РОББО-классхэр

Налшык къалэм дэт «ДыгъафIэ къалэ» творчествэмкIэ сабий академием Урысей Федерацэм и Президентым и лIыкIуэу КИФЩI-м щыIэ Чайкэ Юрий и жэрдэмкIэ иджыблагъэ къыщызэIуахащ иджырей робототехникэм и щэхухэм щыхурагъаджэ РОББО-классхэр. 

Абы щеджэ цIыкIухэм гуапэу зыхуагъэзащ КъБР-м и федеральнэ инспектор нэхъыщхьэ Васильченкэ Дмитрийрэ КъБР-м бжыгъэр зи лъабжьэ технологиехэм зегъэужьынымкIэ и министр Бозий Аскэррэ.
Хъыбар зэрыщыIащи, Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэм псоми мыпхуэдэ классхэр къыщызэIуахащ. Абыхэм щыхурагъэджэнущ робототехникэм, микроэлектроникэм, схемотехникэм, физикэм, программэхэр зэхэгъэувэным, 3D Iэмалхэм и щэхухэм, нэгъуэщIхэми. Абы щеджэну цIыкIухэм я ныбжьыр илъэси 5-м къыщыщIэдзауэ 18-м нэсыхукIэщ. 
Къыхэдгъэщынщи, мы гъэ еджэгъуэщIэм хиубыдэу къэралым и курыт еджапIэхэм псоми я егъэджэныгъэ программэм «Технологие» дерсым и зы Iыхьэу «Робототехникэр» хагъэхьащ. 
ХЬЭЩЫКЪУЕЙ  Олег.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

10.05.2026 - 09:03

ФымыцIыхухэм дзыхь яхуэвмыщI

КъБР-м щыIэ МВД-м щекIуэкIащ телефонымрэ интернетымрэ къагъэсэбэпурэ щIэпхъаджагъэ зе­зыхьэхэм зэрапэщIэтым, абы и лъэныкъуэкIэ ди щIыналъэм щызрагъэгъуэта ехъулIэныгъэхэм ятеухуа зэIущIэ.

09.05.2026 - 12:25

IэщIагъэлIхэр кърашалIэ

2025 гъэм и мэкъуауэгъуэ мазэм, Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм щыяпэу, ди республикэм къыщызэIуахащ Узыншагъэр хъумэнымкIэ IэнатIэр IэщIагъэлIхэмкIэ къызэзыгъэпэщ хэгъэгу центр.

09.05.2026 - 09:03

IэщIагъэмрэ цIыхугъэмрэ зэгъусэу

Бэлагъы Залинэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым медицинэмкIэ и факультетым стоматологием щыхуеджащ.

08.05.2026 - 09:22

Зэкъуэшхэр нэхъри зэкъуоувэ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек IущIащ Абхъаз Республикэм ЩIа­лэгъуалэм я Iуэхухэмрэ спортымкIэ и къэрал комитетым и унафэщI Хагбэ Тарас.

08.05.2026 - 09:21

Урысей-Абхъаз зэпыщIэныгъэхэр щIалэгъуалэм ягъэкIуатэ

Накъыгъэм и 4-8-хэм Къэбэрдей-Балъкъэрым щекIуэкI Урысей-Абхъаз щIалэгъуалэ форумыр Налшык къалэм къыщызэIуахащ.