Ди шууейхэр псоми ятокIуэ

Километр 500 зи кIыхьагъ гъуэгуанэр шыхэмкIэ зэпычынымкIэ махуитху зэхьэзэхуэ Къэзахъстаным иджыблагъэ щекIуэкIащ. Шыгъажэм хэтащ Урысей Федерацэм, Къэзахъстаным, Къыргъызым, Венгрием, Тыркум, ЮАР-м, Ираным я командэ 17.
УФ-м и щIыхьыр яхъумэу абы щыIащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и шууей гуп икIи, гъуэгу къапэщылъар зэпычыным, япэм зэи къэмыхъуауэ, зэман нэхъ мащIэ дыдэ трагъэкIуадэри, зэхьэзэхуэм щытекIуащ. Ди республикэм и шууейхэм километр 500 зи кIыхьагъ гъуэгуанэм сыхьэт 27-рэ дакъикъэ 58-рэ секунд 23-рэ трагъэкIуэдауэ аращ: зы сыхьэтым ику иту километр 17,87-рэ къакIуащ. 
Шууейхэм ипэжыпIэкIэ зэпача гъуэгуанэм и кIыхьагъыр километр 508,7-рэ зэрыхъуар къэплъытэмэ, зы сыхьэтым ику иту километр 18,18-рэ абыхэм къызэранэкIащ. Адрей илъэсхэм мыбы щекIуэкIа зэхьэзэхуэхэм зы сыхьэтым къриубыдэу километр 16 нэхърэ нэхъыбэ шууейхэм яхузэпычатэкъым. 
Къэбэрдей-Балъкъэрым и шууейхэу чемпион хъуахэщ Чумаковэ Ксение, Вахитовэ Алинэ, Елизарковэ Марие, Даниленкэ Маргаритэ, Кривоносов Илья сымэ. Абыхэм я тренерыр Махуэ Iэхьедщ.
«Си гумрэ си псэмрэ къабгъэдэкIыу я текIуэныгъэ дахэмкIэ сохъуэхъу зэхьэзэхуэм щытекIуа ди шууейхэмрэ абыхэм я тренерхэмрэ. Узыншагъэ быдэ яIэну, насыпыр я Iэпэгъуу ехъулIэныгъэ инхэр куэдрэ иджыри зэIэрагъэхьэну си гуапэщ!» - захуигъэзащ абыхэм Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек. 
ХЬЭЩЫКЪУЕЙ Олег.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

10.07.2025 - 09:03

Хьэсаут

ГъэщIэгъуэнщ                                                   

09.07.2025 - 09:03

Гъавэр кърахьэлIэж

Къэбэрдей-Балъкъэрым гъавэ Iухыжыгъуэ лъэхъэ­нэр щокIуэкI. Псом япэу ­Iуахыжыр бжьыхьэсэ гъавэрщ.

09.07.2025 - 09:03

Шэджэм псыкъелъэхэм къыщыщIэдзауэ

Къэбэрдей-Балъкъэрым гъуэгухэр зэгъэпэщы­жы­ным хуэунэтIа лэжьыгъэм щыпащэ.

09.07.2025 - 09:03

Лъэпкъ фIыгъуэхэр щахъумэ

Иужьрей лъэхъэнэм нэрылъагъу тщыхъу зэхъуэкIыныгъэхэм я нэхъыщхьэхэм хохьэ къэрал унафэщIхэм унагъуэм, абы къихъуэ щIэблэм, къитэджыкI щIалэгъуалэм гулъытэ хэха, лъагэ ягъуэт зэрыхъуар, анэмрэ саби

08.07.2025 - 09:27

Республикэми къэралми къахуэщхьэпэнущ

КъБКъУ-м МедицинэмкIэ и академиер къэзыуха ныбжьыщIэ 387-м я дипломхэр ЩIалэгъуалэм я унэм ды­гъуасэ щратыжащ. Абыхэм ящыщу цIыху 30-р фIы дыдэу еджащ.