэкIхэм гудзакъагъэ яхэлърэ нэплъыснэIусу кIэлъыплъыфу, уеблэмэ, лъагъуныгъэ хуаIэу щыгъэтынымкIэ гъэсэныгъэ лэжьыгъэхэр абыхэм сытым дежи зэрадегъэкIуэкIыпхъэм.
Етхуанэр теухуащ и IуэхущIафэхэмкIэ, и дуней тетыкIэмкIэ щIыуэпсым гъунэгъу зыхуэзыщI дэтхэнэми дыкъэзыухъуреихь дунейр, зэрырихьэлIауэ, къызэтригъэнэн зэрыхуейр гурэ-псэкIэ къыгурыIуэу щыгъэтыным.
Еханэм къыщыгъэлъэгъуащ хьэкIэкхъуэкIэхэр нэхъ къыщызэтена щIыпIэхэу лъэпкъ цIыкIухэр зэрысхэм, ахэр щахъумэнымкIэ, сыт и лъэныкъуэкIи защIэгъэкъуэн зэрыхуейр. 
Ебланэм, къытригъэзэж щIыкIэу, щыжеIэ ЩIы Хъурейм къэралу тетым щхьэхуиту ит хьэкIэкхъуэкIэхэр щызэтрамыукIэу къыщегъэлынымкIэ щрагъэкIуэкI Iуэхухэр дэнэ лъэныкъуэкIи зэрыщызэщIэгъэуIуапхъэр.
ЖэрдэмщIакIуэхэм къызэралъытэмкIэ, фондым и IуэхущIафэхэр къыдэзыщтэу къэрали 100-м щIигъум мы зэманым щызэбгъэуIуфынущ цIыху мелуани 5-м нызэрыхьэс. Ахэращ и нэхъыбэм якIэлъыплъри къащхьэщыжри ди планетэм щIыуэпсым цIыхуIэ зыхэмыIэба и щIыпIэхэу 1300-м нэблагъэм. 
ЦIыхуIэ зылъэмыIэса щIыуэпсым и дунейпсо фондым Урысей Федерацэм лэжьэн щыщIидзащ 1994 гъэм. Мы зэманым зи гугъу тщIы зэгухьэныгъэм ди къэралым щыпхигъэкI проект 50-м щIигъум яхэтщ мэзым, хым хэс псэущхьэхэр хъумэным яхуэгъэзахэри, щIыдагъэмрэ газымрэ я къыщIэхыкIэр щIыуэпсым емыгуауэу къызэгъэпэщын зэрыхуейм теухуахэри, нэгъуэщI абы хуэдэхэри. 
ЛУЦЭ СулътIан.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

07.10.2024 - 11:09

ЛIыгъэщIапIэ

Украинэм щекIуэкI дзэ Iуэху хэхам япэ махуэхэм щегъэжьауэ хэтщ ди республикэм щыщ щIалэхэр. Абыхэм ящыщ дэтхэнэри лIыгъэ щIапIэ йохуэ, псэзэ­пылъ­хьэпIэхэм Iуоуэ, гухэщIи   ялъагъу.

07.10.2024 - 11:07

ХьэпцIейрэ Мэзкуурэ зэпызыщIа гущэхэпхэ

«Урысейм щыпсэу лъэпкъхэм я аудио-теплъэ щIэнгъуазэ», - ап­хуэдэу пхузэдзэкIынущ иджы­благъэ къэралым Лъэпкъ Iуэху­хэмкIэ и агентствэм кърихьэжьа проектыщIэм и цIэр.

07.10.2024 - 11:06

IэщIагъэм къыдит Iэмалхэр къыдогъэсэбэп

Адыгейм, Къэбэрдей-Балъкъэрым, Къэрэшей-Шэрджэ­сым ис адыгэхэм я зэпы­щIэ­ныгъэ­хэм нэхъри зригъэужьу, лъэпкъ зэкъуэтыныгъэр игъэ­быдэу, ди анэдэлъхубзэр ихъу­мэу «Адыгэ макъ», «Адыгэ пса­лъэ», «Че

07.10.2024 - 10:54

Къулыкъум пэрохьэ

Къэрал хабзэм къызэригъэувым ипкъ иткIэ, КъБР-м и Iэтащхьэу хаха КIуэкIуэ Казбек и ­къулыкъум зэ­рыпэрыувэм теухуа дауэдапщэр ­КъБР-м и Правитель­ствэм и Унэм щекIуэкIащ.

05.10.2024 - 09:03

Урысейм и Тхылъ Плъыжьым иратхащ

Жэпуэгъуэм и 4-р Псэущхьэхэр хъумэным и дунейпсо махуэщ. Ар зыхуэгъэзар дыкъэзыухъуреихь дунейм и хъугъуэфIыгъуэхэр, Iущагъэ ин тхэлърэ дысакъыу, къызэрыдгъэсэбэпыным ди гупсысэр хуэтшэнырщ.